Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщщ усакIуэ, тхакIуэ Къагъырмэс Борис. Абы и дэтхэнэ зы IэдакъэщIэкIри узыщIагъэгупсысыжу апхуэдэщ. Абы и творчествэм и Iыхьэ щхьэхуэщ и тхыгъэ кIэщIхэр. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ а теплъэгъуэхэм.
Жьы хъуа усакIуэхэр
Фэ фIыгъуэу вбгъэдэлъа псори поэзием ефтащ – фи щIалэгъуэри, щIэныгъэри, къарури, талантри. Езыхэм къызыхуэвгъэнар фи псэмрэ фи къупщхьэм телъыж фэ тIэкIумрэщ, склерозырщ, инфарктырщ. Сынывоплъри – сигу фщIогъу. АтIэ фэ фщыщ дэтхэнэри щытакъэ къуршыбгъэм хуэдэу зэгуэр псэкIэ лъэтэфу! Апхуэдэуи фэ фыкъыхэнащ фи усыгъэхэм.
Ауэ, поэзием псори ефтами, фыкъулейщ фэ. Фи тхыгъэ томхэр фи щIыб къыдэтщ, фи бын нэхъыфI дыдэхэм хуэдэу. Сыт атIэ, абы елъытауэ, жьыгъэри, склерозри, инфарктри! Фи цIэхэр фщIыфащ уахътыншэ, фи тхыгъэхэр пежьащ къэкIуэну зэманхэм!
Ещтауэмрэ щтаучымрэ
Художественнэ тхыгъэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм шэч хэлъкъым, ауэ абы гъэсэныгъэ зритыфынур зи щIэныгъэм, культурэм хэзыгъэхъуэну, фIым, дахэм зыхуиузэщIыну, Iейм зыщидзеину мурад зиIэрщ. Ар къохъулIэнукъым тхылъ къапщтэрэ укъеджэ къудейкIэ. КъохъулIэн папщIэ, тхылъыр – ещтауэм, абы еджэр – щтаучым ещхьу щытын хуейщ – зэжьэхэуамэ, хъуаскIэм хуэдэу, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм я мафIэр я кум къыдихыу. Армырамэ, сыт хуэдиз тхылъ ухуейми еджэ – зэштегъэу мыхъумэ, сэбэп къыпхуэхъунукъым.
СощIэж, зауэ нэужьым ди къуажэ дэсащ щIалэ гуэр, тхылъ куэд еджэу. «Мыр зыгуэр хъунущ», - жаIэрт абы щхьэкIэ. Ауэ хъуакъым. Iуэхуратэкъэ, нэхъ мыгъасэр зырызт: зэуэрейт, хъуэнэрейт, дыгъуэрабзт. Зыри къыхихыфакъым абы зэджа тхылъхэм: ещтауэр фIыми, щтаучыр мыхъуу, хъуаскIэншэ мывэу къыщIэкIат.
Гъуэбжэгъуэщым къытригъэзэжыркъым
Гупсысэ гъэщIэгъуэн, образ щIэщыгъуэ е куэд щIауэ къэплъыхъуэ псалъэ гуэр уи щхьэм къихьамэ, сыт хуэдэ Iуэху пIэщIэгъуэ уимыIэми, уи жеин къакIуэми, угукъыдэмыжми – псори IэщIыб щIыи, тхы ар, итхэ уи бгъэгущталъэ тхылъым. Апхуэдэ дакъикъэм, зыгуэр птхыну гукъыдэж щыбгъуэта дакъикъэм, пщIэшхуэ хуэщIын хуейщ. ХуумыщIу блэкIакъэ – упыкIащ, а уигу къихьахэр пIэщIэхужмэ, укIэлъыпхъуэ пэтми, къагъэзэжынукъым, гъуэбжэгъуэщым къызэрытримыгъэзэжым ещхьыркъабзэу.
Уэ езыр зэплъыж
Зыгуэрым ухущIэбжэн и пэ, уэ езыр зэплъыжыт: абы хужыпIэнухэр уэ уи дежи къыщумыгъуэтыну пIэрэ? Уэ пхэлъ мыхъумыщIагъэхэр нэгъуэщIым иумыудэкIи, узыхущIэбжэри, уи бийри нэхъ мащIэ хъунщ.
Мажьэм игъэщIэгъуар
Щхьэр ижьу еса мажьэр зыкъом лъандэрэ къамыгъэсэбэпыж хъуат. «Сыту пIэрэ абы и щхьэусыгъуэр?» - гупсысэрт мажьэр.
Зэгуэрым, гушыIэм къыхэкIыу ар щхьэм щыхуахьам, мажьэм къилъэгъуащ абы зы щхьэц зэримытыжыр, мылгъурыджэм хуэдэу джафэ зэрыхъуар. «Дэнэ здэкIуар сэ апхуэдизу селIалIэу зжьыуэ щыта щхьэц Iувыр?» - игъэщIагъуэрт абы, щхьэцыр ижьурэ езыми дахэ-дахэу дзэ къызэрыIумынэжам емыгупсысу.
Псалъэжьым и жэуап
- УцIыкIущ, укIэщIщ, псалъэ зыбжанэ фIэкIа ухъуркъым, итIани, сыт цIыхум уащIыIурылъыр, сыт пщIэшхуи ущIиIэр? – жари псалъэжьым еупщIати, мащIэу пыгуфIыкIри, мыращ жэуапу къаритар:
- Пэжщ, сэ сыинкъым икIи сыкIыхькъым, ауэ абы къыхэкIыу фыкъыстегушхуэну, IэщIыб сыфщIыну фыхэмыт. Сэ сыкIэщIми, сIуатэр пэжщи, аращ си къарур щIэинри, гъащIэ кIыхь сыщIиIэри.
Акъылыр лей хъуркъым
ТхьэкIумэкIыхь гуэрым акъылышхуэ иIэу зэхахати, еупщIахэщ, сыт апхуэдиз акъылыр зэрыпщIынур? – жаIэри.
- Зэзэмызэ сIэщIэкI щыуагъэхэмрэ делагъэхэмрэ ирищIэсхъумэну аращ, - жиIащ тхьэкIумэкIыхьым.
Бажэм и жэуапыр
КъуажэмкIэ джэд къизых бажэм шылъэгур хуэзати, жреIэ:
- Уэ, бажэ, убзаджэщ, угубзыгъэщ, уи Iуэхур сы тщыгъуи дыбогъэкIыф. Урысми жаIащи, джанэ пщыгъыу укъалъхуа хуэдэщ.
Шылъэгум жиIэм едаIуэщ, джэдыр игъэтIылъри, бажэм жиIащ:
- Пэжщ, сэ сынасыпыншэ хуэдэкъым, джанэ сщыгъыу сыкъалъхуагъэнщ, ауэ ар сщаудыну сыт хуэдиз къэзэщэрэ сэ, шылъэгу цIыкIу?!
Бабыщ жыIэзыфIэщ
Псы Iуфэм Iус бабыщыр бажэм къиубыдри ирихьэжьати, «Дэнэ сыздэпхьыр? – жиIэри еупщIащ. – Уи дзэхэр къысхэбукIащи, си лыр уогъэуз».
- Умыгузавэ, бабыщ цIыкIу, жыжьэ усхьынукъым, модэ мо чыцэм дызэрыхыхьэу, узутIыпщыжынущ, - жиIащ бажэм. – Си дзэхэр къыпхэсхыжынщи утыншыжынщ.
- А чыцэм псыпцIэ иIэу пIэрэ сыхэсыну? – щIэупщIащ бабыщыр.
- ИIэщи, абы ухэзгъэсыну, бдзэжьей уезгъэщэну аракъэ ущIэсхьыр, дахэ цIыкIу.
- Хъунщ-тIэ, абы щыгъуэ, нажэ нэхъ псынщIэу.
Бажэр чыцэм нэсри, бабыщыр фIиудащ.