КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ бадзэуэгъуэм и 9-м иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и еханэ зэхуэсыгъуэм и иужьрей зэIущIэр. Абы республикэ закону 8-м зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ират дэIэпыкъуныгъэм щытепсэлъыхьащ.
ЗэIущIэм депутатхэр арэзы щытехъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщакIуэ къулыкъум Мер Юрий гъэувыным теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьа унафэм. Мерым и гуащIэм куэд щыгъуазэми, абы къикIуа гъуэгуанэм къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьым фIэкъабылу, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къэпсэлъащ. Абы зэрыжиIамкIэ, Мерыр юрист IэщIагъэм илъэс 45-кIэ ирилэжьащ, абы щыщу илъэс 30-р - хеящIэ къулыкъум пэрыту. Суд Iуэхум зегъэужьыным, хабзэм тегъэтынымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам къыпэкIуэу, абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. «Мер Юрий и зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ республикэм иджыри хуэщхьэпэну ды-щогугъ», - къыхигъэщащ Къуэдзокъуэм.
Егоровэ Татьянэ Мер Юрий ехъуэхъуащ, депутатхэм зэдэарэзыуэ Iэ зэрыхуаIэтам папщIэ. Нэхъыжьым фIыщIэ яхуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэми, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIми, депутатхэми. «Си гуапэщ щIыналъэм сэбэп сыхуэхъуфмэ. Дзыхь къысхуэфщIамкIэ фыкъызэрызмыгъэщIэхъунум иужь ситынущ», - жиIащ Мерым псалъэ щратым.
Депутатхэм къащтащ «КъБР-м и административнэ щIыпIэхэр зэраубзыхуам теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 7-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. Абы щагъэбелджылащ жыг хадэхэр е хадэхэкIхэр щагъэкI щIыпIэхэр къуажэм и гъунапкъэм хиубыдэу ящIын папщIэ зытетыпхъэ мардэхэр.
ЗэIущIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ къыкIэлъыкIуэ законопроектхэм: «КъБР-м и къэрал IэнатIэм теухуауэ», «КъБР-м и муниципальнэ IэнатIэм теухуауэ», «КъБР-м и хабзэубзыху дэфтэрхэм ехьэлIауэ», «КъБР-м и къалэухуэ лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ», «КъБР-м фэтэр куэду зэхэт унэхэр зыхуей зэрыщыхуагъазэм теухуауэ».
«КъБР-м пщIэ зыщIат автомобиль гъэувыпIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщ щIыкIэм ехьэлIауэ» КъБР-м и законым и проектым щагъэбелджылащ спорт, медицинэ, егъэджэныгъэ, къэрал IуэхущIапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм деж машинэ гъэувыпIэхэм уасэ къыщыIахыну зэрыхуимытыр. Дэфтэрым къыщагъэлъэгъуащ къэрал, муниципальнэ мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм къыщызэрагъэпэщ автомобиль гъэувыпIэхэр (уасэ пэкIуэу) пщIэн-шэу щыщытыпхъэ махуэхэри (гуфIэгъуэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм техуэу).
Законопроектым щIыгъуу, депутатхэм ягъэхьэзыращ «Администртивнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ КъБР-м и Кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. Абы къыщагъэлъэгъуащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа законопроектыр къызэпызудхэм административнэ къуэды зэрытралъхьэну Iэмалхэр. Дэфтэрым къару игъуэтынущ 2024 гъэм фокIадэм и 1-м.
Депутатхэр арэзы техъуащ УФ-м и Къэрал Думэм ягъэхьыну къыхалъхьа «Административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ УФ-м и Кодексым и Iыхьэ 12.3-мрэ 12.37-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» жэрдэмым. КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил зэрыжиIамкIэ, ар зыхуэгъэзар къуаншагъэ ямыIэу гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэм хэхуэхэм я хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъунырщ. «Куэдрэ урохьэлIэ къуаншам страховой полис зэримыIэм къыхэкIыу, зыри зимылажьэм игъуэта хэщIыныгъэр щыхуамыпшыныж. Республикэм транспортыр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыщыхъур къэплъытэмэ, страховкэ зиIэхэми я бжыгъэми хэхъуэн хуейт. АрщхьэкIэ апхуэдэу щыту гу лъыптэркъым икIи ДТП-м хэщIыныгъэ щагъуэтар суд IуэхукIэ зэхагъэкIыжын хуей мэхъу. Аращ къыщIыхэтлъхьар мы дэфтэрыр», - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iуэхухэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алимрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэедрэ. Абыхэм къыхагъэщащ зауэлIхэм я унагъуэхэм лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыратынум иужь зэритыр. «Дзэ комиссариатым Украинэм щекIуэкIым теухуауэ къулыкъу ириджахэм ма-зэ къэс сом мин 25-рэ езыт щIыналъэхэм ди республикэр ящыщщ. Къыхэзгъэщынщи, апхуэдэ Iэмал зиIэ щIыналъэхэр куэд хъуркъым. Фэбжь ягъуэтар зыхуэдэм елъытауэ, сом мини 100-м къыщыщIэдзауэ сом мин 300-м нэс дэIэпыкъуныгъэу къалъос. Къулыкъур ягъэзащIэу хэкIуэдахэм сом мелуан ират», - къыхигъэщащ Асановым.
Дадэ МуIэед жиIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым ди щIыналъэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ цIыху 5560-м Iуэхугъуэ мин 11-м щIигъукIэ IуэхущIапIэм зэрызыхуагъэзар (телефонкIэ зэрыпсэлъари хэту). Абы щыщу Iуэхугъуэ мини 10-м щIигъум я хэкIыпIэхэр къагъуэтащ. Мы зэманым ирихьэлIэу, фондым зэпымыууэ и нэIэ зытригъэтхэр цIыху 749-рэ мэхъу: 272-р СВО-м хэта, зауэм и ветеранхэрщ, 477-р - хэкIуэда лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щыщхэрщ. Дэтхэнэми щхьэхуэу ядолажьэ. Къэпсэлъар щхьэхуэу къытеувыIащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэм зэрадэIэпыкъум, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм я узыншагъэм зэрыщыкIэлъагъэплъым, ныкъуэдыкъуагъ зыгъуэтахэм зэрадэлажьэм. Апхуэдэуи Дадэм къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я социальнэ центрхэр щIыналъэхэм къыщызэIуахыну зэрамурадым, япэм Москва иджыблагъэ лэжьэн зэрыщыщIидзар.
КъБР-м и Парламентым и 6-нэ зэхуэсыгъуэм зэфIигъэкIар къыщызэщIикъуэжым, Егоровэ Татьянэ псом япэу депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ, къэралми республикэм дежкIи зэман нэхъ гугъуу щыта пIалъэм ирихьэлIэу лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIам папщIэ.
- Пандемиер къыщыхъеям, зэпэIэщIэу дылэжьэн хуей хъуами, ди хэхакIуэхэр зы махуи гулъытэншэ тщIакъым. Дзэ Iуэху хэхам щIидзэу, языныкъуэ къэралхэм ди Хэкум зэран къызэрыхуэхъуну санкцэхэр къыщагъэувми, республикэм и социально-экономикэ Iуэхухэр зэпIэзэрыту щытыным ди гулъытэ псор тедухуащ, - къыхигъэщащ Егоровэм. - ЩIыналъэ унафэщIхэр ди гъусэу делэжьащ цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ псори къазэрыIэрыхьэным, хьэрычэт Iуэху мыинрэ курытрэ зиIэхэм зэрызащIэдгъэкъуэным, хамэ къэрал къитшу щытахэм япIэкIэ ди щIыналъэм къыщыщIагъэкIыр нэхъыбэ зэрытщIыным, нэгъуэщIхэми. А псор къыщIыдэхъулIар дызэгурыIуэу къулыкъущIапIэ псори дызэрызэдэлэжьар арауэ къызолъытэ. Мы зэманым ди хэкуэгъу щIалэхэм лIыгъэ яхэлъу я къулыкъур дзэ Iуэху хэхам щагъэзащIэ, Урысейр яхъумэ. Дэ абыхэм дропагэ икIи текIуэныгъэр яIэу къэкIуэжыну дащогугъ. КъБР-м и Парламентым и депутатхэри, республикэ псом я гъусэу, зэпымыууэ дыхущIокъу ди лIыхъужьхэм сыт и лъэныкъуэкIи я Iуэхур ядэтIыгъыну, дазэрыдэIэпыкъур ялъэдгъэIэсыну. Гулъытэншэ тщIыркъым абыхэм я унагъуэхэри - зыкъызэрытхуагъазэ Iуэхухэр зэрызэхэдгъэкIынум иужь дитщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт, КъБР-м и Парламентым мыхьэнэшхуэ зэрыритыр федеральнэ законхэм я проектхэр гъэхьэзырынми. 6-нэ зэхуэсыгъуэм апхуэдэ жэрдэму 7 къыхилъхьащ, 5-р пхыкIащ икIи къару ягъуэтащ. Абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэр мы зэманым нэхъыфIищым хабжэ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки, КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу УФ-м и Къэрал Думэм хэт депутатхэми, УФ-м и сенаторхэми, ди хабзэубзыху IуэхущIапIэр зыдэлажьэ IэнатIэхэми. ЕхъулIэныгъэ, дэрэжэгъуэ фиIэну си гуапэщ.
ЗэIущIэр зэхуащIыжащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ.