«Ди гур къеуэрэ - Iэгуи тхуеуэнщ!»
«Лъэпкъым и набдзэу» къалъытэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым хэтхэм дуней псор щызэлъащIысым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру а зэманым щыта Ефэнды Джылахъстэн абыхэм яхэтащ сыт и лъэныкъуэкIи я дэIэпыкъуэгъуу. Абы къытхуигъэна гъуэгуанэ тхыгъэхэр сыт и уасэ! Джылахъстэн итхыжахэм щыщщ мы зэддзэкIа пычыгъуэр. Аннабэ Гупым зыкъыщигъэлъэгъуэн хуейт Алжир и зы къалэ нэхъ инхэм щыщ Аннабэ. Къалэр зыхуэдгъэдэн дгъуэтакъым. ЩIыуэпс къулей зиIэ щIыналъэм уи нэр занщIэу зытехуэр жьауапIэ хъарзынэ хъууэ уэрамхэр зыуфэбгъуа къэкIыгъэ абрагъуэ зэмылIэужьыгъуэхэрт... Шэджагъуашхэм и ужькIэ, ансамблым и унафэщIхэмрэ абы хэт щIалэ зыбжанэрэ театрымкIэ яунэтIащ, пщыхьэщхьэм концерт щатыну пэшым и утыкур зрагъэлъэгъуну. ЦIыху 1600-рэм зыщIэхуэ а пэшыр зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщат. Совет Союзым и генеральнэ консулу Аннабэ щыIэ Лихачев Александр хьэщIэщ дызыщIэсым къэкIуат дызригъэлъэгъуну. Абы къыджиIащ къалэм дэт театрыр егъэлеяуэ зэрыиным щхьэкIэ, зэи цIыхур щIэз зэрымыхъур. А хъыбарым дэ мащIэу дигъэпIейтеящ, ауэ тщIэрт 1967 гъэм «Лезгинка» дагъыстэн ансамблым аннабэдэсхэр гуапэу къызэрыIущIауэ щытар, абы къыхэкIкIи фIым дыщыгугъырт... Дыгузэвами, театр псом зы тIысыпIи имыIэжу, цIыхухэр къекIуэлIащ. «Гуп телъыджэщ. Абы и гъуазджэм димыхьэхын щыIэкъым», - жиIат Аннабэ къалэм и департаментым и унафэщI Шайбут Брахим концерт нэужьым. Джандубэ ... КIуэтэху автобусым Средиземнэ тенджызым нэхъ пэжыжьэ дищIырт. Тунис Республикэм ансамблым япэу концерт щитынур Джандубэ къалэрт. ПщыхьэщхьэхуэкIуэу Сэхъу Бориси Ашуров Подацури сымаджэ хъуащ. Бэрэбэнауэм и Iэ ижьыр узырт, бжьамияпщэм - и тэмакъыр. Дыгузэващ, ахэр хэмытмэ, концертыр фагъуэ хъунут. Ауэ пшыхьым щыщIидзэну дыдэм абыхэм къарууэ яIэр зыхалъхьэжри, театрым къекIуэлIащ, хьэлэмэтуи утыкум итащ. Кассерин АдэкIэ ди гъуэгуанэм щыпытщэн хуейт Тунис и ипщэIуэкIэ щыIэ къалэ дахэ Кассерин. ЗыплъыхьакIуэ дыщыIащ зэгуэр фIыуэ зызыужьауэ щыта пасэрей рим къалэ Силиум. VII лIэщIыгъуэм Римрэ Карфагенрэ яку къыдэхъуа зауэм и Iэужьу къалэр хэкIуэдэжащ. Силиум къыхэнэжахэм зыщызыплъыхьхэм нэхъыбэрэ я нэр зытедиер Триумфальнэ аркэрщ - ТекIуэныгъэм и щIэкIыпIэрщ. Джербэ хытIыгур Ар туристхэм фIыуэ ялъагъу щIы кIапэщ. Мыбы мэжджыт куэд дэтщ, хьэщIэщхэмрэ шхапIэхэмрэ щымащIэкъым. А псом къыдэкIуэу, абы IэпщIэлъапщIагъэм фIыуэ зыщиужьащ: алэрыбгъухэр щащI, дыщэми ятIагъуэми хьэпшып зэхуэмыдэхэр къыщыхащIыкI. ДэркIэ хытIыгур телъыджэт. Абыи концерт гукъинэж щигъэлъэгъуащ «Кабардинка»-м. Псори зэхэту Тунис Республикэм тхьэмахуэкIэ щыIащ ансамблыр, Габес, Сфакс, Сусс, нэгъуэщI къалэхэми концерт щитащ. «Рус!», «Совьет!», «Кавказ!», «Кабардино-Балкария!» жаIэу, дэнэкIи дыщаIэтырт, ди пшыхьхэм цIыхухэр пэплъэрт, газетхэм тхыгъэшхуэхэр «Кабардинка»-м траухуэрт. ДыщэкI ФатIимэ, Уэрэзей Лидэ, Ашуров Подацур, Къуэдз Михаил, Сэхъу Борис, Новиков Геннадий сымэ я макъамэм игъэдымырт концертым къекIуалIэхэр, апхуэдиз Iэзагъ ябгъэдэлът къэфакIуэхэми. ...Ансамблыр щыхьэщIащ Сусс къалэм и губернатор Шешиа Аморэ и деж. Ар хьэлэмэту къытхутепсэлъыхьащ езым и лъахэм, апхуэдэ дыдэуи фIэгъэщIэгъуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэукIэм щIэупщIащ, ди щэнхабзэ, экономикэ Iуэхухэр зыхуэдэр зригъэщIащ... Триполи Ливием и къалащхьэм щэкIуэгъуэм и 30-м дынэсащ. Триполи и кинотеатр нэхъыфI дыдэ «Ваддане»-м ансамблым концерт щитащ дыгъэгъазэм и 1-м. ЦIыху 500-м я Iэгуауэмрэ щытхъумрэ къалъысащ къэфакIуэхэм а пщыхьэщхьэм. Къыхэзгъэщынщи, гъуазджэм дихьэхыу ди пшыхьым къекIуэлIам и нэхъыбэр американхэмрэ европейхэмрэт. «Кабардинка»-м зыкъыщигъэлъэгъуащ Триполи километр 60-кIэ пэжыжьэу, губгъуэ нэщI хуабэвэхым къалэ щызыухуэ болгархэмрэ хьэрыпхэмрэ папщIэ. «Кабардинка»-м и иужьрей концертыр Триполи щигъэлъэгъуэжащ.
Поделиться:
Читать также:
07.08.2026 - 15:18 →
ЩIыпIэ жыжьэм
07.08.2026 - 12:22 →
Дэри тхыдэм дыхэтщ
06.08.2026 - 14:05 →
Тхыдэр уи нэгу къыщIигъэувэжу
06.08.2026 - 12:26 →
Щытепщэр абхъаз-адыгэ щIыпIэцIэхэрщ
06.08.2026 - 10:02 →
Шэрджэс гъуэгуанэхэр
| ||




