Лэжьыгъэхэр йокIуэкI

Ди щIыналъэхэм

  Шэджэм къалэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэн гъуэгушхуэм щынэхъ ин, КIарэ зэкъуэшхэм я цIэр зезыхьэ уэрамыр.

Къуажапщэм хуэзэ а уэрамым тетщ къалэ администрацэм и унэр, школыр, сабий садыр. Мы зэманым, гъуэгу лэжьыгъэхэм пэрымыхьэ щIыкIэ, ухуакIуэхэм псыр зрикIуэ бжьамийхэр щIалъхьэ. Гъуэгум и бгъуагъым къыхагъэхъуэнущ, транспортыр лъэныкъуитIымкIи щызэблэкIын, лъэс зекIуапIэщIэхэри яухуэн папщIэ. Иужьрейм и фIыгъэкIэ цIыхухэр транспорт гъуэгум темыхьэу дяпэкIэ тыншу зекIуэнущ.

Шэджэм къалэм щызэрагъэпэщыж километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ, Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамри. ЩIыналъэ гъуэгу фондым и мылъкукIэ кърахьэлIэ лэжьыгъэхэр бжьыхьэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.

 «Шэджэм. И пэкIэ кIуэтэн» пэхуэщIэм хиубыдэу яухуэну амфитеатрым ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ятеухуауэ мы махуэхэм зэпсэлъылIащ щIыпIэм и унафэщIхэмрэ Iуэхур къезыхьэлIэну подряднэ организацэмрэ. Зи гугъу ящI  утыку щхьэтехам цIыхухэр кино щеплъынущ, нэгузыужь, концерт программэхэр щрагъэкIуэкIынущ. Шэджэм псы Iуфэм Iуту екIуэкIыурэ, иригъэзыхыу амфитеатрым  екIуалIэ лъэс зекIуапIэр иджыпсту плиткэ дахэхэмкIэ къращIыкI.

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу Шэджэм къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрам нэхъыщхьэм, километри 3,5-рэ зи кIыхьагъым телъ асфальтыр иджырей Iэмалхэм тету къыщагъэщIэрэщIэжащ. Лэжьыгъэм хиубыдащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэхэр, транспорт гъэувыпIэхэр, лъэс зекIуапIэхэр, автобус къэувыIэпIэхэр, гъуэгу дамыгъэхэр щIэуэ тращIащ. Нэхъыщхьэрауэ, лэжьыгъэ псори къыхуагъэува пIалъэм мазитIкIэ и пэ иту зэфIагъэкIащ. Апхуэдэу Шэджэм псыкъелъэхэм хуэзэ, километритI зи кIыхьагъ гъуэгур зыхуей хуагъазэ. Мы зэманым ирихьэлIэу асфальтыр щIэуэ тралъхьащ гъуэгуми, лъэс зекIуапIэми.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

 

 

 

Поделиться: