ЦIыху щэджащэКъэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борисрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрийрэ зэныбжьэгъугъэ гуапэ я кум дэлъу илъэс куэдкIэ къызэдэгъуэгурыкIуащ. БакIум тхакIуэ щэджащэм теухуа и гукъэкIыжхэм фыщыдогъэгъуазэ. IутIыж Борис къытхэтыжкъым нобэ, ауэ абы ди лъэпкъ щэнхабзэм хуилэжьар зэман нэхъыбэ дэкIыху хъунущ нэхъ IупщI, игъуэтынущ пщIэшхуэ. Есенин зэрыжиIауэ, «цIыхум и щэджащагъыр къыщыпщIэфынур жыжьэу укъыщеплъмэщ». Дэри, ар фIыуэ зыцIыхуу, илъэс куэдкIэ зи ныбжьэгъуу щытахэми, зэзэмызэ хуэзахэми, тхылъеджэхэми нэгъэсауэ къыдгурыIуащэу къыщIэкIынукъым IутIыж Борис адыгэбзэм, литературэм, жылагъуэ Iуэхум, щэнхабзэ псом хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэу хуищIам и инагъыр. ЗэманращIуэху псоми я уасэр зыгъэувыр. Сэ си фIэщ мэхъу IутIыж Борис адыгэ литературэм и лъагапIэ ин дыдэхэм зэрыдэкIар. Ар псэемыблэжу усэным, тхэным, драматургием хуэлэжьа къудейкъым, атIэ ар абы хуэпщылIащ илъэс 50-м нэблагъэкIэ. Сэ Борис 2964 гъэ лъандэрэ си ныбжьэгъу пэжу щытащ, дызэдеджащ, зэдэдгуэшащ ерыскъыи, псалъэ дахи, гуауи, гуфIэгъуи, илъэс куэдкIэ дызэпэIэщIэу щытами. А зэманхэми Къэрэшей-Шэрджэсым сыкъикIыурэ сыкъакIуэрт зыгъэпсэхугъуэ махуэшхуэхэм, щэбэт-тхьэмахуэхэм. Сыкъэсмэ, зэи Борис и унэм сыщылъыхъуэртэкъым. СщIэрт а махуэхэми лэжьапIэм жэщыбг хъуху зэрыщIэсыр. Дачэ тIэкIу щIиIари Борис зыщигъэпсэхуну аратэкъым, атIэ абдежи пкIыгъэм щелэжьырт, гъущIыр иупIэщIурэ образ телъыджэхэр дунейм къытригъэхьэрт. ЩыIэщ цIыху, зэрылажьэм нэхърэ санаторэм нэхъыбэрэ щыIэу. Борис лэжьыгъэм пэрызыгъэкIыфу щыIар сымаджэщ закъуэращ. Лэжьыгъэм зыкъомкIэ и гъащIэм хупичами, абы къритырт гукъыдэж, насып. ИщIэрт гугъу зыщIригъэхьыр и бынхэр, и къуажэр, адыгэ лъэпкъыр зэрыарар. IутIыж Борис щIалэ дыдэу зыIэпишащ усэ тхыным, сурэт щIыным. Нэхъ иужьыIуэкIэ зритащ прозэми драматургиеми. Куэд зымыгъэва, гъащIэм фIыуэ хэзымыщIыкI цIыхум пьесэ тхыным зрипщыт хабзэкъым. Абы нэхъ жанр гугъуи щыIэкъым. АтIэ Борис литературэм и жыпхъэ нэхъ гугъум пашэ щыхъуащ. IутIыжым итхащ комедие, трагедие, драмэ зыбжанэ. Ди литературэм къыхигъэхьащ щIэуэ комедие лIэужьыгъуэ куэд, гушыIэм, ауаным, водевилым, музыкэм егъэщIылIауэ. Апхуэдэу щытми, Борис и усэхэр, и прозэр зыкIи нэхъ лъахъшэкъым. Иджыри зы Iуэхугъуэ щIэуэ къыхишащ абы адыгэ литературэм. IутIыжым и творчествэм зэгъусэу эпос, лирикэ, драмэ лъэпкъыгъуэхэр щызэхошыпсыхь. Зыр адрейм пыщIауэ къыщокIуэ усэри прозэри. Сэ куэд схужыIэнущ IутIыж Борис и творчествэм теухуауэ, ауэ сфIэигъуэщ езым и образыр, и цIыхугъэр, и гушыIэ дахэр ди нэгу къыщIэзыгъэхьэжын гукъэкIыж гуэрхэм сыкъытеувыIэмэ. ИщхьэкIэ зэрыщыжысIащи, IутIыж Борис щIалэ дыдэу дихьэхащ усэ тхынымрэ сурэт щIынымрэ. Университетым дыщеджэу ныбжьэгъу къысхуэхъуахэт Ныр Абдулчэрим, IутIыж Борис, Кумыщ Абдул, ПщыукI Нурхьэлий, Бещтокъуэ Хьэбас (ар иужькIэ МГУ-м кIуэжащ), ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Гъэунэ Борис, Къып Мухьэмэд, Гъут Iэдэм, Анзор Мухьэмэд, Джэрыджэ Арсен, Абдокъуэ Iэуес, Ацкъан Руслан сымэ. Абыхэм усэ зымытх сэр фIэкIа яхэттэкъыми, «тегушхуэгъуафIэ» сащIауэ псори я усэ, рассказ сытхэм къысхуеджэрт. Сэри «Белинскэм» и ролым сихьауэ, абыхэм къайхъулIари зыхунэмысахэри жысIэрт. Зэрыфлъагъущи, зи цIэ къитIуахэм ди литературэр зэрыгушхуэн тхакIуэхэр къахэкIащ. Къып Мухьэмэд, сурэтыщI Iэзэ хъуами, а зэманым дихьэхырт усыгъэм. Мы щIалэ гупыр адыгэ псалъэм итхьэкъуат, лъэпкъ гупсысэм иIыгът, зэджэ программэм къыдэкIуэу, нэIуасэ зыхуащIырт дунейпсо литературэм и классикхэм, Кавказым и лирикхэм я усыгъэхэм. А зэманым щIэщыгъуэу тхэр Гамзатов Расул, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим, Кугультинов Давид сымэт. Езы щIалэхэми я лъагъуэ хашырт, я тхэкIэр яубзыхурт. Си гъащIэ псом гушыIэр зыхэслъхьэ щыIэкъым, арагъэнщ IутIыж Борис итххэм, жиIэхэм зэуэ гу щIылъыстар, абы нэхъ пэшэгъу сыхуэхъумэ сфIэфI щIэхъуар. ЩIалэхэр усэ къысхуеджэрт пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху. Зэзэмызи я макъым сыщIэдэIуурэ сыщытежеикIи къэхъурт. Апхуэдэ «усыгъэм и сеанс» гуэрым IутIыжыр IэфракIэкIэ къызэуIури, мыр къызиутIыпщащ: «Жеиным зыдебгъэхьэхмэ, Белинскэ сщIэркъым, Писарев къыпхэкIынкъым». Ар къыбжаIауэ ужеижынт. ГушыIэкIэ узэдащ IутIыж Борис и комедиехэр, ауэ абыхэм уатепсэлъыхьын щхьэкIэ газет статья щызогъэтри, тхылъ щхьэхуэ хурикъун-хуримыкъунщ. Борис и гъащIэ псом и Iэпэгъуу щытащ гушыIэ щабэр. Езым ущытхъумэ, псалъэм кIыхь зригъэщIыртэкъым, къепсалъэр гушыIэ дахэкIэ къигъэувыIэрт. IутIыж Борис щыпсэум гулъытэ хуащIащ и творчествэм, и гуащIэм, ауэ щытхъу лей лъысакъым. Iуэху илэжьыр зэрыин дыдэр езыми нэгъэсауэ ищIагъэнкъым, дэри и IэдакъэщIэкI псори къэтхутакъым. Борис цIыху куэдым я гур ихъумащ, фIыщIэ очерк яхуитхащ Iэджэм. И публицистикэм къыщиIэтащ адыгэм теухуауэ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэ куэд дыдэ. Ди бзэм, литературэм, театрым, жылагъуэм я къэкIуэнум тегузэвыхьу ихьащ и гъащIэр. НасыпыфIэу дунейм тетащ а цIыху щэджащэр, фIыуэ илъагъу Iуэхухэм елэжьащ, иухуащ унагъуэ дахэ, иIащ ныбжьэгъуфIхэр. IутIыж Борис ди щэнхабзэм, адыгэ лъэпкъым къыхуигъэна лъэужьыр къэгъэсэбэпыпхъэщ щIэблэр гъэсэн IуэхухэмкIэ, ар сэбэпышхуэ хъунущ езыр зыхуэлэжьа адыгэ лъэпкъым зиужьынымкIэ. Псом япэрауэ, тхакIуэм и цIэр цIыхубэм ящымыгъупщэжын щIын хуейщ. Абы ар къилэжьащ и гуащIэмкIэ, и псэ хьэлэлымкIэ, и гуращэ дахэхэмкIэ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
16.03.2025 - 10:01 →
Щэнхабзэр зи гъуазэ
14.03.2025 - 12:07 →
Нартхэр ноби къыдопсалъэ
14.03.2025 - 12:01 →
ЖьантIэр иIыгъщ
|