«Умэ»

ПсапащIэ Iуэху

         Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт, фIым телажьэ псапащIэ фондым лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс ныкъуэ ирикъуа къудейщ, ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу абы хузэфIэкIащ сабий сымаджэ зиIэ унагъуэхэм, хуэмыщIауэ псэу бынунагъуэшхуэхэм, ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъхэм гулъытэ яхуищIын.

Фондым и лэжьакIуэхэр фIыуэ щыгъуазэщ зэгъэбыдылIа унагъуэхэм я дэтхэнэри зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр сыт хуэдэу етын хуейми. Псалъэм папщIэ, абыхэм къахокI зэхэзекIуэну зыхузэфIэмыкIхэр. Апхуэдэхэм щхьэхуэу ерыскъы хьэзырхэри хуашэ.

КъищынэмыщIауэ, абыхэм я нэIэ тетщ сабий зеиншэхэр щапIыж унэм щыIэ цIыкIухэми. Абыхэм папщIэ ахъшэ зэхуахьэсри ират, ахэр зыхуэныкъуэхэр езы лэжьакIуэхэм къащэхужын хуэдэу. Я гулъытэр ялъоIэс ахъшэкIэ зыдэIэпыкъун хуей цIыху сымаджэхэми. Фондым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Щыхъалы Аслъэнбэч зэрытхутепсэлъыхьамкIэ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цIыхухэм, ар сабийуэ е балигъыу щрырети, защIэгъэкъуэныр, абыхэм я гугъуехьыр зыгуэркIэ ядэгъэпсынщIэныр сыт щыгъуи и хъуэпсапIэт. Фондыр къызэригъэпэщын ипэкIэ ар а Iуэхум лъэныкъуэ куэдкIэ егупсысащ, и зэфIэкIхэр зэпилъытащ.  И хъуэпсапIэр къызэрехъулIэрэ дэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу Аслъэнбэч хунэсащ гурэ псэкIэ зыбгъэдэт Iуэхум и купщIэр илъагъужыну. Абы дэрэжэгъуэ къыхех. Щыхъалым и мурадщ адэкIи фондым и зэфIэкIым зригъэубгъуну, абы цIыхухэм яхуищIэхэм хуэныкъуэ нэхъыбэм ялъэIэсын хуэдэу.

 Ди гуапэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэсхэм ди республикэм и псапащIэ фондхэм къахэхъуэ зэпытщ икIи абыхэм я дэтхэнэри хьэзырщ гулъытэмрэ гущIэгъумрэ я гъуазэу а зыпэрыхьа Iуэхур зэфIагъэкIыну.

АЛЬБЕРТЫКЪУЭ Хьэту.

 

Поделиться:

Читать также: