Прозэу тха усэхэрIутIыж Борис лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, абы и дэтхэнэ жанрми жыджэру хэлэжьыхьащ. Апхуэдэу анэдэлъхубзэм, литературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгьэхэмкIэ, сабий усэхэмкIэ къытхуэупсащ. IутIыж Борис нэхъ къызэрацIыхуу щытар, драматургыущ, цIэрыIуэ нэхъ зыщIари и пьесэ купщIафIэхэрщ. Апхуэдэу щытми, ущы¬тепсэлъыхькIэ, усэ купщIафIэхэр, новеллэ гьэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхыгъэ шэрыуэхэр, прозэу тха и усэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр къыхэгъэщыпхъэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми гупсысэ шэщIа щIэлъащ. Нобэ фи пащхьэ идолъэ прозэу тха и усэхэм ящыщ зыбжанэ. ДызылъэмыIэс дунейГу къуэпсым пыкIэзызыхь пшыналъэ дахащэм содаIуэ. СедаIуэурэ, согупсыс: сыту дытхьэмыщкIэ дэ, цIыхухэр. А пшыналъэм иджыпсту си нэгу къыщIигъэува дунейм сэ зэи, зэи сытехьэфынукъым… ГъащIэр нэр игъэлажьэу фагъуэщ. Псэр ибэмпIыхьу къызэрыгуэкIщ. Гур къритхъунщIыкIыу пхъашэщ. ТхьэкIумэр икудэу хущхьэ макъ зэфэзэщщ. ГъащIэр – илъэс мин бжыгъэкIэрэ зэхалъхьа курыбэщ. Зэхэзылъхьари щIызэхалъхьари къахуэмыщIэж курыбэ зэкIуэкIащ. Абы дэ ди псори, псори хофыхь… ди хъуэпсапIэхэм къищынэмыщIа… ХъуэпсапIэхэр тхъурымбэ напIэурэ уафэм докIуей. ДокIуейри, а дэ зызыхуэтшийуэ зэи дызылъэмыIэс дунейм зыхаунащIэ. ГъащIэ пэж
ЦIыхушхуэм гъащIэ пэжкIэ псэун щыщIидзэр и пкъыр дунейм ехыжа нэужькIэщ. Дуней гъащIэм и Iэмалыншагъэхэм, и хэкIыпIэншагъэхэм ирихулIэурэ зэсэж Iэхъулъэхъу куэдыкIейм яIэщIэкIыу, бампIэхэм, гуауэхэм, щэIухэм, гызхэм я зэхуакум къадищIыкIа и IуэхущIафэ лъагэхэр, псэм къыхищIыкIа и телъыджэхэр хэт дежкIи наIуэ хъуа нэужькIэщ цIыхушхуэм и гъащIэ нэсым, гъащIэ пэжым щыщIидзэр. ХъуэпсапIэ жыжьэ
Гупсысэ нэкIэпсыжэхэм задебгъэхьэхыу ущытыныр лIы хьэлкъым, ауэ уи щхьэ пцIы хуэбупсыжкIэ сыт, - гухэпсыхагъэ зыхалъэгъуэнкIэ хъуну хъуэпсапIэ щэху гуэрхэр сэри си гум щызогъафIэ… СощIэСощIэ, Уэ утетщ мы дунейм. Си гупсысэхэм уазэрыхэтым ещхьыркъэпсу. Удахэу. Укъабзэу. Угуапэу. Уи цIэр сымыщIэми, Уэ нэхъ нэIуасэ симыIэу. Махуэм я нэхъ щIыIэми си гур уи хуабэм къигъэплъу. Псалъэхэр сIыпхыурэ усэ къасхухэпщIыкIыу… Уэ утетщ апхуэдэу си дунейм… Сыпхуэмызами. Узмылъэгъуами. Укъамылъхуами. Гупыжхэр
УПЩIЭ: «Ярэби, сыту дахагъэ, IэфIыгъэ, гуапагъэ куэдкIэ дызэхуэупсэфыну къэдгъанэрэ дэ. Щхьэ дигухэр къыжьэдэткъуэ зэпыту дыпсэурэ? Щхьэ дыщыхуейм дызыхуейм демыдэхащIэрэ? Щхьэ къытхуейр къыщытхуейм къыдэмыубзэрабзэрэ? Мобы мор сытым хуэдэу хуэгъэгуфIэнут!.. Мор мобы сытым хуэдэу насыпыфIэ хуэщIынут!... Гуэныхькъэ-тIэ апхуэдиз гупыжыр къыжьэдэпкъуэ зэпыту упсэуныр? ЗыгъэнщI жыхуаIэм и IэфIыр нэсу къыбгурымыIуауэ, напIэзыпIэр зи пщалъэ мы гъащIэр блэбгъэкIыныр?...»
Поделиться:
Читать также:
19.01.2026 - 13:33 →
ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ
16.01.2026 - 15:29 →
Хэкур щыгъэфIа усэхэр
16.01.2026 - 11:37 →
ГурыщIэ щэху
15.01.2026 - 15:13 →
Хуэрэджей
15.01.2026 - 15:02 →
КъарыкIым хэплъэжынри щхьэпэщ
| ||




