Лэжьыгъэм псэ хуабагъэ хелъхьэ

Бей Лианэ 2007 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмкIэ и къудамэр къиухащ. Адыгэбзэр фIыуэ илъагъунымкIэ, лъэпкъыпсэу щытынымкIэ щапхъэ абы хуэхъуащ и адэ шыпхъу, адыгэ радиом и лэжьакIуэ МахуэлI Хъаджэт. Бзылъхугъэр Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и унафэщIым гъэсэныгъэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъущ. НэхъапэкIэ школым психологыу щылэжьащ. «Пэрытхэм я жанагъ» зэгухьэныгъэм школым щиIэ и къудамэм и нэIэ тетщ. Лэжьыгъэм гурэ псэкIэ пэрытщ, ЕджакIуэхэм щIэныгъэ лъабжьэ яIэным, гъэсэныгъэрэ хьэл-щэн дахэхэр яхэлъыным и гуащIэ ирехьэлIэ. 
- Сабийхэм сахэтыну, садэлэжьэну, щIэщыгъуэ гуэрхэр къахуэзгупсысурэ еджэнымрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ дезгъэхьэхыну сфIэфIщ, - жеIэ. 
Ар абы къызэрехъулIэм и щыхьэтщ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрыхуагъэфащэр. Иджыблагъэ ахэм зы къахэхъуащ: республикэм щIалэгъуалэ Iуэхухэм зыщегъэужьыным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ къратащ фIыщIэ тхылъ.
«АтIэ сыт хуэдэ ди къуажэ сабийхэр?» – жытIэу дыщеупщIым къыхигъэщащ езыр зыдэлажьэ ныбжьыщIэхэм папщIэ зэрыгушхуэр.
- Си гур хегъахъуэ я гур утIыпщауэ сыт хуэдэ Iуэхуми зезыпщытыф щIалэгъуалэ зэрыдиIэм. Иджырей щIэблэр щыкIауэ жызыIэ куэд щыIэщ, ауэ сэ а гупсысэм зэи арэзы сытехъуэнукъым. Сызыхэт ныбжьыщIэ цIыкIухэр щIэблэ гъэсам, хабзэ зыхэлъым, щIэныгъэм хуэпабгъэм, зи гур зэIухам я щапхъэщ. Пщэрылъ ящысщIаIауэ сыкъыщагъэщIэхъуа къэхъуакъым, атIэ си щхьэр лъагэу сагъэIэт зэпыт, - жиIащ абы. 
«Пэрытхэм я жанагъ» зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэр курыт еджапIэм щызэпыуркъым. Зэгухьэныгъэм абы щиIэ къудамэр нэхъ хэлъэт зиIэхэм ящыщщ. 
- Iуэху щхьэпэ куэдым дыхэтщи, щапхъэ зыбжани къэсхьынщ. Урысейм Кърымыр къыщыгухьам и махуэр дгъэлъапIэу, ди къэралым и ныпыр зыIыгъ ныбжьыщIэхэр иувыкIыу 10 бжыгъэр къызыхэщ теплъэ дахэ къызэдгъэпэщар абыхэм ящыщщ. Къэралым и Конституцэм, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэм, Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иным я махуэхэр дгъэлъапIэу флешмобхэм дыхэтащ. Школым щокIуэкI «ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэри». Абыхэм къыдогъэблагъэ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэхэр. 
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и илъэси 100-р зэрагъэлъэпIами жыджэру дыхэтащ. ЕджакIуэхэм едгъэцIыхуащ щIыналъэм и гимныр, гербыр, ныпыр. Ди къуажэм и тхыдэм, къыдэкIа цIыху щэджащэхэм теухуауэ дерсхэр екIуэкIащ, - къыддогуашэ Лианэ. 
Къыхэзгъэщыпхъэщ Москва ВДНХ-м щекIуэкI «Россия» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхыхьэм республикэм и лIыкIуэхэм яхэту ар зэрыщыIар.
Лъэпкъ гупсысэ къызыхэщ Iуэхугъуэхэм я гугъу пщIымэ, Лианэ ахэри зыхилъхьэ щымыIэу хэтщ. Ар макъамэ пшыхь, театр гъэлъэгъуэныгъэ е зэIущIэ ирехъу, Iэмал имыIэу щIэщыгъуэ гуэр къыхеубыдыкIри, зыхэт ныбжьыщIэхэм абыкIэ ядогуэшэж. Ди бзэм, ди ныпым, ди фащэм я махуэхэр щагъэлъэпIэну яфIэфIщ школым. 
- Еджэным, Хэкур фIыуэ ялъагъуным, щэнхабзэ зыхалъхьэным, къыддекIуэкI хабзэхэр ялъытэным ди сабийхэр нэхъри дедгъэхьэхын папщIэ Iэмалхэм дыхуокIуэ. Щапхъэу къэсхьынщ, щIэх-щIэхыурэ губгъуэм ныбжьыщIэхэм я шу зекIуэ зэрыщекIуэкIыр. 
Ди усакIуэшхуэ Къэшэж Иннэ и илъэс 80-м ирихьэлIэу «Пэрытхэм я жанагъ» зэгухьэныгъэм ди школым щиIэ и къудамэм къызэригъэпэщащ литературэ хьэщIэщ. ХьэщIэщым Сэрмакъ, Малкэ, Приречнэ къуажэхэм я еджакIуэ пэрытхэри къеблэгъащ. Псоми гукъинэж ящыхъуащ а пшыхьыр – жеIэ Лианэ. 
 Гурэ псэкIэ и IэнатIэм тригъэгушхуэу и унагъуэр и щIыбагъым къыдэтщ Лианэ. СыткIи щапхъэ къыхуохъу и нэхъыжьхэр. Быным я ехъулIэныгъэхэми дамэ къытрагъакIэ. ЩIалэ нэхъыжь Ислъам тху защIэкIэ курыт еджапIэр къиухри, Ставрополь медицинэмкIэ университетым щIэтIысхьащ, дзэ дохутыру йоджэ. Беслъэн 10-нэ классыр къиухащ, фIы защIэкIэ йоджэ, юрист хъуну йохъуапсэ. Рианнэ етхуанэ классыр къиухащ, и дэлъхухэм закъыкIэримыгъэхуу йоджэ. 
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: