ЩIыпIэцIэхэм илъэс куэдкIэ елэжьа Мурзаев Э. М. зэритхащи, «Иджырей гъащIэр уи нэгу къыпхущIэгъэувэнукъым узыщыпсэу щIыпIэм и фIэщыгъэцIэхэм ущымыгъуазэу, умыцIыхуу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэнэкIэ дгъазэми, ахэр дэ ди гъуэгугъэлъагъуэщ, ди сабиигъуэр къызыхэщыж, дигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэщ». Урыс тхакIуэшхуэ Паустовский К. зэрыжиIащи: «А фIэщыгъэцIэхэм ящыщ дэтхэнэми къыбжаIэж а щIыпIэм щыпсэуа, щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр, я псэукIар, яIа лэжьыгъэр, яхэлъа хьэл-щэныр, къадэгъуэгурыкIуа хабзэр».
- ИлъэсищкIэ делэжьащ Курп Ищхъэрэ (Къаншуей), Инарыкъуей, Курп Ипщэ (Ислъэмей) щIыпIэцIэхэр джыным, - жеIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Эммэ. - Псалъэм папщIэ, Къаншуей и щIыпIэ, къуэ, псынэ, сын къэс езым и хъыбар, тхыдэ иIэжщ, къуажэдэс псори абыхэм щымыгъуазэ, ямыщIэж щхьэкIэ. ИкIи, абыхэм ящыщ куэдым дэ мы лэжьыгъэм дыщытепсэлъыхьынущ. А псор мыкIуэдыжым тфIэфIу, щIэблэм ар едгъэщIэн, щыдгъэгъуэзэн, дэри дджын мурадкIэ, едгъэжьат мы къэхутэныгъэхэр. ИкIи мы ди лэжьыгъэр ттхын и пэ къихуэу, дэ мы щIыпIэхэм дыкIуащ, зэдгъэцIыхуащ, сурэт тетхащ, абы теухуауэ къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэм ящыщу зыгуэр зыщIэжхэм я жыIэ дыщIэдэIуащ. Псори зэхэту щIыпIэ 44-м я фIэщыгъэцIэ къэтхутащ.
Къаншуейдэсхэм зэрыжаIэжымкIэ, къуажэр 1815 гъэм мы щIыпIэм къитIысхьащ. Мы къэхутэныгъэ лэжьыгъэм дыщыпэрыхьэм япэ дыдэ зызыхуэдгъэза Жылэхьэж Айваррэ Щомахуэ Рашидрэ къыджаIэжа хъыбархэм тепщIыхьмэ, япэ дыдэу мыбы зи гугъу щытщIын, къэдгъэлъэгъуэн хуейр Мэлгъэбэг лъэныкъуэмкIэ къуажэ къыдыхьэпIэм деж щыт «Къаншуейр къызэритIысхьам и щыхьэт сыныжьитIращ». 1815 гъэм мы сыныжьитIыр хатIауэ къалъытэ, Къаншуей къуажэр мыбдеж къызэритIысхьам и щыхьэту. Зы сыныр цIыхубзым ейщ, етIуанэр - цIыхухъум. Ар цIыхубзым, цIыхухъум ейуэ зэхэдзауэ зэрыщытым и щыхьэтщ щыгъын сыным тещIыхьахэр - цIыхубз фащэм щыщ Iыхьэхэр, псалъэм папщIэ, и бгъэIулъыр, адрейм цIыхухъу фащэм щыщу хьэзырхэр IупщIу болъагъу, езыхэри зыр нэхъ цIыкIуу, адрейр нэхъ ину, цIыхухъурэ цIыхубзу зэрыщытыр IупщIу щытщ, тетхауэ тет тхыгъэхэм нэмыщI.
Сынхэр мывэ дыдэм къыхэIущIыкIащ, зым тхыгъэр хьэрыпыбзэкIэ тетхащ, гъэри тетщ.
А сыныжьитIым уакъыфIэкIмэ, «Алъхъохэ я сыныжьитIым» урохьэлIэ.
Псоми зэрытщIэщи, Алъхъохэ (Алъхуохэ) пщы лъэпкъыу щытащ, Къаншуей щыпсэуащ Алъхъоупщыр, - къыпещэ адэкIэ Рашид и хъыбарым.
Эммэ къызэриIуэтэжымкIэ, 1835 гъэм щIышылэм и 17-м Алъхъо зэкъуэшхэм жасы нэмэзыр ящIу мэжджытым щIэсу, гъуанэдэуэу зыгуэр щIэуэри зэкъуэшхэм ящыщ зы хиукIыкIат. Ар Алъхъо (Алъхуо) Темрыкъуэм и къуэрылъхут. Сыныр абы хуагъэувауэ аращ зэрыжаIэжымкIэ, ауэ сынитI щIэхъур ящIэркъым, яукIар зыуэ жаIэ, сыныр тIу мэхъу. «ЗыукIари яукIыжауэ пIэрэ?» - жытIэу дыщыщIэупщIэм, абы зыри арэзы техъуакъым, сыту жыпIэмэ, япэрауэ, апхуэдэу щытми, а тIур зэгъусэу зы щIыпIэм щыщIалъхьэнутэкъым, етIауэнэрауэ, яукIыжами, сынитIыр зэгъусэу, зэбгъэдэту хатIэнутэкъым. Уегупсысмэ, ари зы лъэныкъуэкIэ пэжщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъегупсысмэ, сыныр тIу щIэхъур сыт? Дэри а псор тфIэгъэщIэгъуэн хъууэ, нэхъ куууэ къыщытлъыхъуэм, дыщыщIэупщIэм, къуажэдэс, ауэ Налшык щыпсэу КIэрашэ Мишэ зыхуэдгъэзащ, абы тхылъ куэд къуажэм, и сабиигъуэм теухуауэ зэхуихьэсу зэхэтхати. Абы иджыблагъэ къыдигъэкIа «КIэрашэ лъэпкъым и тхыдэ» тхылъым зэритымкIэ, сын етIуанэр езы Алъхъо Темрыкъуэпщым ейщ, зэрыжаIэмкIэ, мы мывэ бэным (склепым) Темрыкъуэм и анэм и хьэдэри дэлъщ. Абы уэсят къищIауэ щытауэ аращ и къуэм и гъунэгъуу щыщIалъхьэжыну. «ХьэукIыкъуэ» жыхуаIэ щIыпIэм и дежщ сынитIыр здэщытыр, щIалэри щаукIар. Мы щIыпIэм и деж Алъхуодэсхэр къакIуэурэ Тхьэ щелъэIурт, уэгъу къэхъуамэ, уэшх къригъэшхыну.
Къаншуей къуажэмрэ Инарыкъуей ЦIыкIу жыхуаIэ къуажэмрэ я щIым и зэпылъыпIэм деж «Къамбэчокъуэ сыныжьитI» жыхуаIэр щытщ. Мыхэр, зэрыжаIэмкIэ, кIарц жыгщ къызыхэщIыкIар - мывэкъым. «УмаргъынэIу»-кIэ зэджэ щIыпIэм хуозэ сынитIыр зыдэщытыр, зэрыжаIэмкIэ. Мыбы и хъыбар къыджезыIэжын нэхъыжьи нэхъыщIи дгъуэтакъым, уеблэмэ езы къуажэм теухуа тхылъыр щатхми ямыгъуэтауэ жаIэ, ауэ КIэрашэ Лиуан зэрыжиIэмкIэ, Сунжэм Къамбэчокъуэхэ дэсащ, щыпсэуащ. А унэцIэр зиIам щыщ иджыпсту зыри щыпсэужкъым къуажэм. АдэкIэ мы Iыхьэм къыщыдгъэлъэгъуа «Жагъыщэхэ я сынхэр» жыхуиIэр Инарыкъуей уикIыу Къаншуейм ущыкIуэкIэщ зыдэщытыр. Жагъыщэхэ мы къуажэм дэсауэ аращ жаIэр. ЗэманкIэ ар зыхуэзэр 1862 гъэхэрщ.
Хьэрэдурэм къызэритIэщIыжамкIэ, сын етхуанэу тхыгъэм къыщыдгъэлъэгъуар зыхуагъэувар КIэрашэ ЛIыхъурейщ. ЛIыхъурей 1908 гъэм Сирием щылIауэ аращ, зэрыжаIэжымкIэ. Хьэж ищIауэ Мэчэм къикIыжу дунейм ехыжащ, и гъусэу абы кIуауэ щытахэм Сирием щыщIалъхьащ, ауэ сыныр мывэм къыхэщIыкIауэ, ЛIыхъурей и къуэхэм фэеплъу хуагъэувауэ щытащ. Иджы сыным тетхауэ тет тхыгъэр и къуэрылъху КIэрашэ Лиуан 2017 гъэм тригъэтхащ. КIэрашэ ЛIыхъурей и сыным и деж жаIэу щIыпIэр абы кърацIыхуж, езыр Тэрч къалэ уикIыу ущыкIуэкIэ къуажэм унэмысыпэу щытщ. Илъэсищэм щIегъу ар зэрагъэуврэ.