ФIэщщIыгъуейщ усакIуэ цIэрыIуэ, зи тхыгъэ хьэлэмэтхэмкIэ урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр и цIэр зэхэзымыхарэ и тхыгъэхэм щыщу пычыгъуэ гуэр гукIэ къемыджэфынрэ ди щIыналъэм ису. Зи щхьи и IэдакъэщIэкIи уахътыншэ хъуа Пушкин цIыкIуми инми я зэхуэдэщ – абы и къалэмым къыпыкIа тхыгъэхэр, ар усэ ирехъу, тхыгъэ зэгъэпэщауэ щрет, бзэ тыншкIэ тхащ, зэхэщIыкIыгъуэщ, зытепсэлъыхьыр хэт дежкIи IупщIу зэгъэкIуащ. Пушкин и щIэиным сыт хуэдизрэ зыхуумыгъазэми, щIэщыгъуэ гуэр къыхэбгъуэтэнущ, лъэхъэнэщIэхэм къадэунэху еплъыкIэхэр ебгъэпщэжмэ, зэмыщхьу къызэрокI, а далэм мыхьэнэ щызиIэ Iуэхугъуэхэм я хэкIыпIэхэр гъэщIэгъуэн дыдэу утыку къещI. Апхуэдэщ иджыблагъэ дунейм къытехьа, киногъэлъэгъуапIэхэм щызэблагъэкI «Пушкинрэ Михайловскэ къуажэмрэ. УблапIэхэр» («Пушкин и Михайловское. Начало») мульфильмыр.
УсакIуэр къызэралъхурэ илъэс 225 щрикъум ирихьэлIэу утыкушхуэм кърахьа мультфильмыр зытепсэлъыхьыр Пушкин и гъащIэм щыщу зы пычыгъуэщ. НыбжьыщIэ дыдэу ар къуажэ пхыдзам къытралъхьа тезырыр иригъэпшыныну къэралым къегъакIуэ. Михайловскэ къуажэр Пушкин щалъхуа щIыпIэхэм пэжыжьэ къудейкъым, мыбдеж щищIэн щымыIэ хуэдэу, кIуэдыпIэм ит хуэдэу къыщохъу. АрщхьэкIэ гъубгъуэ гъунэншэхэм, Iуащхьэбэхэм, мэз Iувхэм, псыежэх уэрхэм Пушкин хуэм-хуэмурэ зыIэпашэ, куэд дыдэ дэмыкIыуи телъыджэлажьэ къохъу: илъэситI нэхъ дэмыкIауэ къуажэм дэкIыу къалэм зыгъэзэж щIалэм и цIэр бэм зэлъащIысэ, зи хуэдэ къэмыхъуа усакIуэ гъэщIэгъуэн къызэрищIыкIам и гугъур зэбгрокI. Пушкин нобэ зэрытцIыхум хуэдэ цIыху къищIыкIат, псынщIэ дыдэуи зи бзэр къабзэ икIи зэхэщIыкIыгъуэ щIалэм и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ ялъэгъуащ.
Мультфильмым и ухуэкIэ-гъэпсыкIэр, зытеухуауэ щытынур, зэрызэкIэлъыкIуэну щIыкIэр зи гупсысэкIэ къихьар абы продюсер хуэхъуа Гаврюшкин Игоррэ сурэтыщI икIи теплъэгъуэхэм я гъэувакIуэ Шаймарданов Игоррэщ. Гъуазджэ лэжьакIуэхэм я гуращэ нэхъыщхьэу щытар Пушкин сурэтхэм къикIа, узылъэмыIэсын цIыхушхуэу зэрыщытыр къэгъэлъэгъуэнракъым, атIэ хэти хуэдэу зи еплъыкIэ зиIэж, гурыщIэрэ лъагъуныгъэрэ зыщI къызэрыгуэкI цIыхуу, зи щэнхабзэмрэ зи дуней тетыкIэмрэ ерыщу телэжьауэ зэрыщытыр къэгъэлъэгъуэнырщ. Кином Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр иIэщ цIыхум и зыужьыкIэр къэбгъэлъэгъуэну, ауэ Гаврюшкин Игоррэ Шаймарданов Игоррэ къыхахар нэхъ гугъу дыдэрщ – анимациерщ, сурэт тхахэр мультфильм щIыкIэхэмкIэ зэхагъэувэурэ я гуращэхэр къэIуэтэнырщ.
Сурэтхэр Абдурахманов Артур зи пашэ «Муха» студиерщ. Гъэлъэгъуэныгъэм режиссёр хуэхъуар, и сценариер зытхари Гаврюшкинэ Екатеринэщ. Абы фIыуэ къыгурыIуащ мультфильмыр нэхъыбэм къащтэн папщIэ, усакIуэм и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэхэр зэпызыщIэ, зыр зым къыпкърызыш сюжетхэр хэухуэнэн зэрыхуейр. «Дызэгупсысын хуейуэ къэслъытар мультфильмыр балигъым къызэрищтэнум и закъуэкъым. Ди нэIэ тедмыгъэкIыу тедгъэтын зэрыхуейри хьэкъыу спхыкIащ. Иджыри къыздэсым Пушкин фIыуэ цIыхухэм щIалъэгъуар абы и тхыгъэхэр лъэхъэнэм къекIуу щIэблэм бгъэдалъхьэфу зэрыщытарщ. Иджы къытщIэувэхэр нэгъуэщIщ, я зэхэщIыкIи, я еплъыкIи, я бгъэдыхьэкIи дэ нэхъыжьхэм диIам зыкIи емыщхьыжу къыщхьэщокI. Ахэр зыкъомкIэ «интернетым и бынщ». АтIэ дэри а интернетым къигъэщI Iэмалхэр къатщтэу ди къэгъэщIыгъэ псори екIуу ябгъэдэтлъхьэфын хуейщ. Сюжетхэр пэж дыдэу гъащIэм къыщыхъуахэм щыхэзухуанэм, ахэр пцIы зэфэзэщ зэрымыхъуным, атIэ Пушкин и гъащIэм къыщекIуэкIахэм «хэткIухьу» зэрызэхэслъхьэнум сыхущIэкъуащ. Сыщогугъ мультфильмым еплъынухэм ар къагурыIуэну, къызыгурыIуахэми къабыл ящIыну», – жиIащ Гаврюшкинэ Екатеринэ.
Апхуэдэу сценариер зытхам мыбзаджэу зэхиухуэнащ тхакIуэм и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэмрэ и къалэмыпэ къыщIэкIа тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэмрэ. Абыхэм яхэтщ пэж дыдэу дунейм тетахэри: Пушкин и дэгызэ Аринэ, лицейм къыщыдеджа и ныбжьэгъухэу Пцщин Иванрэ Дельвин Антонрэ, Тригорскэ унэ-хапIэр зейхэр, Урысейм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Нессельроде Карл, жасус Бошняк, нэгъуэщIхэми. Абыхэм яхэухуэнащ Михайловскэ къуажэм щыпсэу мэкъумэшыщIэхэр, жылэм блэкIрэ пэт хьэщIэщым къыщыувыIа цIыху гъуэгурыкIуэхэр.
Мультфильмыр ди къэралым мэкъуауэгъуэм и 6-м щегъэжьауэ щагъэлъагъуэ. Ауэ иджыпсту щыщIэдзауэ абы цIыхушхуэ зэрырихьэлIэнур наIуэщ. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм кIуа сабийхэр уэру макIуэ, махуэ и кIуэцIкIэ щэ-плIэ къытригъазэу гъэлъэгъуэныгъэр йокIуэкI.
Мультфильмым уеплъыфынущ «Пушкин и картэмкIэ». Илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-рэ зи ныбжь щIэблэм я щэнхабзэ зыхэщIыкIым зиужьын щхьэкIэ къагупсыса Iэмалыр зимыIэ куэд щыIэжкъыми, абыкIэ фильмым хэти щыгъуазэ зыхуищIыфынущ.
Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Пушкин и картэмкIэ» щэнхабзэм и IуэхущIапIэ 11-м пщIэншэу ар зыIыгъыр кIуэфынущ. Абыхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей театрыр, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр театрыр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ Гъуазджэ музейр, Лъэпкъ музейр, «Кабардинка», «Балкария», «Терские казаки» ансамблхэм я концерт гъэлъэгъуапIэ унэхэр, Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ къэрал филармониер. Ди республикэм щыщу цIыху мини 15-м зыIэрагъэхьащ «Пушкин и картэр» икIи, жыIэн хуейщ, щIалэгъуалэр жыджэру музейхэм, театрхэм кIуэуэ хуежьащ.