Дуней мыцIыхум ухашэу

Лъэпкъ къэс къыдокIуэкI и псэукIэр, и хабзэр, и дунейр гъуджэм ещхьу къызэрыщ таурыхъхэр. «Таурыхъым и дуней» жаIэу игъащIэм къокIуэкI, абы и мыхьэнэр зэрыинымрэ цIыхухэм я гъащIэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдымрэ и щапхъэу. ФIыцIэрэ хужьу, щIыIэрэ хуабэу, Iейрэ фIыуэ зэдзауэ икIи а лъэныкъуэхэр зэпэщIэуэ зэпыту щызэдекIуэкI дунейм таурыхъхэм къалэн телъыджэ щагъэзащIэ, абы сыт щыгъуи фIыр ем, пэжIуатэр пцIыIупцIышэм, хьэлэлыр хьэрэмым зэрыщытекIуэмкIэ.

Таурыхъхэм я дунейм и кIыхьагъым унэплъысын папщIэ лъэпкъыу щыIэм я IэдакъэщIэкI зырыз нэхъ мыхъуми ущыгъуэзэныр уасэ зимыIэ, бэм я зэхэщIыкIыр зыузэщI хъугъуэфIыгъуэщ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкIа таурыхъхэм я купщIэм дынэсу я мыхьэнэ куур къыдгурыIуэным зи гуащIэ хэзылъхьа адыгэ тхакIуэхэм ящыщщ Къэрмокъуэ Хьэмид. Нобэ тыдодзэ абы «ХьэщIэмыгъашхэ» зыфIища тхыгъэр.

ХьэщIэмыгъашхэ фIащауэ зы щIалэжь щыIэт. И унэ хьэщIэ къихьэрэ дэтIысамэ, зэ-тIэу фIэкIа хэмыIэбауэ шхэн щигъэтыжырт, щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтырти. Бысымыр щымышхэкIэ хьэщIэр шхэнт - ари тэджыжырт.

- Сэ сыхурикъунщ абы, - жери ХьэщIэмыгъашхэ зылI къыхуепсыхащ. ХьэщIэр ирагъэблагъэри, Iэнэ къыхуащтащ. Зэ-тIэу хэIэбэри, ХьэщIэмыгъашхэ тIысыжащ:

- Сышха къудейуэ укъыдыхьащ, си ныбэ изщ, - жери.

- Сэ гъуэгу сытетащи, сомэжалIэ, - жери хьэщIэм езым и Iыхьэри бысымым и Iыхьэри ишхащ.

- Фи ерыскъыр убагъуэ, сывгъэтхъащ.

ХьэщIэр тэджыжащ. Ар иригъэжьэжри, ХьэщIэмыгъашхэ унэм щIэлъэдэжащ:

- КъытхурикъуакIэ тхьэ соIуэ! Хьэзыр гуэр щыIэмэ, къащтэ мыдэ - сомэжалIэ! - жери.

- Хьэзыр щыIэкъым. Мэжаджэ пхуэзгъэжьэнщ, - жиIащ фызым. Жьэгу яжьэ пщтырым мэжаджэ пэрихъумащ фызым.

Иригъэжьэжа щхьэкIэ, къигъэзэжауэ, хьэщIэр къакIэщIэдэIухьырт, щхьэгъубжэ лъабжьэм къыщIэтIысхьауэ. Фызым мэжаджэр жьэгум пэрихъума къудейуэ, хьэщIэр бжэщхьэIум къытехутэжащ:

- Зыгуэр сигу къэкIыжати, вжесIэну арат. Зэшищ дохъури, «дызэхэкIынщ» жытIэри, ди мылъкур щы итщIыкIащ зымахуэ. Лъыдгъэсам еплъщ-къеплъри, ди шынэхъыщIэр арэзы хъуакъым. «Фэ нэхъыбэ зылъывгъэсащ!» - жери псори зэхитхъуэжащ. Мыдэ фыкъаплъэт.

ХьэщIэр жьэгум дэуващ, баш иIыгъти, мэжаджэр зыпэрыхъума яжьэр зэхитхъуэжащ.

- Аращ къыдищIар. Нобэми ныжэбэми тхуэгуэшыркъым ди мылъкур. Дгуэшын щIэддзакъэ, мы яжьэм хуэдэу зэхетхъуэж ди шынэхъыщIэм. - Ар жери щIэкIыжащ хьэщIэр.

- Мэжаджэм дыпигъэкIащ, нэгъуэщI сыт диIэ - шхын щхьэкIэ солIэ! -щIэлъэдэжащ ХьэщIэмыгъашхэ.

- Хадэм зы къэб къинэжащ, къэхь, пхуэзгъэвэнщ, - жиIащ фызым.

КъакIэщIэдэIухьырти, ари зэхихащ хьэщIэм. Япэ зригъэщри, хадэм ихьащ, къэб къуэпсыр иубыдри пабжьэм къыхэтIысхьауэ ХьэщIэмыгъашхэ къыпоплъэ. ХьэщIэмыгъашхэ къэсащ, къыщыбгъэдыхьэм пабжьэм хэс хьэщIэр къуэпсым екъури, къэбыр игъэIэпхъуащ. ХьэщIэмыгъашхэ зригъэзыхыху, хьэщIэр къуэпсым екъуурэ къэбыр пабжьэм хэкIуэтащ -кIэлъыIэбэ щхьэкIэ лъэIэсакъым, пабжьэм хыхьэн ирикуакъым.

- Къэбыр псафэ кIуащ, - жери ХьэщIэмыгъашхэ унэм ихьэжащ. Сытми а махуэм къыIухуа щыIэкъым. ЕтIуанэ махуэм щригъажьэри, и хьэлыр зыхинащ.

Зыгъэхьэзырар ШЭРЭДЖ Дисэщ.
Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд