Лъэпкъ щэнхабзэм хуолажьэ

Мы тхыгъэр зытеухуа АфэщIыж Iэмин (Мехмет Арслан) усакIуэщ, пшынауэ, уэрэдус икIи уэрэджыIакIуэ Iэзэщ. 
АфэщIыж Iэмин Тыркум хыхьэ Чорум щIыналъэм хиубыдэ Данун (Согут йолу) беслъэней къуажэм 1940 гъэм къыщалъхуащ. И адэшхуэ-анэшхуэр Адыгейм хыхьэ Улап къуажэм щыпсэуахэм, Хэкум ирагъэIэпхъукIахэм ящыщщ.
Эрзурум къалэм Ататюрк и цIэр зэрихьэу дэт университетым и мэкъумэш къудамэр 1967 гъэм къиухащ, и IэщIагъэкIэ агроному. 1992 гъэ пщIондэ Чорум къалэм щылэжьащ мэкъумэш ухуэныгъэмкIэ унафэщIу. 
АфэщIыжыр зэрыцIыкIурэ лъэпкъ Iуэхум дихьэххэм ящыщщ. Зи пшынэр IэкIуэлъакIуэу зыгъэбзэрабзэ уэрэджыIакIуэр адыгэхэр щыпсэу дэнэ щIыналъи щыцIэрыIуэщ. И уэрэдхэр щIыпIэ куэдым щызэIэпах, ди щIыналъэми дзапэ уэрэду щаIурылъщ. Псоми яцIыху «Сыкъэфэну сыкъэкIуащ» (1960), «Махъсымэ», «Жансэт дахэ», «ЯгъэкIуэдыр си адыгэщ», «Щхьэлтетым и удж» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри аращ зыусар. Iэмин и языныкъуэ уэрэдхэм гушыIэр я лъабжьэщ, языныкъуэхэм щIагъыбзэ ящIэлъш, нэхъыбэр гъащIэм къыхихащ. 
 Хэхэс адыгэхэм я пшыналъэхэмрэ уэрэдхэмрэ хъума хъуным лэжьыгъэшхуэ ирихьэлIащ Iэмин. И хэкужьымрэ и лъэпкъэгъухэмрэ лъагъуныгъэ ин хузиIэ адыгэлIым и гупсысэхэр къэзыIуатэ уэрэдрэ усэу 100-м щIигъу и лъэпкъым тыгъэ хуищIащ. А уэрэдхэм ящыщ зыбжанэ ихуащ ди щIыналъэм къыщыдэкIа тхылъхэм. Апхуэдэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыдигъэкIа «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых», Унэрокъуэ Рае и «Тыркум ис адыгэхэр», ЗэрамыщIэ Заретэ и «Лъахэ уэрэдхэр», нэгъуэщIхэри. КъинэмыщIауэ, АфэщIыжым и уэрэдхэр ди телевиденэмрэ радиомкIэ къат, абыхэм я фондхэм щахъумэ. 
АфэщIыжыр Чорум, Анкара, Истамбыл Хасэхэм жыджэру хэтащ. 1983 - 1985 гъэхэм ар щыIащ адыгэхэр щыпсэу ди республикищым. Ар хэтащ 2000 гъэм Мейкъуапэ щекIуэкIа лъэпкъ уэрэдыжьхэмкIэ япэ адыгэ фестивалым. 
Мы зэманым Iэмин Чорум къалэм щопсэу, унагъуэ дахэ, бынищ иIэщ. Ар толэжьыхь хьэтхэм я бзэмрэ адыгэбзэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм. Илъэс мини 3,5-рэ ипэкIэ Анадолэм щыIа Хьэт къэралыгъуэм теухуа тхылъитI къыдигъэкIащ. 
Зи гугъу тщIа Iэмин и уэрэдхэм ящыщ, 1960 гъэм иуса «Сыкъэфэну сыкъэкIуащ» жыхуиIэр, тыдодзэ. Хэхэс адыгэхэми хэкурысхэми фIыуэ ялъэгъуауэ джэгухэм, хьэгъуэлIыгъуэхэм щагъэзащIэхэм ящыщщ ар. Къэбэрдейм уэрэдыр хэзыгъэIуар Къущхьэ Догъэнщ. 2002 гъэм Тыркум къыщыдигъэкIа и япэ альбомым хигъэхьащ. Ар Нэхущ Чэрими егъэзащIэ. 

Сыкъэфэну сыкъэкIуащ

 Кавказ мэзыжьым, а маржэ мыгъуэ, 
Уэсышхуэр кIэросэр, уей. 
А хъыджэбз дахэр, а маржэ мыгъуэ, 
Си гущIэм къыносыр, уей.

Сыкъэфэну сыкъэкIуащ, а хьэйрэ, хьэйрэ,
Сыджэгуну сыкъэкIуащ, а хьэйрэ, хьэйрэ, 
Сыпсэлъыхъуу сыкъэкIуащ, а хьэйрэ, хьэйрэ, 
Къэсшэну сыкъэкIуащ, уей.

Си дыжьын къамэр, а маржэ мыгъуэ, 
ЗэпылодыкIри, уей.
ЗэпылыдыкI гущэр, а маржэ мыгъуэ, 
Си дахэ цIыкIуращ, ей. 

Уи нэжьгъуц фIыцIэр, а маржэ мыгъуэ, 
Уи нэкIущхьэм къытохьэ, уей. 
Уи нэкIущхьэ-мыIэрысэр, а маржэ мыгъуэ, 
Си гущIэм къыхохьэр, уей. 

Си пшынэ фIыцIэр, а маржэ мыгъуэ, 
«Iэгу», - жеIэри мэлъаIуэ, уей. 
Мо си ныбжьэгъухэр, а маржэ мыгъуэ, 
«Джэгу», - жаIэри мэлъаIуэ, уей. 
 

Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:

Читать также: