ДэIэпыкъуэгъу псэемыблэжхэр

КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъхэр КIуэкIуэ Казбек яритащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ езыхэм я гукъыдэжкIэ защIэзыгъакъуэхэм. 

КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэм волонтёрхэм яритыжащ 58-нэ гвардейскэ армэм и ун­афэщIхэм къабгъэдэкI «Граждан хахуагъ зэ­рыхэлъым папщIэ» щIыхь тхылъхэр: къэралым и зыхъумэжыныгъэ къарум зэрыхагъахъуэм, зэуэ­ным хузэпэщу щытын зэфIэкIыр зэрырагъэ­фIакIуэм, дзэ Iуэху хэхам хэт зауэлIхэм гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэрылъагъэIэсым папщIэ. 
ТыгъэкIэ цIыху 70 къыхагъэщащ. Къэралым и гукъеуэр зи гукъеуэ цIыху гумащIэхэр, волонтёрхэр, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, дзэм хэтхэм я Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, хьэры­чэтыщIэхэр, къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, спортсменхэр яхэтщ абыхэм. А псори езыхэм я гукъыдэжкIэ увыIэгъуэ ямыIэу ди зауэлIхэм ядоIэпыкъу. Республикэм щыпсэухэм къабгъэ­дэкIыу фронтым тонн щэ бжыгъэкIэ псапэхуэщIэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъырэ ирагъашэ абыхэм: шхын гъущэхэр, бийм укъезымыгъэлъагъу хъы­хэр, IэкIэ ящIа, щIытIми щыблэ шэху уэздыгъэхэр, къинэмыщIхэр. 
«Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм ядэIэ­пыкъу «#МЫВМЕСТЕ щIыналъэ штабым и лэжьыгъэр зэи зэпигъэуркъым. ЦIыхубэ зэгухьэныгъэхэм хэт щIалэгъуалэм лIыгъэ къагъэлъагъуэу куэдрэ псапэхуэщIэ хьэпшыпхэр ди зауэлIхэм ­лъагъэIэсащ. Ар уасэ зимыIэ лэжьыгъэшхуэщ, псори дызэкъуигъэувэрэ ди ТекIуэныгъэр ­гъунэгъу ищIу. 
Гурэ псэкIэ фIыщIэ яхузощI апхуэдэу Хэкур фIыуэ зылъагъухэм, жэуаплыныгъэ яхэлъу ар ­хъумэн къалэным псэемыблэжу бгъэдэтхэм. ДяпэкIи ди Хэкум къыщхьэщыж, абы и къэкIуэнум папщIэ гугъу зызезыгъэхь ди щIалэхэм дызэкъуэту дадэIэпыкъунущ», - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм каналым.

Поделиться: