НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 15, блыщхьэ

ЩIалэгъуалэр IэпщIэлъапщIагъэм хуэгъэсэным и дунейпсо махуэщ
1939 гъэм
Бахъсэн, Аруан, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм район газетхэр къыщыдэкIыу хуежьащ.
1924 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист Шакъ Беслъэн.
1929 гъэм
къалъхуащ IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, профессор Пщыбий Инал.
1928 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэдж, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нало Заур. 
1939 гъэм
къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ашэбокъуэ Леонид.
1948 гъэм
къалъхуащ адыгэ усакIуэ Балъкъыз Батий.
1959 гъэм
къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Башорэ Хьэмид.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 - 29-рэ, жэщым градус 16 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Абы нэхърэ хьэм нэхъ укIытэ иIэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.08.2026 - 12:26 НОБЭ
14.08.2026 - 13:50 НОБЭ
13.08.2026 - 07:55 НОБЭ
12.08.2026 - 12:25 НОБЭ