Сабий поликлиникэхэр IэмэпсымэкIэ къызэрагъэпэщ![]()
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм сабийхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ и IуэхущIапIэхэм сом мелуан 76-рэ и уасэ иджырей диагностикэ Iэмэпсымэхэр къаIэрыхьащ. Ахэр къащэхуащ сабий поликлиникэхэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм щеIэзэ я IэнатIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса федеральнэ программэм ипкъ иткIэ. Абы текIуэдэну мылъкур къыхэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондымрэ республикэ бюджетымрэ. Медицинэ Iэмэпсымэу 50 къащэхуащ. Абы хэтщ УЗИ-аппаратхэр, абыхэм сымаджэщхэм къыщагъэсэбэпхэри къепхьэкI хъухэри яхэту, анализ зэращI, нэ, кIуэцI узыфэхэр къызэрахутэхэр, нэгъуэщI куэди. Iэмэпсымэхэр къыздепхьэкIи мэхъу, абы и фIыгъэкIэ сабийхэм я узыншагъэр унэми къыщапщытэфынущ. Налшык къалэ дэт сабий поликлиникэ №1-м Iэмэпсымэхэм я лэжьэкIэр щагъэунэхуащ. «КъытIэрыхьа медицинэ оборудованэхэм Iэмал къыдат къэпщытэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд едгъэкIуэкIынымкIэ, узыр зыхуэдэр тэмэму къэтхутэнымкIэ. Псом хуэмыдэу дыщыгуфIыкIащ тэмакъым, пэм, тхьэкIумэм, нэм епха узыфэхэр къызэращIэ Iэмэпсымэхэм», - жиIащ поликлиникэм и дохутыр нэхъыщхьэ Къэшэж Мадинэ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||







