НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 9, гъубж

1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий.
1931 гъэм
къалъхуащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, драматург, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэтэр Хьэмид.
1932 гъэм
къалъхуащ сурэтыщI Iэзэ, СССР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хьэжу Руслан.
1941 гъэм
къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, ботаник, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэкъун Барэсбий.
1942 гъэм
къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Чэмал.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 31-рэ, жэщым градус 23-рэ щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Блэр зыгъэхуэбэжым йоуэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2025 - 15:13 НОБЭ
24.04.2025 - 12:26 НОБЭ
23.04.2025 - 11:08 НОБЭ