Куэд зыщымыгъуазэ тхылъхэр

Черкесск къалэм и Сурэт галереем «Адыги: рыцари, всадники, воины» Iуэхум хыхьэу щагъэлъэгъуащ КъБКъУ-м и «Эрмитаж-Кавказ» щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Мэлбахъуэ Къэралбий и тхылъхэр. 
Лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм, адыгэхэм я тхыдэм теухуащ. Тхыдэджым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я библиотекэхэмрэ музей фондхэмрэ инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ тхауэ къыщигъуэтыжа дэфтэрхэр урысыбзэкIэ зэредзэкI. 
КъэхутакIуэм Черкесск щигъэлъэгъуащ тхакIуэ Курнаков Сергей Америкэм и Штат Зэгуэтхэм 1935 гъэм къыщыдигъэкIа «Дикие эскадроны» тхылъыр. Мэлбахъуэ Къэралбий и фIыгъэкIэ тхылъеджэхэм иджы Iэмал яIэщ а тхыдэ лэжьыгъэм зыщагъэгъуэзэну. Тхылъыр теухуащ Курнаков Сергей адыгэ полкым къулыкъу зэрыщищIам, шуудзэр зэуапIэм зэрыIутам.
Джыназ Романов Владимир и бынхэм я гъэсакIуэу щыта Дышаек Иван и «Дневник одного писателя» тхылъыр теухуащ пащтыхьым и къуэхэу Борисрэ Андрейрэ Къэбэрдейм, Ар революцэм щыгъуэ къэхъуа Iуэхугъуэщ. Къуэн Мурзэбэч и унагъуэм къызэрыщрагъэлам. 
КъыжыIапхъэщ, а лэжьыгъэхэр Мэлбахъуэ Къэралбий и пэкIэ зыми урысыбзэкIэ зэрызэримыдзэкIар. Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм адыгэхэм я тхыдэм щыщу зыщымыгъуазэ къызэращIам гъэщIэгъуэн ящищIащ зэхахар. Езыхэми упщIэ я куэдти, дэтхэнэми Къэралбий жэуап иритащ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, «Мир черкесов» серием хыхьэу тхылъ 20-м щIигъу Мэлбахъуэм зэридзэкIащ. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ апхуэдэм пэлъэщынур. 
Зэхыхьэм хэта дэтхэнэми Мэлбахъуэм и Iэ зыщIэлъ тхылъ тыгъэ зэрыхуащIар ди гуапэу къыхыдогъэщ.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: