ЩIэныгъэлI икIи усакIуэДи тхылъеджэхэми тхакIуэхэми я деж Къэжэрыр псом япэу цIэрыIуэ щызыщIар ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я творчествэм, адыгэ литературэм зэрызиужь хабзэ-бзыпхъэхэм ятеухуа и тхыгъэ купщIафIэхэрщ. И IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр 1959 гъэ лъандэрэ газетхэм, журналхэм къытрадзэ, япэ дыдэу итха «Псалъэрэ Iуэхурэ» рассказыр «Ленин гъуэгу» газетым тетащ. Абы и творчествэ лэжьыгъэм теухуащ Шэвлокъуэ Пётр и тхыгъэр.
«Зэрыкритик Iэзэм нэмыщI, Къэжэр Хьэмид икIи усакIуэщ, уеблэмэ усакIуэшхуэщ. ГукIи псэкIи зыхэсщIащ ар зи хъэтIкIи, зи гурыщIэ къэIуэтэкIэкIи, гупсысэкIэкIи, образ къэгъэщIыкIэкIи адрейхэм къазэрыхэщхьэхукIыр, щIэныгъэшхуи талант ини зэрыбгъэдэлъыр. Дэтхэнэ зы тхакIуэми усакIуэми езым и дуней еплъыкIэ зэриIэм шэч хэлъкъым. Абы и зы налъэщ ар литературэм, тхэн Iуэхум зэреплъри. Абы ехьэлIауэ Хьэмид и зы усэ цIыкIу сигу къэкIыжащ. Гуащэм къыгуэлъэта Iэ лъэныкъуэ, абдж къутахуэ, МыIэрысэ ныкъуэшх, Дыхьэшх пыудахуэ, Зы псалъэ хуабэ, а псор зэрохьэжьэри, КIуэм-лъэм, кIуэм-лъэурэ, Псы къабзэ цIыкIу мэхъу, абы бдзэжьей шыр къуэлэн цIыкIу къыхохутэ, – жыпIэнур арамэ, УсэщIэ къоунэху. Телъыджэлажьи хэмылъу, къызэрыгуэкIыу усакIуэм и гулъытэм къызэщIиубыда гурыщIэ-гукъэкIхэм апхуэдэ гупсысэ «къалъху». УсакIуэм щIагъыбзэ жан зыщIэлъ жыIэгъуэхэр, гупсысэхэр, гъащIэм и къэхъукъащIэхэм я философие куукIэ гъэпса образхэр, ар зыузэщI дерсхэр, зэгъэпщэныгъэхэр егъэшэрыуэ. СтIолым и жьантIэм къыжьэдэсу, Си бгым къэмысхэр къысхуоплъых, ТIэкIу-тIэкIуурэ уосэж апхуэдэм, (Уэим ар пщIынуи мыбэлыхь). Пэжщ, мыгурыхь ар, ауэ щыIэщ, ЩыIэщ, си къуэшхэ нэхъыкIэж: Узэралъытэм уецIыкIуэкIыу КъыщIэкIмэ, ар нэхъыкIэр пэжщ. Хьэмид и псэм дахагъэу зыхищIэм и дыгъэ бзийкIэ зэщIолыдэ и гурыщIэ гухэлъ пшыналъэр зыгъэдахэ усыгъэхэр. Хэт а зууэ дыжьын башкIэ Си щхьэгъубжэм къеуIуар? СыкъыщIэкIмэ, гъатхэ жэщым Хуэмыухыр уи хъыбарщ.
Мазэр си нэм къыщIолыдэ: «Сыту гуакIуэ а уи Нагъуэр! А уи Нагъуэм хуэдэу дахэ Дуней нэхум тезмылъагъуэ».
«Сэри фIыуэ сыщыгъуазэщ!» – Жьыбгъэм сэ зыкъысхуегъазэ. Удзхэм сэ къызжаIэ гуапэу: «Дэри, дэри дыщыгъуазэщ». «Дэри дощIэ! Дэри дощIэ!» –
ЖаIэ жыгхэм япыт пщIащэм. «Сэри, сэри», – щабэ дыдэу ПсыIэрышэр мэIущащэ. Си щхьэр сIэтрэ сыдэплъеймэ, Нащхьэ сэ къысхуащIыр вагъуэм: «Дэ дымыщIэ Iуэхум хэлъкъым – Нагъуэм фIыуэ укъелъагъур». Сыт иджы уэ жыпIэнур? Зэрынэрылъагъущи, псэ зыIумытхэри лъагъуныгъэм и джэлэсым зэщIегъэнахуэ. УсакIуэм и псэм и дахагъыр ар дунейм зэреплъ гукъыдэжым, хьэлэлыгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ, абы хуошэрыуэ псалъэжьхэм ехьэехуэ сатыр жанхэр: Пшхын ипэ къихуэу мыIэрысэм НэщхъыфIэу уеплъмэ – мэхъу нэхъ IэфI. Пщэдджыжьым уафэм удэплъейрэ УщыгуфIыкIмэ – мэхъур уэфI.
МывэкIэ къоуэм, – пIастэ Iыхьэ… Псалъэжьым жиIэр, дауи, пэжщ. Мывэм мыIэбэ щIыкIэ, пIастэ IэщIэлъхьэт цIыхум – ар нэхъ пэжщ.
ИтIанэ мывэ къыхэмыхьэу Фи Iуэхур дахэу зэфIэкIынщ, Гужьгъэжь кIыфIыжьым зигъэзэнщи – Гухэхъуэр дыгъэу къыщIэкIынщ… УсакIуэм и гум пыIэпIэ иIэкъым, нобэ цIыхур зыхэт псэукIэ мытыншым, зэманым и фэбжь шэчыгъуейхэм абы и псэр зэхэзехуэн зэращIар и усэхэм гум щIыхьэу къыхощ. Сымаджэм фIыуэ ещIэ Узыншагъэр зищIысыр. Жьы хъуам фIыуэ ещIэ ЩIалэгъуэр зищIысыр.
НтIэ дылIа нэужькIэ къыщытщIэнур дызэрыпсэун хуея щIыкIэр?.. Къыхэгъэщыпхъэщ «белый стих» усэ гъэпсыкIэми Къэжэрыр зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр. Аращ а гъэпсыкIэр ди литературэм япэу къыхэзыхьар. Псалъэжьхэм хуэдэу шэрыуэу, акъылыбэу щыт усэ сатырхэр и мащIэкъым усакIуэм. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ «Гуауэр куэдкIэ нэхъ благъэщ – Гуапэм нэс щIышхуэ дэлъщ» жыхуиIэр. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ. УсакIуэм дежкIэ дунейм мылъкуу тетым нэхърэ нэхъ лъапIэщ, нэхъ дахэщ гъащIэм кърит гурыфIыгъуэр: Сэ си мылъкур – а мазэрщ, Вагъуэхэри и гъусэжу; ЖэщкIэрэ сыкъотэджыжри, сащыгуфIыкIыу сыщысщ. Зэрыбелджылыщи, усакIуэр щыусакIуэ нэсыр езым и Iуэху еплъыкIэ, и гупсысэкIэ, и хъэтI иIэжмэщ, и мэсхьэбым итыжмэщ, щалъхуа щIыгум лъэ быдэкIэ тетмэщ, а щIыгури ар зыгъэдахэу, псэ зыIутуи зыIумытуи, щыIэ псори псэкIэ зыхищIэу, а зыхищIар цIыхум я деж нихьэсыжыфмэщ. Усэм дамэгъу хуэхъу гупсысэм тегъэпсауэ, и купщIэмрэ и фащэмрэ зэрызэкIун бгъэдыхьэкIи гъэпсыкIи зиIэ пшыналъэр зэрыбзафIэм, зэрыгукъинэжым шэч хэлъкъым. А псоми щыхьэт техъуэ образ телъыджэхэр, гукъинэжхэр щымащIэкъым Къэжэр Хьэмид и творчествэм».
Поделиться:
Читать также:
07.05.2025 - 09:40 →
Гъуазджэм и цIыхухэр
06.05.2025 - 17:16 →
Уи ужькIэ къэбгъанэрщ…
06.05.2025 - 16:13 →
IэщIагъэр гъащIэ гъуэгуу
05.05.2025 - 16:13 →
Тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ
05.05.2025 - 15:12 →
Москва щагъэлъагъуэ
|