ИлъэсипщI хуэдэкIэ дыпэплъэжмэКъэралым и щIыналъэхэм я цIыхухэм я улахуэм зэрыхэхъуэм и псынщIагъымрэ абыхэм щыпсэухэм я нэхъыбэм я мазэ хьэкъыр сом мини 100-м щынэсыну е щыщIигъуну пIалъэмрэ къапщытэу экспертхэм иджыблагъэ рейтинг зэхагъэуващ. Абы къызэрыхэщымкIэ, улахуэхэр нэхъ псынщIэу щыхохъуэ Ямало-Ненецкэ округым икIи, зы илъэс ныкъуэ хуэдиз дэкIыжмэ, абы щыпсэухэм я нэхъыбэм я мазэ хьэкъыр сом мини 100-м нэсынущ е щIигъунущ. ЕтIуанэ увыпIэм щытщ Чукотскэ автономнэ округыр. КъызэрабжамкIэ, илъэси 3,1-рэ нэхърэ нэхъыбэ дэмыкIыу, япэ итым ахэр лъэщIыхьэжынущ. Ещанэ увыпIэр мыбдежым зэдагуэшащ Магадан областымрэ Ханты-Мансийскэ автономнэ округымрэ. Абыхэм щыпсэу цIыхухэм я нэхъыбэм я мазэ улахуэр сом мини 100-м нэсынущ е щIигъунущ илъэси 3,3-рэ хуэдиз дэкIмэ. Ненецкэ автономнэ округым – илъэси 3,9-рэ, Мурманскэ областым – илъэси 4,6-рэ. Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я Iуэхур абыкIэ зыIутыр къэдгъэлъагъуэмэ, рейтингым 63-нэ увыпIэр Адыгейм щиIыгъщ. А щIыналъэм щыпсэухэм я нэхъыбэм я улахуэхэр сом мини 100-м нэсынущ е щIигъунущ илъэси 8,6-рэ дэкIмэ. Ростов областым – 9, Краснодар крайм – 9,1-рэ, Ставрополь крайм – 10,7-рэ, Кърымым – 11. Ингушым щыпсэухэм я нэхъыбэм мазэ улахуэу сом мини 100 е нэхъыбэ къахь хъунущ илъэс 18 дэкIмэ, Шэшэным – 16,4-рэ, Дагъыстэным – 13,2-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым – 12,8-рэ, Осетие Ищхъэрэ – Аланием – 12,7-рэ, Къэрэшей-Шэрджэсым – 12,6-рэ. Мыбдежым къэгъэлъэгъуапхъэщ, Урысейм и цIыхухэм я процент 70-м хэхъуэ нэхъыбэу къезытыр я улахуэрауэ зэрыщытыр. 2023 гъэм къриубыдэу лэжьапщIэхэм ику иту процент 14,8-кIэ хагъэхъуауэ щытащ икIи абы хагъэкIын хуейхэр хагъэкIауэ ар сом мин 64-м нэблэгъащ. Ауэ, итIанэми, улахуэхэмкIэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэхэр щIыналъэхэм щыщыIэщ. Псалъэм папщIэ, Сыбыр жыжьэм и щIыпIэ щIыIэхэм щыпсэухэмрэ федеральнэ къалэшхуэхэм дэсхэмрэ я мазэ хьэкъхэр куэдкIэ нэхъыбэщ, мыдрейхэм яйм елъытауэ, ауэ абыхэм къыщекIуэкI уасэхэм ахэр зэхуэдэ ещIыж. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
03.12.2024 - 17:35 →
IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт
03.12.2024 - 17:18 →
Мылъкурщ псори къыщежьар
03.12.2024 - 16:32 →
Дзэ атомашинэхэр Налшык щагъэлъэгъуащ
03.12.2024 - 15:01 →
Хы ФIыцIэм и лъабжьэм псы щIож
03.12.2024 - 14:16 →
Ди лэжьэгъухэм я гупсысэ
|