ЛъыхъуакIуэ

Котляров Виктор тхыдэджщ, щIэныгъэлIщ, лъыхъуакIуэщ, лъахэхутэщ, литераторщ, усакIуэщ, блогерщ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIщ, журналистщ, редакторщ, тхылъ тедзапIэм и унафэщIщ, хьэрычэтыщIэщ. А лъэныкъуэ псомкIи абы и гугъу ищIащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ЩоджэнцIыкIу Нинэ.

Тхыдэдж. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я тхыдэр къэгъэлъэгъуэжынымкIэ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм я куэдагъкIи зи гугъу ящIа Iуэхугъуэхэм я зэмылIэужьыгъуагъкIи къыпхуэмылъытэн хуэдизщи, абыхэм ятеухуауэ къэхутэныгъэ щхьэхуэ пхуегъэкIуэкIынущ. А лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIам щыхьэт техъуэ хъыбар пэж куэд дыщымыгъуазэу блэкIам къыхэнэнут ахэр мыхъуамэ. Абыхэм къагъуэтыжа дэфтэр тхыгъэхэр, пасэрей хьэпшыпыжьхэмкIэ блэкIам и зы зэман Iыхьэ зэфIагъэувэжащ. Плъыфэбэу гъэщIэрэщIа альбомым ит сурэтхэм – а зэманым зэрахьа щыгъынхэр, Iэщэр, зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къызэрыщхэм – Iэмал къыдет блэкIар ди нэгу къыщIэдгъэхьэну. 
ЩIэныгъэлI. Сэ сызэригугъэмкIэ, Котляровхэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэ псори зэхэплъхьэжмэ, абы къыхэкIынур зы доктор диссертацэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт гуэрым и къудамэ псом зэфIагъэкIа лэжьыгъэм пэкIуэнущ ар.
ЛъыхъуакIуэ. И тхыдэ къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкIкIэ Котляров Виктор дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъур тхылъхэмрэ дэфтэр хъумапIэхэмрэ я закъуэкъым. Абы дыболъагъу лъыхъуакIуэ нэсым и хьэлхэри. Апхуэдэу зэрыщытыр къегъэлъагъуэ къигъуэтыж тхыдэ дэфтэрхэм зи гугъу ящIым щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр наIуэ къищIу иригъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэр. Абы и лъэныкъукъуэкIэ Виктор и археологие къэхутэныгъэхэм уасэ яIэкъым.
Лъахэхутэ. ЛъыхъуакIуэ нэсым и хьэл зэрыхэлъырщ Виктор зихуэдэ щымыIэ лъахэхутэ зыщIар. Ди республикэм и ауз, къуэ, бгъуэнщIагъ, жыпIэнурамэ, абы и дэтхэнэ плIанэпэри, абы хуэдэу зыцIыху щыIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым, республикэм и геолого-географие щытыкIэ щхьэхуэхэм ятеухуауэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъхэм хъыбар гъэщIэгъуэн, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъыр къызэрыщ сурэт щхъуэкIэплъыкIэ куэд зэритыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI лъахэхутэ ухъун папщIэ уи щIыналъэм лъагъуныгъэшхуэ хууиIэн хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Виктор и гурыщIэхэр, уеблэмэ егъэлеяуэ жыпIэ хъунущ. 
Литератор. И щхьэкIэ Котляровым и гурыщIэр къызэригъэлъэгъуа щIыкIэм наIуэ тщещI псалъэм и къэгъэсэбэпыкIэ зэрищIэр, абы и купщIэр зыхищIэу и мыхьэнэр нэсу къызэрыгурыIуэр. Шэч хэмылъу, Виктор и IэдакъэщIэкIхэм цIыхухэр щIыдихьэхыр абы къыхах хъыбархэм я закъуэкъым, атIэ удэзыхьэх хъэтI щхьэхуэкIэ ахэр зэритхырщ. 
УсакIуэ. Усэ куэди и къалэмыпэм къыщIэкIащ Виктор. НыбжьыщIэ ныбжьым иту ахэр итхын щIидзащ абы. Ауэ ар абы щэхуу ихъумащ зыкъомрэ икIи 21 лIэщIыгъуэм утыку кърихьащ, и усэхэр щызэхуэхьэсауэ томитI хъу «Времена сердца» тхылъыр къыдигъэкIри. 
Блогер. Котляров Виктор интернетым щыIэ блог напэкIуэцIым и усэхэми ущрохьэлIэ. Мыбдежым щыгъуазэ ущыхуэхъуфынущ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм теухуауэ Котляровым и еплъыкIэхэм. Къапщтэмэ, абы и блог напэкIуэцIыр нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. 
Теленэтынхэр езыгъэкIуэкI. Телевиденэми и гуащIэ щеплъыжащ Виктор. Абы и нэтынхэм еплъкIэрэ цIыхухэм гъэщIэгъуэн куэд къащIащ. Налшык и блэкIам, абы и цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэм, щIыупсым и щIыпIэ дахэхэм ятеухуауэ абы игъэхьэзырахэм уемыплъэн пхузэфIэкIынукъым, апхуэдизу удихьэхыу, щIэщыгъуэу ахэр зэхигъэуващи. 
Журналист. Теленэтынхэр, интернетым щиIэ блог напэкIуэцIыр гъэхьэзырынымкIэ Виктор сэбэп къыхуэхъужащ ар журналист IэщIагъэм зэрыпэрытар. Абы и лэжьыгъэ гъуэгуанэр къыщIидзауэ щытащ республикэ газетхэм ящыщ зым и корреспонденту. А IэщIагъэм щызригъэгъуэта Iэзагъэр абы иригъэкIуэкI нэгъуэщI лэжьыгъэхэми къыщыхуэсэбэпыжащ.
Редактор. Зыри гъэщIэгъуэн хэлъкъым Виктор редактор зэрыхъуам. ЗэрыжаIэу, дэтхэнэ зы сэлэтри генерал хъуну щIохъуэпс. Къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэ лъэхъэнэхэм ар а IэнатIэми и къару щеплъыжащ: газетым, журналым я редактору лэжьащ.
Тхылъ тедзапIэм и унафэщI. Котляров Виктор и гъащIэм и Iуэху нэхъыщхьэ хъуар тхылъ къыдэгъэкIыным епха лэжьыгъэрщ. Зэщхьэгъусэхэу Викторрэ Мариерэ я псэемыблэж лэжьыгъэр зыхуэдэр наIуэ пщащI абыхэм я лэжьапIэ пэшым ущIыхьа нэужь щыплъагъу тхылъ щэ бжыгъэхэм. Абыхэм я фIагъым, я куэдагъым, ягъэзащIэ мыхьэнэм теухуауэ куэд жаIащ икIи жаIэнущ. Мыбдеж сэ сигу къэзгъэкIыжыну сызыхуейр и лэжьыгъэм и пэщIэдзэм, 90 гъэхэм, Виктор эзотерикэ литературэм и къыдэкIыгъуэ щхьэхуэ дунейм къытригъэхьауэ зэрыщытарщ. А зэманым а литературэм щIэупщIэшхуэ иIэт, цIыхум я пащхьэ иплъхьэ хъунри мыхъунри зэхамыгъэкIыу, ар мылъку къыхэхыпIэ зыщIахэри мащIэтэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ Котляров Виктор пщIэшхуэ хуэфащэщ. ФIым и фIыжхэрт абы и щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ирилъхьэр. 
ХьэрычэтыщIэ. «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щекIуэкIащ. ЩытыкIэр сыт хуэдэу щымытами, фIыуэ илъагъу Iуэхур зэхуищIыжакъым, гугъуехь псори къызэринэкIауэ и лэжьыгъэм ноби зеужь. Аращи, егъэлея хэмылъу, зэфIэкI зиIэ хьэрычэтыщIэщ хужыпIэфынущ Котляров Виктор.

 

Поделиться: