Лъэпкъ лъэрызехьэхэм ящыщт

Пасэм псэуа тхыдэтххэм адыгэхэр (зэрыщыту къатщтэмэ) зищIысым ди лъэхъэнэр (эрэр) къимыхьэ ипи хащIыкIыу щытамэ, историографие, этнографие щIэныгъэхэм жаней лIакъуэм (мыхэри адыгэт) и цIэм дазыщрихьэлIэр XVI лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэщ.
Къэхъуа-къэщIахэр зратха «Никон и тхылъ-хъумалъэм (летопись)» зейр къахуэмыщIэм зэрыхигъэхьауэ, 1552 гъэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэхэр (шэрджэсхэр) хэтащ урысхэм зэщIагъэуIуа я дзэр Къэзан къащтэну щебгъэрыкIуэм.
Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIи, 1552, 1555, 1557 гъэхэм кIахэ адыгэхэмрэ (жанейхэр я пашэу) абыхэм я благъэу къуэкIыпIэмкIэ щыпсэу къэбэрдейхэмрэ абазэхэмрэ я лIыкIуэхэм Урысей къэралыгъуэщIэм и пащтыхь Грозный Иван хъыбар ирагъэщIат, гухьэу, къару зэгуэткIэ Кърым хъаныгъуэм ебгъэрыкIуэну зэрыхьэзырым теухуауэ. 
Грозный Иван, апхуэдэ хъыбар къегъэщIэкIэм арэзы техъуат. И щхьэусыгъуэу къалъытэр, 1521 гъэм Кърым хъаныгъуэм и дзэ зэщIэгъэуIуа абрагъуэр Москва пщыгъуэм щытеуам, а къалэм къедза Iэхэлъахэм хьэлэчыпцIэр къыхуагъэкIуауэ зэрыщытарщ. 
1561 гъэм мазаем Грозный Иван жанеипщ Сибокъуэ деж лIыкIуэхэр егъакIуэ, и пхъум зэрылъыхъумкIэ хъыбар иригъащIэу. АрщхьэкIэ, телъыджэр аращи, жанеипщым а Iуэхум, и пхъур Грозный Иван иритыным, еувэлIэн идатэкъым. Сибокъуэ а и жэуапым и щхьэусыгъуэу тхыдэджхэм ялъытэр а зэманым Москва пщыгъуэр иджыри зэпIэзэрыту зэрыщымытарщ.
АрщхьэкIэ, а гъэ дыдэм и мэкъуауэгъуэ-шыщхьэуIу мазэхэм Грозный Иван щхьэгъусэ хуохъу къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней, иужьым «Мария Темрюковнэ» хъуар. 

 ЛъэпкъыцIэм ныбжьышхуэ иIэщ

Адыгэ лъэпкъ лъэрызехьэхэм ящыщащ жанейхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, жанейхэм я лъэпкъыцIэм ныбжьышхуэ иIэщ. 
XIX лIэщыгъуэм и япэ Iыхьэм псэуа адыгэ-абазэ тхакIуэ КIашэ Iэдыл–Джэрий зэрыжиIам тетщIыхьмэ, «жьанэ» - «жаней» фIэщыгъэр къытепщIыкIагъэнущ илъэс минрэ ныкъуэрэ - минитI ипэкIэ а лъэныкъуэмкIэ щыпсэуа лъэпкъхэм ящыщ зым зэреджэу щыта «гениохи» этнонимым. Ауэ, и нэхъыбэм абы лъабжьэ хуэхъуауэ ялъытэр хы Iуфэм Iуса пасэрей адыгэ лъэпкъхэм - саныджхэм ( саниги) я лъэпкъыцIэрщ. 
Адыгэхэм къахыхьауэ щыта гъуэгурыкIуэхэм, лIыкIуэхэм, сатуущIхэм зэратхымкIэ, жанейхэр Тэман тесащ, хы ФIыцIэмрэ Меотыхымрэ (Азов) я Iуфэм Iугуэшауэ. Я щIыналъэм и гъунапкъэр ТIуапсы екIуалIэу щытащ. Ар дыдэм щыхьэт тохъуэ 1666 гъэм Адыгэ хэкум къихьауэ щыта тырку гъуэгурыкIуэ, щIэныгъэлI Эвлие Чэлэбий. Абы зэритхымкIэ, Анапэ, Тэман, Темрыкъуэ къалэхэр Жанейращ зэрытар. Евлие Чэлэбий щыхьэт тохъуэ жанеипщым зауэлI минипщI зэриIам. Лъэпкъ лъэрызехьэу щымытатэмэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, жанейхэм апхуэдиз цIыху зауэм Iуашэфынутэкъым, и ныкъуэр шууэ, и ныкъуэр лъэсу. 

Гупсэхугъуэ къратыртэкъым

Жанейхэм дзэшхуэ яIэн хуей щIэхъуар щхьэусыгъуэншэтэкъым: Шэрджэсым зэуакIуэ къакIуэ кърым хъанхэр япэ зрихьэлIэр Тэман тес жанейхэмрэ хэгъакIэхэмрэт - абыхэм куэдрэ япэщIэувэн хуей хъуащ ахэр, я цIэр тхыдэм хэкIуэдыкIыжамэ, ар псом япэ зи лажьэр хым щIэх-щIэхыурэ къызэпрыкIа зэрыпхъуакIуэхэращ: епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым жанейхэри хэгъакIэхэри мащIэ дыдэ хъуауэ щытащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ, хуэм-хуэмурэ хэбзэхэжащ я гъунэгъу нэхъ лъэпкъышхуэхэм - шапсыгъхэмрэ натхъуэджхэмрэ. Зэгуэр къаруушхуэ зыбгъэдэлъа лIакъуэр - жанейхэр нобэ къэсакъым, я цIэрэ я хъыбаррэ тхыдэм къыхэна фIэкI (Жаней унэцIэ зезыхьэ е жаней хьэблэ цIыкIу зыбжанэм ущрохьэлIэ нобэрей адыгей жылагъуэхэм - аращ къыхэнэжар пэсэрей адыгэ лIакъуэ лъэрызехьэм).
ЗэрыпхъуакIуэхэм псэугъуэ ирамыгъахуэ жанейхэм япщхэм (Сибокъуэрэ Мэшыкъуэрэ), ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, 1552 гъэм урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ягъэкIуауэ щытащ, «дызэдэвгъэзауэ» жыхуаIэу. Ари лейуэ щыхьэт тохъуэ жанейхэм жыжьэ плъэф унафэщI губзыгъэ зарахэтам. Сибокъуэрэ Мэшыкъуэрэ я щIэблэм щыщ лIы цIэрыIуэ зыбжанэм я лъэужь къыхэнащ Урысейм и тхыдэм, «Черкасский» унэцIэр ятеIукIауэ. 
Эвлие Чэлэбий и «Гъуэгуанэ тхылъым» ущрохьэлIэ жанеипщ Антэнокъуэ и хъыбар. Эвлие Чэлэбий Жанейм щыщыIар 1666 гъэрщ. Абы иужькIэ адыгэ хэкум къихьауэ щыта куэдым я тхыгъэхэми ущыхуозэ а пщым и цIэми и хъыбархэми. 
Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ («Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэр»), я адэр лIа нэужь, абы и къуитIыр, Антэнокъуэрэ Къамбулэтрэ зэщыхьэжауэ щытащ, пщы унафэр зэпаудри. Кърым хъанхэр зыдигъэIэпыкъуурэ, Антэнокъуэ и къуэшыр хэкум кърихуащ. Къамбулэт бжьэдыгъухэм деж екIуэлIащ. Абыхэм дзэ къратри, Жанейм тепщэ щыхъужащ. Къамбулэт дэзауэурэ, бжьэдыгъухэм цIыху куэд яфIэкIуэдащ, етх Хъан-Джэрий. Зауэр къащытехьэлъэм, бжьэдыгъухэм Къамболэт деж лIыкIуэ ягъэкIуащ: «Ди къаным афIэкIа дызэрыдэмызэуэжыфынур гурыгъаIуэ», - жаIэри. ХьэщIэщым ихьэри, лIыкIуэм Къамболэт жриIащ; «Бжьэдыгъухэм сыкъаIуэхуащ, лъы ткIуэпс къытщIэнэжыху дызэрыбдэзэуэнур бжесIэн щхьэкIэ». Къамбулэт гуфIэри хасэм къахыхьащ, фIыщIэ яхуищIащ. Бжьэдыгъухэр зэплъыжащ. ЛIыкIуэм къажриIащ итIанэ: «Насыпыншэхэ! Ди хьэщIэр нобэ зыхэтхужмэ, сыт къытхужаIэнур ди ужь къихъуэнум? ЛIыкIуэм и псалъэм зыщIигъэгупсысыжри, бжьэдыгъухэр ядэшэсыжащ. Къамбулэт Жанейм унафэр щиубыдыжыхуи епсыхакъым, итхыгъащ Хъан-Джэрий. 
Мыпхуэдэ хъыбари итхыжащ Хъан-Джэрий. Кърым хъаным и дзэр къатеуэри, илъэсиблкIэ зауэм хэтащ жанейхэр. Зауэ кIыхьым гуащIэмащIэ щыхэхъухьым, цIыхур зэрыгъэгужьеинкIэ шынэри, жаней дзэпщхэм унафэ ящIащ: «Ди щхьэгъусэхэмрэ ди сабийхэмрэ зэуапIэм итшэнщи, ди щIыб дэдгъэувэнщ, ахэр ди щIыб дэдгъэувэмэ, гужьейрэ дзыхэрэ дзэм къыхэкIынкъым». ЗэрыжаIауи хъуащ: зылI къикIуэтакъым, тегуплIэри, бийр хэкум ирахужащ. «Жанейхэм я напщIэм телъщ ар ноби, а зауэм траусыхьа уэрэдыр ящыгъупщакъым иджыри къэс», - итхыгъащ Хъан-Джэрий 1836 гъэм. 
Жанейхэм я лъахэм зы къалэ итщ, ТемрыкъуэкIэ еджэу. Эвлие Чэлэбий зэритхымкIэ, абы зи цIэ зэрихьэр жанеипщ Темрыкъуэщ, езыгъэщIар тырку Салим Езанэрщ: и адэм, Баязед, щыхьэри пащтыхьыкъуэр и анэшым, Темрыкъуэ деж, илъэсищкIэ щыIэгъащ, езыр пащтыхь хъуа нэужь, жанеипщым къалэ хуригъэщIащ, аращ Тэман тет къалэм и цIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Къалэр ухуэн щыщIадзар 1515 гъэрщ.
 

 

Зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: