«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр нэхъапэкIэ щыгъуазэ хуэтщIат ди щIыналъэм и бгылъэ щIыпIэхэм щызекIуэну зыфIэфIхэмрэ альпинизмэм дихьэххэмрэ я зэхьэзэхуэ зэрыщызэхэтынур. «Урысейм и къуршхэр. Iуащхьэмахуэ - 2024» зыфIаща зэхьэзэхуэр Жантыгъуэн бгылъэмрэ Тырныауз и Iэгъуэблагъэм щыIэ къуршхэмрэ мы махуэхэм щокIуэкI.
БгылъэрызекIуэхэм я зэгухьэныгъэм хъыбар къызэритамкIэ, абы хэтщ цIыху 300-м нэблагъэ. КърихьэлIащ Калининград къыщегъэжьауэ Амур Iуфэ Iус Комсомольскрэ Камчаткэ щыIэ Петропавловскрэ нэсыхункIэ бгым щызекIуэну зыфIэфI куэд, къикIащ Азербайджанымрэ Белоруссиемрэ. Арыххэуи, зэхьэзэхуэхэм дунейпсо къару ягъуэтащ.
Зэпеуэхэр Iэтауэ къыщызэIуахащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым и пщIантIэшхуэм. Зэхьэзэхуэм хэтхэм фIэхъус псалъэкIэ мыбдеж щапежьащ УФ-м БгылъэрызекIуэхэм я зэгухьэныгъэм и президент Бычков Дмитрий, УФ-м АльпинизмэмкIэ и зэгухьэныгъэм и вице-президент Пятницын Александр, КъБР-м курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат сымэ.
Абыхэм я къэпсэлъэныгъэм къыхэщащ спорт лIэужьыгъуитIым дихьэххэр зэи зы утыку зэримыхьар, иджыри къыздэсым екIуэкIа Iуэхугъуэхэм ар япэ дыдэу къызэрыдэунэхур. «Дэ зыдыдощIэж къыхэтлъхьа жэрдэмым спорт лIэужьыгъуитIым заригъэужьыну IэмалыфIхэр зэрыщыIэр, уеблэмэ я зэпыщIапIэхэм зэхьэзэхуэ щхьэхуэхэр къыхэдгъэкIыфыну зэрыщытыр. Сыщогугъ ди зэIущIэр узыншагъэр хъумэным, цIыхугъэр къэIэтыным, щIыналъэхэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным икIи егъэфIэкIуэным телэжьэну, фIы куэд къыдэкIуэну. Зэхьэзэхуэм къыхыхьахэм псоми я насып текIуэну си гуапэщ», – жиIащ ЩоджэнцIыкIу Мурат.
Зэпеуэр къызэрызэIуахыу, абы хэтынухэр зэбгрыкIащ. Апхуэдэу Жантыгъуэн бгылъэхэмкIэ кIуахэр щIэхыу къырым кIэрыхьэу хуежьащ, боулдерингымкIэ зэхьэзэхуэу. Абыхэм яIэщ къыр лъагъуэ 480-рэ хуэдиз. Бгы лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ метритху я лъагагъщ. КIэрыхьэгъуэм пэмылъэщу зыгуэркIэ бгылъэрызекIуэр къыр дзакIэм е бгы пэум къыфIэхумэ, шынагъэм щызыхъумэ кIапсэхэр бгы нэкIум къехыу фIэлъынущ. Зэхьэзэхуэхэм хэтхэм махуитху кIэрыхьэгъуэ яIэщ. Дыщэ, дыжьын, гъуаплъэ медалхэм хущIэкъуу балл бжыгъэ пыухыкIахэр къахьын папщIэ, а махуитхур спортсменхэм щызу къагъэсэбэпын, гъуэгу нэхъыбэ якIун хуейщ.
Апхуэдэ гуращэ зимыIэхэр спорт пэхуэщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзащIэурэ а гъуэгуанэр къызэпачыну хуитыныгъэ яIэщ. Къыр лъагъуэхэр къызэзынэкIын хуейхэр абы ипэ къихуэу а Iуэхум щыхуагъасэ еджапIэхэм щыхуагъэхьэзырат, я къарур здынэсынур зыхуэдизыр ирагъэгъэунэхуат. ДяпэкIэ а гупым къыхэжаныкIахэр бжьыгъуэ зэфIэхьым щызэрихьэлIэжыну къапэщылъщ.
Тырныауз къалэм и Iэгъуэблагъэм ит бгылъэхэм кIэрыхьэну етIуанэ гупым къызэранэкIын хуей къыр лъагъуэхэр фIыуэ гъэгугъуат, лъэпощхьэпо зэмылIэужьыгъуэхэмкIи гъэнщIат. Мы зэпеуэ Iыхьэм гулъытэшхуэ игъуэтащ, бгылъэ дэкIыгъуейхэмрэ къурш задэхэмрэ куэдрэ кIэрыхьа спортсмен цIэрыIуэхэр абы зэрыхэтым папщIэ. Лъагъуэ гъэгугъуахэм хуэдэу щы-плIы дэтхэнэми къызэранэкIыну къапэщылъщ. Абыхэм бгылъэрызекIуэхэр тIурытIурэ кIэрыхьэнуращ, и лъагагъри метри 100-м щIегъу.
Къыхэгъэщын хуейщ зэхьэзэхуэхэр нэсу къызэгъэпэща хъун щхьэкIэ бгы джабэхэм лъагъуэхэр зэрыпхашар, гъуэгухэр зэрытралъхьар. Ахэр зэрыщыту иджырей гъуэгу мардэхэм тету къызэгъэпэща хъуащ, щызекIуэнухэмкIэ шынагъуэ щыIэкъым.
Япэ махуэр кърахьэлIа нэужь, БгылъэрызекIуэхэм я урысейпсо махуэр ягъэлъэпIащ, джэгухэр, нэгузыужь гъэлъэгъуэныгъэхэр, гукъэкIыж уэршэрхэр ирагъэкIуэкIащ.
ЕтIуанэ махуэм дунейр уэлбанэу нэху щащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу зэхьэзэхуэхэм хэтхэр тегушхуэри бгы джабэхэм кIэрыхьащ. Сыт хуэдиз гугъуехь хэмытми, спортсменхэм я къалэныр ягъэзэщIащ. Апхуэдэу Жантыгъуэн щыгум япэу нэсащ Iуэхум хыхьагъащIэхэм ящыщу Ершов Виктор. Уэшхыр зэпыумэ, къыщIидзэжурэ махуэр зи кIыхьагъыр екIуэкIащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу зэхьэзэхуэм и дамыгъэ лъапIэхэм гъунэгъу уахуэзыщI баллхэр къахьурэ зэхьэрхуэращ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI щыхъуам, нахуэ хъуащ гъуаплъэ дамыгъэр цIыху 15-м къахьыну Iэмал яIэ зэрыхъуар, дыжьын дамыгъэм боулдер бгылъэрызекIуэнымкIэ дунейпсо чемпион Абрамчук Юлие гъунэгъу дыдэу зэрекIуэлIар.
Жэщым нахуэ хъуащ уэлбанэр зэрымыувыIэнур, КъБКъУ-м и центрым и пщIантIэшхуэми удэт зэрымыхъунур. Псори пэш хуитышхуэм щызэхуэсащ, зэманыр пщIэншэу ямыгъакIуэуи, бгылъэ щIыпIэхэм я щэхухэр къэзыIуатэ, къурш зекIуэм техьэхэм яIэн хуей есэныгъэхэр зэпкърызых мастер-класс купщIафIэ къызэрагъэпэщащ. Абдеж къыщызэхуэсахэм и зэфIэкIхэмкIэ ядэгуэшащ бгылъэрызекIуэ цIэрыIуэ, дуней псом плIэнейрэ и чемпион хъуа Шарафутдинов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ спортым къызэрыхуэкIуа щIыкIэм, иIэ ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьэн папщIэ зэфIигъэкIа Iуэхугъуэхэм, къызэхуэсахэм я упщIэхэм жэуап яритыжащ.
Мастер-классыр зэфIэкIа нэужь, абы хэтахэр «В поисках самой сложной трассы России» фильмым еплъащ.