Лъэпкъ зэхэщIыкIым зрегъэIэт

Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм ирихьэлIэу, АР-м и Сурэт гъэлъэгъуапIэм бадзэуэгъуэм и 30-м къыщызэIуахащ «Кавказым щыщ хэхэсхэр» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр. Сурэт щIыным, графикэм икIи художественнэ теплъэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм епхауэ лэжьыгъэ 70 хуэдиз абдеж утыкум къыщрахьэнущ.

Къэзыгъэзэжахэм я махуэщIыр Адыгэ Хэкум гъэлъэпIэн зэрыщрагъажьэрэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэгъэпэщыныр икIи егъэкIуэкIыныр хабзэ хъуауэ зэрыщытыр къыхэгъэщын хуейщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м Косовэ щIыналъэм кърашыжри, адэжь лъахэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гупышхуэ зэгъусэу къихьэжауэ щытащ. Абы лъандэрэ лъэпкъ махуэгъэпсым хэт махуэщIыр зэрыжылэу Iэтауэ ягъэлъапIэ, лъэпкъ тхыдэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Адыгэ щэнхабзэр хъумэным, абы зегъэужьыным, цIыхубэм ялъэгъэIэсыным, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я зэхуаку дэлъ зэпхыныгъэхэр гъэбыдэным икIи зегъэубгъуным толажьэ «Кавказым щыщ хэхэсхэр» фIэщыгъэр зыгъуэта сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Адыгэ гупсысэр зыпкъ изыгъэувэж, щIалэгъуалэм я щIэжыр къэзыIэт, дэнэкIи щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэкъуэзыгъэувэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми мыхьэнэ иIэщ, ахэр цIыхубэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным зэрытелажьэми шэч хэлъкъым.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: