Адыгэм и махуэ гъэпсыкIэ

Адыгэм зэманыр пибжыкIыу зэрыщытам, абы мазэхэм зэреджэу щытам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. ЗэрыжаIэмкIи, цIыхухэр апхуэдизкIэ есащ урысыбзэми, адыгэбзэкIэ абыхэм зэреджэу щытам ебгъэсэжыну, яIурыплъхьэжыну гугъу дыдэщ. 
Хьэрыпхэм къищынэмыщIа, адрей лъэпкъыу дунейм тетым къагъэсэбэпыр латиныбзэкIэ псалъэу щыта урымхэм ягъэува махуэгъэпсырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дунейм цIыхуу тетым я процент 70-80-м зэрахьэр а махуэгъэпсырщ.
Иджыпсту «Адыгэ псалъэ» газетым къытрадзэ мазэцIэхэр къипсэлъу,
къыгурыIуэу ди республикэм цIыхуу исыр «Iэпэ зырызу» къыпхуэбжынущ.
ИпэжыпIэкIэ, мазэцIэхэм гъэм и зэманыр тэмэму къагъэлъагъуэркъым. Псалъэм папщIэ, мэкъуауэгъуэ мазэр… Майм и кIэм щыщIэдзауэ августым ипэ пщIондэ цIыхухэр мэкъу щеуэкIэ, а зыр щIэмэкъуауэгъуэр сыт?
Хьэмэрэ, «бадзэуэгъуэм къалъхуат» жызыIэр хэт? Бадзэр гъатхэм щыщIэдзауэ бжьыхьэ щIыIэ хъуху щыIэщ. 
Пэжу, дунейм и пIалъэ ящIэу псэуа пасэрейхэм къащIэнащ нэщэнэ куэд. Ахэр игу ириубыдэкIэрэ, дунейм хуэIэзэ хъукIэрэ цIыхум и зэфIэкIым зиузэщIырт, гъащIэм хуэIэижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дунейм и къэхъукъащIэхэрт. Мэкъумэшым зи гъащIэр теухуар абы пыщIахэм елIалIэрт, Iэщым хэтым абы и пIалъэм нэхъ хищIыкIырт. Аращ пасэрей адыгэм мазэцIэхэр щиубзыхуми тегъэщIапIэ ищIар. 
Адыгэхэм илъэсыр япэщIыкIэ IыхьитIу фIэкIа ягуэшу щытауэ къыщIэкIынукъым – гъэрэ щIырэ, гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэу.
Абы и щыхьэт хуэдэщ «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ» жыхуиIэри.
Тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, иужькIэ илъэсыр IыхьиплI иращIыкIыжащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. 
Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ хуэзэрт. Мазэм махуэ тIощIрэ
пщIырэ, илъэсым махуэ 360-рэ къищтэу арат. Илъэс къэсыхункIэ махуитху-хы къыдидзэрт, икIи ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу яIащ.
Пасэрей адыгэхэм я зэманыр апхуэдизу зэпэлъытауэ щытакъым. Ауэ цIыху набдзэгубдзаплъэхэм дыгъэм и къыщIэкIыгъуэ-къухьэжыгъуэмкIэ зэманыр здынэсар ящIэрт.
Адыгэхэм гулъытэшхуэ хуащIырт дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм. Псалъэм щхьэкIэ, къуажэхэм хэхауэ бгыщхьэ, жыг гуэрхэр яIэт, дыгъэр абыхэм я щхьэщыгум къызэриувэмкIэ зэманыр къащIэу. КъищынэмыщIауэ, лIыжь зэрыс унагъуэхэм сыхьэт башкIэ еджэу пщIантIэм нэхъ дыгъафIэм деж бжэгъу щыхатIэрт, абы идз ныбжьымкIэ сыхьэт бжыгъэр къабжу. Жэщым Вагъуэ быныр я гъуазэт, псом хуэмыдэу абыкIэ зекIуэлIхэр Iэзэт.
Илъэсыр IыхьитIу зэрагуэшыр адыгэхэм Вагъуэбэ «Созвездие Тельца» жыхуаIэ вагъуэ быным ирапхырт. Абы ехьэлIауэ, ди бзэм иджыри къыхэнэжауэ хэтщ мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр:
«Вагъуэбэр щIым къыхэкIащ» – «Созвездие Тельца вышло из-под земли».
«Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ» – «Созвездие Тельца взглянуло на
урожай».
«Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ» – «Созвездие Тельца село на
верхушку дерева».
«Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ» – «Созвездие Тельца вернулось в землю».
Адыгэхэм зэралъытэмкIэ, илъэсым и пIалъэхэр зэрызэблэкIынур зыпыщIар а Вагъуэбэрт. Ар щIым къыщыхэкIым и деж (иджырей мартым и 21-22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, адыгэ илъэсыщIэр къихьэрт.
Гъатхэм хеубыдэ гъатхэпэм (мартым) щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр
(апрелыр) – махуэ 30, накъыгъэр (майр) – махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм (июным) щыщу махуэ 22-рэ.
Адыгэхэр зыщыпсэу щIыналъэм езэгъыу, дэтхэнэ зи чэзу Iуэхур щегъэкIуэкIын хуейм теухуа махуэгъэпси яIэу щытащ. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ мэкъумэш къэкIыгъэри щытесэн хуей, вакIуэ дэкIыгъуэ, мэкъуауэгъуэ зэманхэм ехьэлIауэ. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (июным и 21-22), гъэмахуэм щIидзэрт.
Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ (июль) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэуIу (август) мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокIадэм (сентябрым) махуэ 22-рэ. 
КъыкIэлъыкIуэу, вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (октябрым и 21-22), бжьыхьэр къэсауэ ялъытэрт. Мы лъэхъэнэр мэкъумэшыщIэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщт, гъэ псом къагъэкIар, къагъэхъуар къыщрахьэлIэж пIалъэти. Ари махуэ 91-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокIадэм (сентябрым) щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр (октябрыр) зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкIуэгъуэр (ноябрыр) – махуэ 30, дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуэ 22-рэ.
АдэкIэ Вагъуэбэр щIым хыхьэжу ябж. Ар тохуэ декабрым и 21-22 махуэм, абы щыгъуэ щIымахуэр къихьэу ялъытэ. ЩIымахуэр махуэ 90 мэхъу. Абы хохьэ дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуи 9, щIышылэ (январь) мазэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, мазаер (февралыр) – махуэ 28, 29-рэ хъууэ,гъатхэпэ (март) мазэм щыщу махуэ 22-рэ. ЩIымахуэ шылэр къохьэ щIышылэм и 17-м. Ар махуэ 40-кIэ йокIуэкI. Шылэр еух мазаем и 27-м. Абы иужькIэ аргуэру махуэ 25-кIэ щIымахуэу щытщ.
ГъэщIэгъуэнщ махуэцIэхэри. Блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт, тхьэмахуэ махуэцIэхэр культурэ зэмыщхьхэм пыщIащ, дин зэхуэмыдэхэми я къуэпсыр къыщожьэ. Псалъэм папщIэ, блыщхьэмрэ гъубжымрэ адыгэбзэ къабзэщи, мажусий диным къыхэкIагъэнущ. Бэрэжьейр чристэн диным и щIэинщ, бэрэскэжьейщ зэрыжыIэпхъэри. Махуэкур тхьэмахуэм и 4-нэ махуэщи, ику зэритыр къигъэлъагъуэу адыгэбзэ къабзэщ. Мэремым (Дева Мария) бэрэскэшхуэкIэ еджэуи щытащ. Адыгэхэм журт календарым кърахащ щэбэт махуэцIэр. А махуэм щхьэкIэ шапсыгъхэми хэхэс адыгэхэми «мэфэзакъу» – махуэ закъуэ жаIэ.
- ЩыIэщ зэбдзэкI мыхъун, дуней псом къызэдащтауэ къагъэсэбэп псалъэхэр. Апхуэдэщ мазэцIэхэри. Бзэр дгъэкъэбзэнщ, кхъузанэм щIэдгъэкIынщи, лейр хэдгъэкIынщ жиIэу абы иужь ихьам щыуагъэшхуэ ещIэ. Ар щIэблэм къохьэлъэкI, я анэдэлъхубзэр хьэлъэ ещIри, кърегъэгугъуэкI, - жеIэ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий. 
Урысыбзэр щыдмыцIыхуам адыгэр дызэрыпсалъэу, дызэрызэгурыIуэу щытар сытыбзэ? ЩIыуэпсым щытлъагъум дызэреджэмрэ къызэрытIуатэмрэ дауэ пIэрэт? Хьэмэрэ бзэр къабзэу зепхьэным, «бухуэнщIыным» сыт мыхъумыщIагъэу хэлъыр?!

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: