Уэшх хьэщIэ

Уэшхым содаIуэ. ЛъапцIэу сыхэтщ. Зыри жимыIэу, куэд къызеIуэкIри, уэ узогъэщхьыр уэшхыр. Уафэм къыщожьэ, щIылъэм лъоIусри, ткIуэпсхэр мэщащэ. Сыту сфIэмащIэ уэшхыр… СызыхуэпIащIэ ткIуэпсхэр уафэм еубыдыжри, сэри салъэIэсыжкъым. Си гум илъыжкъым гуауэ. Ауэ… уэшхыр къемышхыуи дауэ?! Сэ ар къысфIощI уэрауэ… СощIэ, жыпIэнур сощIэ…УкъысхуэкIуат уэшх хьэщIэу. Уи гур нэщхъейрэ, нэщIу. УщыIукIыжым, къешхырт… 
Си гум илъыжкъым гуауэ. Си гум щызопI макъамэ. Уэшхым схузэхилъхьауэ. Зыми зэхимыхауэ.

Гугъэ

Сызэпеплъыхь. КъызодэхащIэ. СегъэIущ. Гур егъэгуфIэ, егъэхъуапсэ, егъэпсэу. Псэм хегуашэ гурыфIыгъуэ щэхухэр. Щэху дыдэу, зибзыщIыпэу къызопсалъэ. ТхьэкIумэм итщ, си нитIым щIэтщ, гум илъщ.
Ар си хъумакIуэщ. ГъащIэм и тыгъэшхуэщ, и налкъут-налмэсщ. ИIэкъым упщIэ мыфэмыци, жэуапи къыспихыну хэткъым. 
Мэпсэу… Гум жьэгу дищIыхьауэ… Ужьыхыу хуежьэмэ, щIэрыщIэу къигъэблэжу… Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту игъэхуабэу… Къысхуэгуапэу. СызэхищIыкIыу, скIэрымыкIыу. Сыкъимыгъанэу. Илъагъукъым пцIыи, фыгъуэижи, зэрымыщIи. Ихъуреягъыр гуапагъэрэ къабзагъэрэщ. КъигъэщIыр дахэщ. ГъащIэщ. ГъащIэ псощ. 
И дунейр гъатхэщи, мэгъагъэ, мэгуфIэ, мэуэршэр. Макъамэм хошэпсыхьри, егъэгуфIэ псэр.

Бжьыхьэр къыщыджэкIэ…

Лъэ макъ щабэ бзыщIакIэ бжьыхьэм утыку зыкъещI. Жыгхэр зэм зоIущащэ, зэм къызэдофэ, зэми къудамэ шэщIахэмкIэ жьыбгъэр ялъахъэри, хадэм ирагъэблагъэ, жаIэхэм щIагъэдэIу. Жыгхэм зэдагъэщIагъуэхэр жьыбгъэм иIуэтэжынущ. Зэман кIыхькIэ ишэщIми, жыжьэ нихьэсми, псалъэ лей темыкIуадэу, гухэм зыхащIэу. 
Жьыбгъэм и хъыбар гуэрхэр си дежи къэсынущ, сигу укъигъэкIыжынущ… ЗэкIэ уи деж зыщеIэжьэ. Уэ гукъэкIыж ныпхуихьащи, зэгуэр къэбгъэщIауэ щытахэм псэкIэ уакIэлъопIастхъэ. Ухуейкъым бутIыпщыжыну бжьыхьэм и псалъэр. Ауэ… жыгым и Iэпэр зыIыгъа тхьэмпэр дунеяплъэ йожьэж. Уэ гукъэкIыжым зыхуэпшийуэрэ, гъуэгу зытеувэжам уроплъэж… КъэпцIыхужа? Ар уи хамэу щытакъым. ИтIани утехьэжыфыркъым… Гъуэгур зэпытхукIынущи, гъунапкъэхэр дгъэбыдэжынущ. АбыкIэ дызэгурыIуауэ щытащ - бжьыхьэм ещIэж… 
Дгуэшыжынущ ди бжьыхьэр… Псалъэрэ гухэлъ налъэу къысхуэбгъэфащэу, губжькIэ щIэбуфэжахэм япэкIуэу сыт уэстыжынур? СыткIэ узгъэфIэжыну? 
ХьэщIапIэ уздисшэжынущ жыг хадэм. ЛъапцIэу къыщыткIухьынщ. Тхьэмпэхэр мэIущащэ иджыри. Хьэуам къыхэдна бэуэкIэр бжьыхьэм жыг хадэм щехъумэ.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

05.02.2025 - 16:35 Псэм и усакIуэ
23.01.2025 - 13:46 Лъагъуныгъэ
20.01.2025 - 12:43 Лъагъуныгъэ