Зыхуагъэувыжа пIалъэм фIэмыкIыу

Гъуэгухэр

 Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм Жырыкъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.
Километр 1,4-рэ зи кIыхьагъ автомобиль зекIуапIэр йокIуалIэ курыт еджапIэм, сымаджэщым, кхъэм.
IэщIагъэлIхэм гъуэгум асфальтыщIэ тралъхьащ, и бгъуитIымкIи лъэс лъагъуэхэр щыпхашащ, иджырей мардэм къитIасэ уэздыгъэхэр щыпадзащ. 
КъинэмыщIауэ, лъэс зекIуапIэм и бгъуитIри ягъэбыдащ, нагъыщэхэр щагъэуващ, гъуэгум и Iыхьэу уней лъапсэхэм екIуалIэхэм асфальт тралъхьащ. 
Шынагъуэншагъэм тещIыхьа нагъыщэхэр гъуэгубгъухэм щагъэуващ, езы автомобиль зекIуапIэм дамыгъэхэр традзащ, лъэс зэпрыкIыпIэхэр щагъэнэхуащ. Абы нэмыщI, гъуэгум и бгъум автобус къэувыIэпIэхэр, языныкъуэ щIыпIэхэм деж Т.7 сфетофорхэр щагъэуващ, машинэ гъэувыпIэхэр хуащIащ. 
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету зэлэжьа автомобиль зекIуапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ зыхуагъэувыжа пIалъэм (мэкъуауэгъуэм) фIэмыкIыу. 
 

КЪАНКЪУЛ КIулиц.
Поделиться: