Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2024 гъэм щIышылэм и 22-м къыдигъэкIа №3-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м Налшык къалэ №112-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «2024-2026 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгу фондым хуаутIыпщыну бюджет мылъкур хэщIхэм я лъэныкъуэкIэ тегуэшэным и IуэхукIэ» 2024 гъэм щIышылэм и 22-м къыдигъэкIа унафэ №3-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщIым, и къуэдзэхэм, и бухгалтер нэхъыщхьэм лэжьапщIэ зэрырат щIыкIэхэмкIэ Положенэм и гуэдзэн №1-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м Налшык къалэ №113-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщIым, и къуэдзэхэм, бухгалтер нэхъыщхьэм лэжьапщIэ зэрырарт щIыкIэхэмкIэ Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м къыдигъэкIа унафэ №117-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам и гуэдзэн №1-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн «19404» бжыгъэр «32304» бжыгъэхэмкIэ, «13600» бжыгъэр «19840» бжыгъэхэмкIэ, «9800» бжыгъэр «13040» бжыгъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ. 2. Мы унафэм къару егъуэт 2024 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Бын куэд зиIэ унагъуэхэу сабиитху, абыхэм нэхърэ нэхъыбэ щапIхэм псэупIэхэмкIэ яIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ зэуэ щхьэхуэ-щхьэхуэу псэуныгъэкIэ зэрызыщIагъакъуэ мылъку зэрырат щIыкIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Првительствэм 2016 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №175-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ Налшык къалэ 2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м №114-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. Бын куэд зиIэ унагъуэхэу сабиитху, абыхэм нэхърэ нэхъыбэ щапIхэм псэупIэхэмкIэ яIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ зэуэ щхьэхуэ-щхьэхуэу псэуныгъэкIэ зэрызыщIагъакъуэ мылъкухэр зэрырат щIыкIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №175-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн. 2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къызэрытрадзэрэ махуи 10 дэкIа иужь икIи ар ящыщ мэхъу 2024 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ зэфIэува хабзэ зэхущытыкIэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться:
Читать также:
06.08.2026 - 11:06 →
ДыщIэгушхуэ хъунухэр ди куэдщ
05.08.2026 - 15:57 →
ЕгъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ
05.08.2026 - 11:09 →
Об охоте и о сохранении охотничьих ресурсов и о внесении изменений в отдельные законодательные акты Российской Федерации
28.07.2026 - 16:53 →
Бжыгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ
25.07.2026 - 16:00 →
Унэ гъэплъыгъуэр къоблагъэ
| ||




