Нарт эпосым къыхэщыж бзылъхугъэхэм Iущагъ ябгъэдэлъщ, дэтхэнэми хэлъщ езыр зыгъэщхьэхуэ хьэл-щэнхэр. Нарт бзылъхугъэхэм ящыщ Мэлычыпхъу теухуа хъыбархэр гъэщIэгъуэнщ. Пщащэ цIыкIур къэгъэлъэгъуащ акъыл жану, къызэрымыкIуэ Iущагъ къылъыкъуэкIыу, куэдым я гупсысэ зыхуэмыкIуэнум щIэх дыдэу жэуап къахуигъуэту. «Езыр цIыкIу дыдэ щхьэкIэ, лъагъугъуафIэу, IэщIагъэшхуэ иIэу пщащэ зэкIэлъыкIуэ щыхъум, нарт щауэхэм Мэлычыпхъу дахьэхыну къыхузэпещэ хъуащ. Мэлычыпхъу и псэлъыхъун дэнэ къэна, зэрагъэлъэгъун, епсэлъылIэн къудей нэхъ мыхъуми нарт щауэхэр щIыпIэ псомкIи къикIыурэ къыхуэкIуэрт, ягъэпсэлъэну, гъэщIэгъуэн гуэр жрагъэIэну», - мыпхуэдэу Мэлычыпхъур къыщыдоцIыху «Мэлычыпхъу цIыкIур нарт щауэхэм зэрадэгушыIа» хъыбарым. Хъыджэбз Iущ цIыкIум и псалъэхэр апхуэдизу шэрыуэщи, адрейхэр гупсысэ хедзэ, къуажэхь жиIэ хуэдэурэ мэпсалъэ, хъуэрхэр япедзыж.
IуэрыIуатэм къызэрыхэщымкIэ, Мэлычыпхъу цIыкIур хэмыхъуэу къэнащ. Хэмыхъуа пэтми и дахагъэри, и Iущагъри, и бзэм и шэрыуагъри нарт хэкум щызэлъащIысащ:
Мэлычыпхъу цIыкIур пщащэ дахэщ,
И щхьэц лъэныкъуэри дыщэплъщ,
И щхьэц лъэныкъуэри дыщэхущ,
ТхьэIухудхэми ящыщ зыщ.
Къанжэм и фIыцIэр и фIыцIэщ,
И нэ фIыцIитIырщи пIащэщ;
Къанжэм и хужьыр и хужьщ,
И нэкIу цIыкIуитIыр дыхьэрэнщ.
ПцIащхъуэ кIафэри и набдзэщ,
Зэхэдзами я нэхъ дахэщ.
Псэлъэну хуежьэмэ, мэбзэрабзэ,
Къуалэбзууэ уэрэд жеIэ.
Нэм къихьри ихьри и теплъэщ,
ПлъакIуэ зыхуащIми я уасэщ («Мэлычыпхъу зытраIуам къызэригъуэтыжа»).
«Вагъуэм из,
Мазэм итI,
Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ,
КъуанщIэ фIыцIэжьитIым ягу хыумыгъэщIын» («Мэлычыпхъу и лIым зэрыдэпсэуа») Мэлычыпхъу и лIым зыгуэрым жригъыIэжынIа хуей хъумэ, щIагъыбзэкIэ къыхуиIуэху хабзэщ. Унэджокъуэми а щIагъыбзэм къикIыр къыгуроIуэ:
Вагъуэм из, мазэм итI – бостеяпхъитI иригъэхьам зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI къыпачат; Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ – зэпсэгъуитIым я псэ жыхуиIэщ; КъуанщIэ фIыцIэжьитI – Унэджокъуэм и гъуситIырщ.
Мэлычыпхъу теухуа хъыбархэм мыпхуэдэ щапхъэхэр щыкуэдщ. А хъыбархэм ящыщ, КъардэнгъущI Зырамыку итхыжауэ, къытыдодзэ. Мэлычыпхъу и хъыбархэм ящыщщ
Махуэ гуэрым Мэлэчыпхъу цIыкIур унэ хъумэу къыданэри адэ-анэр дэкIат. Мэлэчыпхъу цIыкIум и гуащэхэр унэ шындэбзийм деж щигъэджэгурт. Хьэтыкъ цIыкIу хуэдэу ятIэ ипщар яритурэ яжриIэрт:
Мыр, хьэщIэ къэкIуэнущ, жыфIи, вгъэтIылъ,
Куэдрэ щылъащ, жыфIи фымышхыж!
АбыкIэ шу гуп блэкIырти, ар щызэхахым, къэувыIэри едэIуащ. Аргуэру зыгуэр жрагъэIэну гупым ящыщ зым жиIащ:
- Къытхэдэ, дахэ!
Мэлэчыпхъу къеплъэкIри, щэхуу къэдаIуэу шу гуп къыщытыр щилъагъум жиIащ:
Зи шхуэIур мыбз,
Зи бдзыр имых,
НапщIэ къэмыщтэу
Къэщтэгъуей гуп,
Фи мыIуэху зевмыхуэу,
Фи гъуэгу фытет!
Шу гупым ар щызэхахым: «Мыр гъэщIэгъуэн дыдэщ»,- жари, хъыджэбз цIыкIур зейр зрагъэщIэну яшхэр къраIуэнтIэкIри, пщIантIэм къыдыхьащ.
Мэлэчыпхъу, ар щилъагъум, гуащэхэр къигъанэри, шу гупым япежьащ. Къригъэпсыхри унэм щIишащ, шэнтхэр къахуигъэуври игъэтIысащ.
- Уи адэр дэнэ щыIэ? – жаIэу щеупщIым:
- Иримыкъу къыпищэну кIуащ, - жиIащ.
Ар гупым къагурымыIуэу:
- Дэнэ жыпIа здэкIуар? – жаIэу етIуанэу щеупщIым:
- ЛэжьакIуэ кIуащ, лэжьыгъэр зэи ирикъуркъым, - яжриIащ.
- Уи анэр дэнэ здэкIуар? – жаIащ гупым.
- Си анэр кIуащ IуэхуитIгъэн, - жиIащ.
- Дэнэ жыпIа? – жаIэу аргуэру щыщIэупщIэм:
- Си анэр кIуащ уэршэракIуэ,
Ди гъунэгъум махуэ гъакIуэ,
Пщэдеи махуэщ жыхуиIэу,
Къэунэхури мазэщ жиIэххэу.
Езым и Iуэхури имыщIэу,
ЗдэкIуами иримыгъащIэу, - яжриIащ.
Шу гупыр ар ягъэщIагъуэу шэсыжащ.