Музейм и зы махуэ«Гардарика Кавказ» фIэщыгъэцIэм щIэту Май къалэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм къыщызэIуахащ ди къэралым и сурэтыщI зэчиифIэхэм лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIа лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Выставкэр зыщIэт псалъащхьэмкIэ къыщыщIэддзэнщи, скандинав къэралхэм я бзэмкIэ «Гардарика»-м «къалэхэм я хэку» жиIэу къокI - ахэр Урысейм къызэреджэр арат. Пэжу, лIэщIыгъуэ курытым и пэщIэдзэхэм ди хэкум щаухуа къалэхэм езыхэм я архитектурэ гъэпсыкIэ, щэнхабзэ яIэжт. КъищынэмыщIауэ, къалэ къэс щылажьэрт цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я мастерскойхэр. Музейм и унафэщIым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, выставкэр къызэрагъэпэщащ Урысейм и дунеймрэ и тхыдэмрэ къызыхэщ сурэтхэр къэралым и щIыналъэ псоми щыгъэлъэгъуэным теухуа зэщIэхъееныгъэм иригъэкIуэкI Iуэхум ипкъ иту. Жэрдэмыр къыхэзылъхьар Санкт-Петербург дэт музейхэм я лэжьакIуэхэмрэ гъуазджэрылажьэхэмрэщ. Сурэтхэм Урысейм и къалэ мыинхэм щыпсэухэр, зэрыжытIащи, хагъэгъуазэ зэман-зэманкIэрэ къекIуэкIа скульптурэ, сурэт щIыкIэ Iэмалхэм, унэтIыныгъэхэм, гъэпсыкIэхэм, жанрхэм. Май къалэм щагъэлъэгъуахэм яхэтщ Герасимовым, Нехорошевым, Блиновым, ди зэманым нэхъ пэгъунэгъухэу Лагойдэ, Казарян, Коршуновэм, ди республикэм щыщхэу Сарбашев Анзоррэ Ахматов Леуанрэ я Iэдакъэм къыщIэкIахэр. ПэхуэщIэм и узэщIакIуэ Кирилловэ Риммэ зэрытепсэлъыхьамкIэ, Герасимов Михаил и экспозицэхэм я зэхуэдитIыр теухуащ Пушкиныр къызэралъхурэ илъэс 225-рэ зэрырикъум. Къалэдэсхэм яфIэгъэщIэгъуэн мыхъункIэ Iэмал иIэкъым цIыху куэд зыщIапIыкIа таурыхъхэм, усэхэм, хъыбархэм хэт лIыхъужьхэр къызыхэщ теплъэгъуэхэр: Русланрэ иныжьым и щхьэмрэ, Уд фызыжьым, бзаджащIэ Кощей, Черноморрэ абы и зауэлI хахуэхэмрэ, нэгъуэщIхэми. Нехорошев Юрий и лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр зыхуэгъэпсар гъунапкъэ зимыIэ хыхэмрэ толъкъунхэмрэщ: Венецие, «Хоста». Блинов Стас адрейхэм къахощ абстракт гъэпсыкIэм ит, «Дыгъэ фIыцIэ» зыфIища сурэт IэрамэмкIэ. Ахэр гукъэкIыжхэр, щIыуэпс къабзэр, гурыщIэ щхьэхуэхэр, хъуэпсапIэхэр зы щыхъуж «щIыпIэщ». Ди сурэтыщIхэмкIэ дыIэбэнщи, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, урысей, республикэ гъэлъэгъуэныгъэ куэдым зи лэжьыгъэ купщIафIэхэр утыку къыщизыхьа Ахматов Леуан и IэдакъэщIэкIхэм бжьыпэр щаубыд зы чэтэн кIапэм щызэхуэхьэса плъыфэ телъыджэхэм я зэхьэлIэкIэм, зэзэгъыкIэм. Ахэр псори «гармоние»-м и гъунапкъэм къотIасэ, зэпэщIэуэныгъэ ущримыхьэлIэу. Абы сурэтхэр гунэс пщащI. IэщIагъэлIым къызэрыхигъэщамкIэ, Ахматовым и сурэтхэм куууэ уагъэгупсысэ, зэ еплъыгъуэкIэ нэхэм къамыубыдар хуэм-хуэмурэ къыхэпхутыкIрэ, зы теплъэ, зы дуней зэрыIыгъым хуэбгъэкIуэжу. Сарбашев Анзор и сурэтхэм Налшык и гъэлъэгъуапIэхэми щIэх-щIэхыурэ дыщрохьэлIэ. Ахэр пуантилизм гъэпсыкIэм тету щIащ - хэпхъэ цIыкIу-цIыкIуххэу зэхэтщ. Апхуэдэщ «Джэдухэм я лъагъуныгъэ», «Гъатхэ» зыфIищахэр. Апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэм цIыхур куэдым щагъэгъуазэ, гъащIэм нэхъ куууэ ирегъэплъ, псори ауэ къэгъэнауэ, сурэтыщI зыбжанэм я лэжьыгъэхэм зэгъусэу уахэплъэныр, зэплъытыныр телъыджэщ. ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться:
Читать также:
25.03.2025 - 15:09 →
МакъамэкIэ Хэкур зыгъэлъапIэхэр
24.03.2025 - 17:01 →
Зи тхыгъэхэр ди литературэм и фIыпIэ
23.03.2025 - 13:00 →
Гъатхэм и плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэр
21.03.2025 - 13:10 →
КъуийцIыкIу Валерэ ягъэлъапIэ
20.03.2025 - 15:43 →
Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм я фIыгъэкIэ
|