Гуащэр къызэрахьар

(Нарт тхыдэжь)

Бжьамияпщэр ягу ирихьати, лӀыжь цӀыкӀур къыхагъэзыхьащ:

- Джэгур умыкъутэ, бжьамийм епщэ! - жаӀэри.

- Си тхьэмадэм хуит сыкъимыщӀауэ, бжьамийм сепщэнукъым, - икӀуэтыжащ лӀыжь цӀыкӀур. - Си тхьэмадэм хуит сыкъевгъэщӀ, - жиӀэри саригъэлъэгъуащ.

- Бжьамияпщэр си пщафӀэщ, - жысӀащ сэ. - Си пщафӀэр бжьамийм езгъэпщэнщ, фи пщащэр къыдэвгъэуджынумэ.

Сыт ящӀэнт: пщащэр къыдашащ.

Пщащэм и Ӏэблэр иубыдри, лӀыжь цӀыкӀур зэ къеуджэкӀащ. Зэ къеуджэкӀри, си деж къыщыблагъэм, лӀыжь цӀыкӀум пщащэр къызитащ:

- Пхъуатэ! - жиӀэри.

Пщащэр шыплӀэм къыдэздзэри - макӀуэ-мэлъей! КъыскӀэлъыпхъэра щхьэкӀэ къысщӀыхьэнутэкъым. Пхъэрыр зыкӀэрызгъэхури, Ӏуащхьэ пӀалъэм секӀуэлӀэжащ. «Иджы сыт сщӀэнур?» жысӀэу сыздэщытым, лӀыжь цӀыкӀур къыскӀэлъысыжащ.

- Ыхьы, Уэзырмэдж, пщащэр къэтхьащ! - жиӀащ лӀыжь цӀыкӀум, къызбгъэдыхьэжри.

- КъэтхьакӀэ къэтхьащ, - жысӀащ сэ. - Къызыхуэтхьаращ сымыщӀэр.

- Къызыхуэтхьар уэращ, - жиӀащ лӀыжь цӀыкӀум. - Мы пщащэр хагъэзыхьауэ лӀы иратырти, си гум техуакъым. Пщащэр уэр фӀэкӀа зыхуэфащэ сщӀэркъым.

ЛӀыжь цӀыкӀур кӀуэдыжащ:

- Фыкъысхуей хъумэ, сыкъэвгъуэтынщ, - жиӀэри.

Си унэ ноби исщ лӀыжь цӀыкӀум къызигъэхьа гуащэр.

Уэзырмэдж мэзым щӀэтурэ здэкӀуэм плъэри гъэхъунэм зыш ирилъэгъуащ. Шыр лъэхъащ, шыр зейр къыӀэщӀэлъэгъуакъым. «Мыр зейр жыжьэ ӀукӀакъым, и лӀыгъэр згъэунэхунщ», - жиӀэри Уэзырмэдж мэзым къыхэкӀащ, гъэхъунэм ихьэри, шыр шхуэмылакӀэкӀэ къришэжьащ, лъахъэр ирихри. Шыр зейр мэзым щакӀуэ хыхьауэ джабэм кӀэрытти, къаплъэри Уэзырмэдж къилъэгъуащ.

- Уэзырмэдж, мы къызэпщӀэр хъункъым, шыр иумышажьэ, - къегуоуащ шыр зейр.

«Мыбы дэнэ сыкъыщицӀыхурэ?» - жиӀэри игъэщӀэгъуащ Уэзырмэдж, арщхьэкӀэ шыр иутӀыпщыжакъым, гъэхъунэм къикӀыжри, и гъуэгу техьэжащ.

Шыр зей щӀалэм, мэзым къыхэкӀыжри, Уэзырмэдж и лъэужьыр ирихужьащ, пщӀэгъуалэм и кӀэбдзым телъ дамыгъэм гу лъитати.

Уэзырмэдж и унэ ихьэжри, и пщӀэгъуалэри мэзым къыщӀиша шыри шэщым щӀигъэзэгъащ, и лъэужьыр шыр зей щӀалэм къызэрихунум шэч къытрихьэртэкъыми, кӀуэри хьэщӀэщым щӀэтӀысхьащ. Пшапэр зэхэуауэ, шыр зей щӀалэр къэсащ. Уэзырмэдж щӀалэм пежьащ:

- Еблагъэ, - жиӀэри.

- Себлэгъэнукъым, - еблэгъэн идакъым щӀалэм. - Уи пщӀэгъуалэр къысхудэш. ЦӀыхум дыкъыумыгъащӀэ. ПщӀэгъуалэр къысхудумышмэ, бэлыхь ухэздзэнщ.

Уэзырмэдж и пщӀэгъуалэр шэщым къыщӀишри, щӀалэм иритащ.

- Уэзырмэдж л1ы бланэщ жаӀэ. Убланэмэ, джэгум къыхэпша фызым дамащхьэкӀэ пхъэ къыхуэхь, уэ шыкӀэ пщӀэжын щыӀэкъым, - жиӀэри щӀалэр Уэзырмэдж и пщӀэгъуалэм шэсри ежьэжащ.

«И лӀыгъэ згъэунэхуащ, си лӀыгъи игъэунэхун мурад ищӀащи, ищӀэм сеплъынщ», - жиӀэри Уэзырмэдж хьэщӀэщым ихьэжащ. ЩӀалэм къытригъэзэнкӀэ гугъами, къытригъэзакъым. Зы гъи гъитӀи дэкӀащ - щӀалэм къытригъазэркъым. И гугъэ пщӀэгъуалэм хихыжри, Уэзырмэдж тӀысыжащ. И дамыгъэр зытелъ пщӀэгъуалэр щыфӀэкӀуэдым, Уэзырмэдж нэгъуэщӀыш шэсыжакъым, зекӀуэми яхэмыхьэж хъури, и унэ къинэжащ.

И унэ къинэжауэ исурэ, зы гъэри гъитӀри кӀуауэ, Уэзырмэдж и куэбжэм зы шу къыӀухьащ. Шум Уэзырмэдж и пщӀэгъуалэр и Ӏэдэжт.

- Еблагъэ, - жиӀэри шум пежьащ Уэзырмэдж.

- Себлэгъэнукъым, - жиӀащ шум. - Ирикъункъэ фызым дамащхьэкӀэ пхъэ къызэрыхуэпхьар? Уи пщӀэгъуалэр къыпхуэсшэжащ. Си лъэужьыр нэпхун си гугъа щхьэкӀэ, нэпхуакъым. ЗекӀуэм уахыхьэжынумэ, пщӀэгъуалэр щхьэусыгъуэ умыщӀ. Сэ уи нысащӀэм сридэлъхущ, унагъуэр дыбгъэгузэвати, уэри удгъэгузэвэжащ. Иджы адэкӀэ благъэу дыкъызэрыпщтэщ, - жиӀэри щӀалэр ежьэжащ, пщӀэгъуалэр Уэзырмэдж къритыжри.

ЛӀым и лӀыгъэ згъэунэхунщ, жиӀэжакъым Уэзырмэдж абы и ужькӀэ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: