Зэдэлэжьэну зэгуроIуэ

  Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр хуэзащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт. Ахэр тепсэлъыхьащ ягъэтIысахэр хуит хъужа иужь жылагъуэ гъащIэм хэзэгъэжыным, ахэр хабзэм хуэущииным ехьэлIауэ зэрызэдэлэжьэнум.

 Пенитенциар ведомствэм и лIыкIуэхэу къахуеблэгъахэм зыщрагъэплъыхьащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Ахэр министрым щигъэгъуэзащ пхагъэкI проектхэм, яхуигъэлъэгъуащ ямыгъэтIысу суд зытращIыхьахэмрэ учётым щытхэмрэ къызыхашэну Iуэхухэр.

АдэкIэ лъэныкъуэхэр тепсэлъыхьащ зэрызэдэлэжьэну унэтIыныгъэхэм. Демидов Александр зэрыжиIамкIэ, ар зытегъэщIар волонтёр, ямыгъэтIысу суд зытращIыхьахэм ехьэлIа Iуэхухэм и закъуэкъым, атIэ ведомствэм хэт IуэхущIапIэхэр тезырыр щагъэзэкIуэж IэнатIэхэм къыщIагъэкI продукцэмкIэ къызэгъэпэщынри абы хохьэ.

Лу Азэмэт жиIащ республикэм Iуэху куэд зэрыщрагъэкIуэкIыр. Ахэр къыщызэрагъэпэщкIэ гулъытэ хуэщIыпхъэщ УФСИН-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и учётым щыт, балигъ мыхъуахэри абыхэм къыхэшэным.

КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIымрэ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щыщIадзащ зэIущIэм.

                                                        БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться: