КъБР-м и Совет художникхэм я Союзым и къызэгъэпэщакIуэ бюром лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 85-рэ ирокъу.
КъБР-м и Совет художникхэм я Зэгухьэныгъэм и КъызэгъэпэщакIуэ бюрор 1939 гъэм къэунэхуащ, СССР-м и Совет художникхэм я къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм я унафэкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-р 1942 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэраухъуреихьам къыхэкIыу, щIыналъэм и художникхэм я зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ бюром и лэжьыгъэр зэпигъэуащ.
КъБАССР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым и унафэ №565-м тету, 1943 гъэм фокIадэм и 13-м щIэрыщIэу къызэрагъэпэщыжащ КъБАССР-м и Совет художникхэм я зэгухьэныгъэр.
Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIат сурэтыщIхэм я зыужьыныгъэр. ЩIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъ щхьэхуэныгъэхэр яхъумэным телэжьащ художникхэр. ЗэфIэкI зиIэ сурэтыщIхэр зэкъуэувэу щIыналъэм и сурэтыщI гъуазджэм и лъабжьэр щагъэтIылъа лъэхъэнэщ ар.
А зэманым, КъызэгъэпэщакIуэ бюромрэ Художникхэм я зэгухьэныгъэмрэ лэжьэн щыщIадзам щегъэжьауэ нобэр къэсыху, къэрал Iуэху, художественнэ гъэлъэгъуэныгъэ жыпIэми, творческэ IуэхущIапIэр зэпымыууэ хэтщ. КъБР-м и Художникхэм я Союзым хэтщ зэфIэкI зиIэ сурэтыщIхэр, щалъхуа щIыналъэм хуэпэжхэр, нэхъыжьыфIхэм я щапхъэ дахэхэм тетхэр.