ЦIыхухэм яIуощIэ«Урысей зэкъуэт» партым и Бахъсэн район щIыпIэ къудамэм цIыхухэм щаIущIащ УФ-м и Президентыр Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэза Iуэхухэм хыхьэу, бын зыпI унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ къигъэлъэгъуа IэмалыщIэхэм щахутепсэлъыхьыну. ЗэIущIэм хэтащ «Урысей зэкъуэт» партым и Бахъсэн район щIыпIэ къудамэм и секретарым и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор, КъБР-м и Пенсэ фондым и управленэу Бахъсэн щIыналъэм щыIэм и унафэщI Къумыкъу Iэминат, Бахъсэн районым социальнэ льготэхэмрэ ахъшэхэмрэ зыт и къудамэм и унафэщI Шэшэн Нажмудин, «Урысей зэкъуэт» партым и Бахъсэн щIыпIэ къудамэм и гъэзэщIакIуэ секретарь Къуэшы Ларэ. Ахэр яIущIащ бын куэд зыпI, Къубэ-Табэ, Зеикъуэ, Ислъэмей, Къулъкъужын Ипщэ къуажэхэм щыщ унагъуитхум.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:30 →
IэщIагъэлIхэм я нэIэм щIэту
20.09.2026 - 12:00 →
Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу
19.09.2026 - 10:17 →
Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ
19.09.2026 - 10:00 →
Хэхыныгъэм щIидзащ
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
| ||




