Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэхэм, абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

1. «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэхэм, абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн :

а) 1-нэ пунктым:

«б» пункт щIагъым «дзэ къулыкъущIэхэм я унагъуэхэм ящыщхэр» псалъэхэр «мы Указым и 4-нэ пунктым «а»-«в» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа дзэ къулыкъущIэхэм я унагъуэхэм ящыщхэм (ахэр ямыIэмэ - мы Указым и 4-нэ пунктым и «г» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуахэм) псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын, сом бжыгъэхэм щыщIыгъужын «дэтхэнэми псом яхуэдиз Iыхьэ ялъысу» псалъэхэр;

«г» пункт щIагъым «цIыхухэм я унагъуэхэм ящыщхэм» псалъэхэр «мы Указым и 4-нэ пунктым и «а»-в» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуа унагъуэхэм ящыщхэм (ахэр ямыIэмэ - мы Указым и 4-нэ пунктым и «г» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа цIыхухэм я унагъуэхэм») псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын, сом бжыгъэхэм «дэтхэнэми псоми яхуэдиз Iыхьэ лъысу» псалъэхэр щыщIыгъужын;

«е», «ж» пункт щIагъхэм мыхэр щIыгъужын;

« е) Урысей Федерацэм и Следствие комитетым и лэжьакIуэхэу (дзэ къулыкъущIэхэр хэмыту) зауэ Iуэху хэхар щрагъэкIуэкIым я пщэ далъхьа къалэнхэр щагъэзащIэм Украинэм, Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым, Херсон областым я щIыналъэхэм щыхэкIуэдахэу (ныкъуэдыкъуагъэ хахам (контузиехэм, фэбжьхэм, уIэгъэхэм) е къеуэлIа узым къыхэкIыу къулыкъур къызэрагъанэрэ зы илъэс нэхъ дэмыкIыу ахэр лIамэ), ягъэува хабзэм тету хъыбарыншэу къэтхэу е мыпсэужу къалъытахэу (адэкIэ къызэрыкIуэнур хэкIуэда (лIа) лэжьакIуэхэущ) Урысей Федерацэм и цIыхухэм икIи щыхэкIуадэм (щылIэм) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэпымыууэ щыпсэуахэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм хатхауэ Урысей Федерацэм и Следствие комитетым и следствие органхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм къулыкъу щезыхьэкIахэм е а къэдгъэлъэгъуа органхэм ирагъэкIыу Урысей Федерацэм и Следствие комитетым Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым, Херсон областым щиIэ следствие оранхэм ягъэкIуахэм е хэкIуэдам (лIам) и хьэдэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыщIалъхьам (кремацэ щащIам) я унагъуэхэм ящыщхэу мы Указым и 4-нэ пунктым и «а»-«в» пункт щIагъхэм къыщыгъэлъэгъуахэм (ахэр ямыIэмэ, мы Указым и 4-нэ пунктым и «г» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуахэм) зэуэ дэIэпыкъуныгъэу сом 1000000 хъууэ ират дэтхэнэми псоми яхуэдиз Iыхьэ лъысу (адэкIэ къызэрыкIуэнур - хэкIуэда (лIа) лэжьакIуэм мылъкукIэ зэуэ ират дэIэпыкъуэныгъэущ);

ж) Урысей Федерацэм и Следствие комитетым и следствие органхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэхэм щыIэхэм я лэжьакIуэхэу (дзэ къулыкъущIэхэр хэмыту), зи гугъу тщIы органхэм я лэжьакIуэхэу Урысей Федерацэм и Следствие комитетым Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым е Херсон областым щиIэ следствие органхэм къулыкъу щрахьэкIыну ягъэкIуахэу зауэ Iуэху хэхар щрагъэкIуэкIым я пщэ далъхьа къалэнхэр ягъэзащIэурэ Украинэм, Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым, Херсон областым я щIыналъэхэм ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыха контузиехэр, фэбжьхэр, уIэгъэхэр) лэжьакIуэхэу (адэкIэ къызэрыкIуэнур - ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыха лэжьакIуэхэущ) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэпымыууэ щыпсэухэу Урысей Федерацэм и цIыхуу щытхэм е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щатхауэ а органхэм къулыкъу щызыщIахэм зэ мылъкукIэ ядоIэпыкъу (адэкIэ къызэрыкIуэнур - ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха лэжьакIуэхэу зэуэ мылъкукIэ ират дэIэпыкъуэныгъэущ):

узыншагъэм мащIэу зэран хуэхъу фэбжь зыгъуэтам - сом 100000 хуэдизкIэ;

узыншагъэм зэран хуэхъу фэбжь курыт зыгъуэтам - сом 200000 хуэдизкIэ;

узыншагъэм зэран хуэхъу фэбжь хьэлъэ зыгъуэтам - сом 300000 хуэдизкIэ;

б) етIуанэ пунктым и етIуанэ абзацым «доброволец» псалъэхэм «лэжьакIуэ» псалъэр щыдэщIыгъун;

в) 3-нэ пунктым и япэ, етIуанэ абзацхэр мыпхуэдэу тхын;

«3. Зыуэ щыт мылъку дэIэпыкъуныгъэ хэкIуэда (лIа) зауэлIым и унагъуэм ящыщхэм, хэкIуэда (лIа) доброволецым и унагъуэм щыщхэм, хэкIуэда (лIа) лэжьакIуэм и унагъуэм щыщхэм, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха дзэ къулыкъущIэхэм, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха доброволецхэм, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха лэжьакIуэхэм ират дзэ къулыкъущIэр, доброволецыр, лэжьакIуэр зэрыхэкIуэдам (зэрылIам) къыхэкIыу (Урысей Федерацэм апхуэдэу дзэ къулыкъущIэм, доброволецым, лэжьакIуэм ныкъуэдыкъуагъэ зэрыхихам къыхэкIыу зэ ахъшэ къыIихынымкIэ яIэ хуитыныгъэу Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыгъэувахэр (Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыгъэува Iыхьэхэри къэлъытауэ) къамыгъэсэбэпамэ;

ХэкIуэда (лIа) дзэ къулыкъущIэм и унагъуэм щыщхэм хэкIуэда (лIа) доброволецым и унагъуэм щыщхэм, хэкIуэда (лIа) лэжьакIуэм и унагъуэм щыщхэм зыуэ щыт мылъку дэIэпыкъуныгъэу ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха дзэ къулыкъущIэхэм, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха доброволецхэм, ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха лэжьакIуэхэм иратар;

г) 4-нэ пунктым «доброволец» псалъэм «лэжьакIуэ» псалъэр щыщIыгъун;

д) 5-1-нэ пунктым:

«а» пункт щIагъым мыпхуэдэ абзац щIыгъун:

«Урысей Федерацэм и Следствие комитетым и следствие органхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэхэм я лэжьакIуэхэу (дзэ къулыкъущIэхэр хэмыту) зауэ Iуэху хэхар щрагъэкIуэкIым я пщэ далъхьа къалэнхэр ягъэзэщIэн папщIэ а къэдгъэлъэгъуа органхэм ирагъэкIыу Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым, Херсон областым я щIыналъэхэм щагъэзэщIэн папщIэ Урысей Федерацэм и Следствие комитетым Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Луганск ЦIыхубэ Республикэм, Запорожье областым, Херсон областым щиIэ следствие органхэм ягъэкIуахэр»;

«в» пункт щIагъым щIыгъун «зауэ Iуэху хэхар щрагъэкIуэкIкIэ я пщэ далъхьа къалэнхэр мы пунктым и «а» пункт щIагъым къыщыгъэлъэгъуа щIыналъэхэм лэжьакIуэхэм (дзэ къулыкъущIэхэр хэмыту) щагъэзэщIэн папщIэ» псалъэхэр.

2.Мы Указым щыщ Iыхьэхэм къызэщIаубыдэ «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэхэм, абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-м къару игъуэта иужь зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек.

Налшык къалэ

2024 гъэм бадэуэгъуэм и 8-м

№55-УГ.

Поделиться: