Нихьмэт и адэр Щамым къызэрикIыжар

«Иджырей псысэ» жыпхъэм ит «Зэшыпхъуиблыр» теухуащ 90 гъэхэм Сирием къиIэпхъукIыжа унагъуэ щхьэхуэм Хэкум лъабжьэ зэрыщигъэтIылъыжам. Тхыгъэм нэхъыщхьэу къыхэщ Мазэ 90 гъэхэм и адэм и гъусэу Хэкум къэIэпхъуэжа Нихьмэтрэ хэкурыс Махуэ Къэрэгъулрэ япхъущ. Мы пычыгъуэр зытеухуар зэшыпхъуиблым я сабиигъуэмрэ абыхэм ягъуэта гъэсэныгъэмрэщ. 

Хьэл зырыз зимыIэ щыIэ – 
щабэщ Щамым къикIыжахэр.
Хьэрып хабзи ядэплъагъукъым, 
адыгэжьу къэнэжахэщ. 
Уи тепщэгъуи еныкъуэкъукъым, 
я бын егъэпIыж къудей.
Адэжь Хэкум муслъымэну 
ибгъэсыжмэ, арщ зыхуейр. 

Сытми, адэм Налшык къалэ 
унэ къыщыхуэмыщэхуу, 
къуажэ пхыдза гуэр мэIэпхъуэ, 
Къэрэгъулхэ я гъунэгъуу. 
Махуэр мажэ, гъащIэр макIуэ, 
унагъуитIри хьэщIэхуэфIщ.
Хэт зи жагъуэр, къыкъуэкIамэ 
благъэ щIызэхуэхъун Iуэху?

Мис апхуэдэу зэфIоувэ 
Къэрэгъулым и жьэгу пащхьэр,
Дамаск IэплIэкIэ кърахри 
къратауэ Нихьмэт – гуащэ.
«Щатх нэчыхьхэр Хьэршым», - жаIэ. 
Мы хъыбарри ди щыхьэтщ:
Алыхьталэм къыуипэсынур 
фIыуэ плъагъум игу къегъэкI. 

Пэжыр зи нэрыгъ цIыху Iущым 
лъагъуныгъэр Iэщэ ищIкъым.
ЗэпсэгъуитIыр зэхуэIэфIмэ, 
мэхъу сабийхэр лъагъугъуафIэ. 
ГуфIэнэпсым уиуфэнщIмэ, 
ар зи фIыщIэм ущысхьынщ.
Уи фор тхъукIэ зэIыпхыныр 
къалэн закъуэу урикъунщ.

ЦIыху хьэрэмыгъэншэт щIалэр, 
щымыIэж жыхуаIэм хуэдэу,
Нихьмэт хы щIагъ къыщалъхуами, 
IэщIэкIынтэкъым и гуэгъум.
 Щхьэж къытехуэм зыдигъэшмэ, 
дэнэ щIыпIи щрепсэу.
«Зыми имыхьэлъэ ихькъым» 
хабзэм тетщ ди гъащIэ псор. 

«IэлъэщI телът щыцIыкIум?» - жаIэ. 
ЕджакIуэху зытрилъхьакъым, 
ауэ пIэщхъагъ зэригъуэтрэ, 
щхьэпцIэу зэи утыку ихьакъым. 
 НэхъыжьитIми яфIэфIыпсу 
я щхьэцышхуэхэр ягъэпщкIу,
«чупэ-чупскIэ» къеджэ гупыр 
трагъахуэу я тэмакъ.

Дакъикъэ зытхухщ я зэхуакур 
Мыгъэзэшрэ Нэгурэшрэ: 
зыр адрейм и гъуджэ хуэдэщ, 
плъагъухэмэ, нэр къодэIуэжкъым. 
«Сэращ захуэр» жыпIэу, Iэпэ 
зыхуебгъэшиину тынш?
Ауэ щыхъукIэ, анэш-нанэ 
и ущиер я гум илъщ:

«Уи насып утеплъэкъукIмэ, 
уи щхьэ ухуэшхыдэжынкъэ?
Псэгъу хуэхъунур зыгъэпэжым 
зыми и нэм зыщIиIункъым».
Нэгум щIэтым кIэлъыхъуапсэ 
гуащэ цIыкIухэм ягу ипсыхьт,
IэфI гуэр яхуипщэфIти, нартхэм
кIыхьу яхутепсэлъыхьт. 
ДэбгъэхуIа мыхъуну лъапIэщ 
уи унагъуэм щекIуэкI дерсхэр.
Дауэ гукъэкI зэрыхалъхьэр 
сытми хуэIэижь хъыджэбзхэм? 
Бын зыгъуэта псори анэщ, 
ауэ щыIэщ анэ нэс,
уи Iуэху зэримыхуэ хуэдэу, 
и пщэрылъыр нэзыгъэс.

  

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд