ЩIэныгъэншагъэр щагъэкIуэд зэмантИджыпсту еджагъэшхуэхэр куэд хъуами, нэхъ пасэм республикэм IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр и мащIэт, абы къыхэкIыуи епIэщIэкIыу ахэр ягъэхьэзырырт. Къуажэ школхэм урысыбзэр щегъэджыныр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIащIахэм ящыщщ РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Бэрэгъун Мухьэмэд Хьэжпагуэ и къуэр. Монографиеу 4-рэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 50-м нэблагъэрэ зи Iэдакъэм къыщIэкIа Бэрэгъуныр дунейм ехыжа нэужьи, абы зэхилъхьа азбукэхэр, зэреджэну тхылъхэр мызэ-мытIэу къыдагъэкIыжащ. Мухьэмэд и тхылъхэм я автор хуитыныгъэхэр хабзэкIэ и шыпхъухэм къалъысати, иужьрейуэ абыхэм аргуэру зэ, 2002 гъэм, зыкъыхуагъэзэжри, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэлъу, щIэрыщIэу къыдагъэкIыжат, илъэс зыбжанэкIи абыхэмкIэ сабийхэр ирагъэджэжащ. Куэдым ящIэж абы и тхылъхэм я фIагъыу щытар, уеблэмэ нобэхэми жаIэу зэхыбох абы и къэхутэныгъэхэр ягу ирихьу ирилажьэу, еджэу зэрыщытар. Урожайнэ къуажэм дэт курыт школым фIы дыдэу щеджа Бэрэгъуныр, Налшык Лениным и цIэр зэрихьэу щыIа еджапIэ къалэ цIыкIум ягъакIуэри, ар къиуха нэужь, Къэбэрдей къэрал педагогикэ институтым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ, икIи еджэныр абы апхуэдизкIэ фIыуэ къехъулIэрти, и пIалъэр нэмысу илъэсищрэ ныкъуэм къиухащ. Мухьэмэд къыдеджахэм, зыдэгъуэгурыкIуахэм, и ныбжьэгъуу щытахэм ящыщщ школ унафэщIу, республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIу илъэс куэдкIэ лэжьа, адыгэхэм я дыщэ хэдыкIыкIэр къэзыIэтыжа КIыщ Хьэзрэталии, егъэджэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэу КIуэкIуэ ДжэбрэIил, Апажэ Мухьэмэд, Ким Юрэ, Ержыб Аслъэн, ХьэкIуащэ Андрей сыми. Мухьэмэд Урожайнэм дэт курыт еджапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу илъэс зыбжанэкIэ щылэжьэну хунэсауэ, РСФСР-м Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ и академием лъэпкъ школхэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэм щIэтIысхьэри, и кандидат лэжьыгъэр 1957 гъэм щIэх дыдэу щыпхигъэкIащ. Къыщалъхуа щIыпIэм къигъэзэжри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмкIэ илъэс зыбжанэкIэ щригъэджа нэужь, Лъэпкъ школхэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэлI нэхъыжьу лэжьэну ираджэри, «урысыбзэкIэ сабийхэр зэрырагъэджэн тхылъ диIэкъым, абы уелэжьын хуейщ», - къыжраIащ. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэу Урожайнэ къуажэм дэт курыт еджапIэр къащтэри, илъэс 15-кIэ Бэрэгъуныр телэжьащ адыгэ школхэм урысыбзэр тыншу сабийхэм къыщегъэщтэным. Бэрэгъуным и Iуэху бгъэдыхьэкIэри гъэщIэгъуэнт. Абхъаз-адыгэ бзэхэр зыIурылъхэм урысыбзэр тыншу зэребгъэджыным теухуа методикэ чэнджэщхэмрэ дерсхэр зэрырагъэкIуэкIыпхъэхэмрэ абы гъунэгъу школхэри хигъэгъуазэрт. Болэтейм, ХьэпцIейм, Опытнэм я егъэджакIуэхэм и къэхутэныгъэхэр яхуихьрэ ахэр сабийхэм зэрыгурагъэIуэфым кIэлъыплъыжу, къехъулIар къыхигъэщрэ щыщIэныгъэхэр игъэбелджылыжу дерсхэм щIэсу щытащ. А къуажищым емызэшыжу, лъакъуэрыгъажэм тесу илъэс куэдкIэ кIуэурэ, егъэджэныгъэр тэмэму зэтриублэфат. ГъэщIэгъуэнращи, урысыбзэм телажьэми, Бэрэгъуныр и анэдэлъхубзэми зэрыхуэшэрыуэр къыхагъэщырт. И къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зыхуигъэувыжарати, цIыхубэр бзэм дригъэхьэхащ. А зэманым курыт школым щрагъэкIуэкI щIэныгъэ конференцхэм гъунэгъу республикэхэм, уеблэмэ Тэтэрми, Азербайджанми, Абхъазми къикIыурэ, я егъэджакIуэхэр къакIуэрти, Урожайнэ школым щекIуэкI дерсхэми мащIэрэ щIэса щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр?! А псор къызэригъэпэщырт Бэрэгъуным. КъБКъУ-м ПэщIэдзэ щIэныгъэ зэрырат методикэмрэ педагогикэмрэ теухуауэ кафедрэ къыщыщызэIуахам, Бэрэгъуныр абы щылэжьэну ираджат, арщхьэкIэ зи лэжьыгъэм дихьэха щIалэр яхуэкIуатэкъым: «Сызыпэрыт Iуэхум сфIэхьэлэмэту сролажьэ», - яжриIэри. Апхуэдэ хьэлэлагъкIэ зи Iуэхум бгъэдэтам къыфIащат СССР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник цIэ лъапIэри, къыхуагъэфэщат нэгъуэщI дамыгъэхэри. Тхылъыр уи закъуэу къыдэбгъэкIыным гугъуехь пылъу щытащ. Абы къыхэкIыу, Мухьэмэд Лъэпкъ школхэм я щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэхэу Хватай-Мухэ Клавдиерэ абазэ щIалэ Экбэ Назиррэ и гъусэу зэман зэхуэмыдэхэм лэжьащ. Ахэр Москват здэщыIэри, Мухьэмэд къыхуихуэрт мазэм зэ-тIэу щыхьэрым щыкIуэ, языныкъуэхэми езыхэр къыхуеблагъэрэ зэдэлажьэу илъэс куэдкIэ зэдэгъуэгурыкIуащ. Абы и шыпхъуищри курыт школым Iутащ. Абыхэм ирамыгъэджа къуажэм дэсыжкъым, жаIэу зэхыбох. Бэрэгъуным и урыс лэжьэгъухэм ягъэщIагъуэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и адыгэ къуажэ пхыдзам къыщыхъуа щIалэ цIыкIур урысыбзэ къабзэкIэ, зы щыуагъи хэмыту дахэу зэрыпсалъэр. Уегупсысмэ, ари цIыхум къыдалъху зэфIэкIхэм хуэдэ къыщIэкIынщ. Урожайнэ къуажэр илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу (2016 гъэм), Тэрч районым и щIыпIэ администрацэмрэ Джылахъстэней Адыгэ Хасэмрэ я гукъэкIкIэ, Бэрэгъун Мухьэмэд и цIэр фIащыжащ еджагъэшхуэм гугъу зыщригъэхьа и курыт школым. Нэхъ пасэуи абы и цIэр фIащауэ щытащ къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым. - Къуажэ школхэм щIэс адыгэхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ куэди еджащ Бэрэгъун Мухьэмэд и «Урысыбзэмрэ жьэрыIуатэбзэмрэ» тхылъымкIэ. ГъэщIэгъуэнт - ар щIэлажьэр улахуэратэкъым, хьэмэрэ пщIэ къыхуащIыным щхьэкIэтэкъым, атIэ къыдэкIуэтей щIэблэм папщIэт, - жеIэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Людмилэ. - Абы сабийхэм я закъуэтэкъым иригъаджэр, ар егъэджакIуэхэми я ущиякIуэт. Бэрэгъуным и къэхутэныгъэ лэжьыгъэм къыхишат Гугъуэт Лол, Сыкъун Хьэсэн сымэ, нэгъуэщI еджагъэшхуэхэри. ЛIэщIыгъуэм и цIыху зыхужаIэм хуэдэщ Бэрэгъуныр, абы и цIэр щыхэIущIыIут нэгъуэщI щIыналъэхэми. Мухьэмэд бгъурытахэми иригъэджахэми ар зэи ягу ихунукъым. Дауи зыщыбгъэгъупщэн союзпсо мыхьэнэ зиIа егъэджакIуэ лъэщыр?! Апхуэдэхэр куэд хъуртэкъым».
Поделиться:
Читать также:
06.05.2025 - 14:29 →
Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэрт
06.05.2025 - 13:23 →
ЗэфIигъэкIар мащIэкъым
05.05.2025 - 16:14 →
Зы цIыхуми елъытащ
05.05.2025 - 14:33 →
Си анэм сеупщIыжынущ
05.05.2025 - 13:27 →
Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ
|