«Гулъ плъыжьхэм» ятеухуауэ Тырку сериалхэр ди гъащIэм и Iыхьэ зэрыхъуам и нэщэнэхэр ди хъуреягъым щыдолъагъу. ЗыхуэпэкIэми, псэлъэкIэми, дуней тетыкIэми ялъоIэс абыхэм я лъэужь. ГъащIэм щыхабзэращи, зым ЕвропэмкIэ зеший, адрейм къуэкIыпIэ псэукIэр нэхъ фIэгунэсщ. Зызэaман джинсхэр, гъуэншэдж лъэпахъуэ быхъухэр, щIалэ щхьэц кIыхьхэмрэ «Хъэрахъэ» уэрэдыр зытеухуа хъыджэбзхэмрэ цIыхубэм яфIэтелъыджэрэ зраусыгъуэджэу щытамэ, иджырей нэбгъузхэр кIэ кIыхь зыщыгъ, зи щхьэц къыщIэзымыгъэщ пщащэхэм, жьакIэ кIыхь зыгъэкI щIалэхэм ялъос. А еплъыкIитIыр щызэпэщIэт хуэдэу йокIуэкI «Гулъ плъыжьхэр». Iэуэлъауэ куэд къэзыгъэхъея, итIанэми гу нэхъыбэж къэзыхьэхуа фильмыр ещIэкIащ Тырку къэралыгъуэм и лъабжьитIу къалъытэ ислъам динымрэ Ататюрк Кемал иукъуэдия къэрал хабзэхэмрэ цIыху щхьэхуэм и псэукIэм хэпщIа зэрыхъум. Ауэ нэм къыфIэнэр ахэра щхьэкIэ, мыхьэнэр куэдкIэ нэхъ куущ.
Мы фильмыр куэдым иралъыт дин зезыхьэхэмрэ ар зымыдэхэмрэ хужьымрэ фIыцIэмрэ хуэдэу щызэпэщIагъэувэ «ДэкупщIэ плъыжь» зыфIаща нэгъуэщI тырку сериалым, я цIэхэри зыгуэркIэ зэрызэщхьым, тIури диным зэрытепсэлъыхьым къыхэкIыу. Ауэ иужьрейм а лъэныкъуитIыр зэтезэгъэгъуейуэ, езыхэм емыщхьхэм зыри фIы дамылъагъуххэу, ауэ щыхъукIэ, тIури зэрызэщхьэщыкIышхуэ щымыIэу къыщагъэлъагъуэмэ, «Гулъ плъыжьхэм» тхыдэми, къэрал хабзэми, щIэныгъэ лъагэми, уеблэмэ литературэми гулъытэшхуэ щагъуэт. Тыркур зэрыщыту къищтэ пэтми, фильмыр нэхъыбэу щекIуэкIыр «Зезытахэр» суфий къудамэм зыщиубгъуа къуажэ цIыкIумрэ зэи къамыгъэлъагъуэ УщиякIуэм и унагъуэмрэщ.
Ататюрк и сурэтыр зи лэжьапIэ пэшым фIэлъ, абы щапхъэ тезых, и псалъэ шэрыуэхэр зи бзэгупэм тезымых психиатр Алканлы Левент (Дениз Озджан) УщиякIуэм и къуэрылъхур сымаджэу къыхуашэ. И теплъэкIи, и гъэсэныгъэкIи, и цIыху хэтыкIэкIи пасэрей муслъымэн псэ къабзэхэр уигу къэзыгъэкIыж Гюнеш Джунейд и ролыр егъэзащIэ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Языджиоглу Мерт. Фильмым щыпхыша лъагъуэ гъэщIэгъуэнщ зэтIолъхуэныкъуэу дунейм къытехьа Зэйнэбрэ Мирайрэ. ХъыджэбзитIыр Зитэрэ Гитэрэ ещхьу зэкIэщIачри, зыр муслъымэн унагъуэм къыщыхъуащ, адрейр бын къызыщIэмыхъуэ психиатрым ипIащ. Лъагъуныгъэ хъыбару фильмым кIуэцIрокI зи анэр гуузу зыфIэкIуэда Джунейд акъылкIэ сымаджагъэ бгъэдэлърэ пэт, «сэбэп хъунщ» жаIэу, илъэс I4 фIэкIа мыхъуа Зэйнэб къызэрырагъашэр.
Фильмыр къагъэлъэгъуэн щыщIадзам дин лэжьакIуэ куэдым зыкъаIэтри, ар кърагъэгъэувыIэну хэтащ, мылъку тезырхэр къытралъхьэу, интернетым щагъэпуду, яхуэмыфащэ ирапэсу. Адрейхэм нэхърэ нэхъ гуащIэу къызэщIэхъеят «Исмэхьил-ага» тIэрикъатым хэтхэр, сыту жыпIэмэ, «Гулъ плъыжьхэр» зытеухуар тырку щэнхабзэм адрейхэм къахэзыгъэщ, ислъам диным и курыхыу къалъытэ суфизмэм и фIымрэ абы къыхэзэрыхь егъэлеиныгъэхэмрэщ. Телевизореплъ нэхъ Iущхэм занщIэу къапхъуэтащ сценарийр зэхэзылъхьар пхыплъыкIэ куу зиIэ цIыхуу зэрыщытыр. «Дауи, сэ уи жеин къэзыгъакIуэ, зыми и тэмакъым темызэрыхьын сериал зэшыгъуи схузэхэлъхьэнут, - жиIащ режиссёр Атай Омури. – Ауэ цIыхубэ гъащIэм нэхъ мыхьэнэ зиIэу къыхэпIиикIхэм гу лъумыгъэтэнумэ, сыт фильм зэрыбгъэувым и мыхьэнэр?»
Сыт зыхэкIыжыр дин зезымыхьэр? Сыт къыхэхъуэр дин зезыхьэм? Къэралыр къыдэмыIэпыкъуу, зы муслъымэным адрейм зыщихъумэфыну? ЦIыху Iейм «муслъымэн е суфий» зэфIищыж щхьэкIэ, щхьэ Iиманым и IэфIым зыхэбгъэкIыжын хуей? ЦIыхуфIыр диныншэу нэщIыса хъуну? Мис апхуэдэу гур и пIэм изымыгъэзагъэ упщIэ защIэщ фильмыр зыгъэувахэм уи гум къыщагъэушри, ар екIуэкIыху ирагъэкIуэкI псалъэмакъым къыхэпхыну узрахулIэри. ЦIыхум и гумрэ и щхьэмрэ зэтезыгъэкI псори нэпцIщ, жаIэ хуэдэщ режиссёрымрэ сценаристымрэ. Зэм ар пхэнжу къагурыIуа дин хабзэрауэ къыщIокI, зэми ар къазэрыфIэмыIуэхум къыхокI. Сыт-тIэ зэхэгъэкIыпIэр? Ар тырку щэнхабзэм къыхэлыдыкI, уеблэмэ я дин зехьэкIэм лъабжьэ хуэхъу, мы фильмри зытеухуа тIэрикъат лъагъуэрщ. ФIэщхъуныгъэм къигъэув къалэнхэр бгъэзэщIэныр зыщ, абыхэм гу къабзэкIэ уабгъэдэтыныр нэгъуэщIщ - арат тырку лъэпкъым псэуэ яIут Уэсмэн лIакъуэм я хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр. Ататюрк Кемаль къэралыр Европэ лъэныкъуэмкIэ зэриIуэнтIам абы нэгъуэщIыфэ къытригъэуа щхьэкIэ, лъабжьэр ихъуэжыфакъым. Нэхъыщхьэращи, сериалыр зыгъэувахэм, абы и екIуэкIыкIэр зэхэзылъхьахэм я лъэпкъри, я къэралри, я фIэщхъуныгъэри къазэрыфIэIуэхур нэрылъагъущ.
Пасэрей дервиш шыфэлIыфэ зиIэ, зи псалъэр купщIафIэ, зи хьэлыр щабэ, зи гукъэкIыр дэни нэплъыс щIалэщ фильмым и лIыхъужь нэхъыщхьэ Гюнеш Джунейд. Абы и ролыр зыгъэзащIэ Языджиоглу Мерт ита интервьюхэм я зым щеупщIащ: «Уэ суфизмэм уриджакIуэ хуэдэу ухэтщ фильмым. Ар къыпфIэIуэхуу, хэпщIыкIыу щыт?» «Шэч хэмылъу, бгъэзащIэ ролым куэдым ухуегъасэ, сэри абы срищапхъэщ. ТIэрикъатым и гугъу пщIымэ, а лъагъуэр зыкIуар «сэ гъуэгум и кIэм сынэсащ» жиIэу зэи утыку къихьэнукъым».
Джунейд ныбжьэгъу, чэнджэщэгъу, дохутыр къыхуохъу психиатр Ал-канлы Левент. Я дуней тетыкIэкIэ къудамэ зырызым хэту къыпщыхъу щхьэкIэ, фильмым щызэпэщIэт лъэныкъуитIым нэхъ цIыху еншэу хэтхэр зэрыубыдын хуей мэхъу, зигу фIы имылъхэм япэщIэувэн папщIэ. НэрыуфIыцIу диным тетым и щапхъэщ цIыхубз роль нэхъыщхьэ зыгъэзащIэ Тезел Марьям (Намаль Озгю) илI Наим. Щхьэхуимыту лIы ират абыхэм япхъу Зэйнэб (Демирташ Минэ) математикэм зэритхьэкъуар, тхылъ закъуэ къигъуэтар и адэм зыщигъэпщкIуурэ щIиджыкIыу, есэпым хуэIэзэ зэрыхъуар, анэр IуэхутхьэбзащIэу здагъэкIуа профессор-пIэхэнэм хъыджэбз цIыкIур щэхуу зэрыригъаджэр – апхуэдэ куэд щызэхэухуэнащ фильмым.
Япэ Iыхьэшхуэр Джунейдрэ Зэйнэбрэ зэбгъэдэкIыжу, щIалэм куэд щIауэ «къытелIэ» Фейза къызэришэмкIэ еух. Ар зигу темыхуэ цIыхухэм яхуэгъэзауэ режиссёр Атай Омур жиIащ: «Дэ телевизореплъхэм я гукъыдэжым зыдэтщIыну ди мурадкъым. Пэжыр жысIэнщи, апхуэдэ гъуэгуми дытеткъым. Дэ къэдгъэлъэгъуэну дызыхуейр цIыхугъэр тезыгъакIуэ, зыр адрейм сэбэп хуэхъуну тезыгъэгушхуэ теплъэгъуэхэрщ».
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
16.03.2025 - 10:01 →
Щэнхабзэр зи гъуазэ
14.03.2025 - 12:07 →
Нартхэр ноби къыдопсалъэ
14.03.2025 - 12:01 →
ЖьантIэр иIыгъщ
|