ПсыкIэ лажьэ машинэ

Бензиным и пIэкIэ, машинэхэр псыкIэ лажьэу щытамэ, лъэщтэкъэ? Апхуэдэу зигу къэмыкIа куэд яхэт къыщIэкIынкъым гублащхьэр зыIыгъхэм. Мейер Стэнли ар игу къэкIа къудейтэкъым, цIыху цIыкIур бензин къыздрихынум емыгупсысу зэрыпсэуфынур наIуэ къищIат.

Псыр зэрызэхэт водородымрэ кислородымрэ зэпэщхьэхуэ зыщIыж электролиз Iэмалыр къэбгъэсэбэпмэ, машинэр зезыгъэкIуэн къаруущIэ къызэрыкъуэкIынурт Мейер и къэхутэныгъэм и лъабжьэр. Хуит хъуа водородым, бензиным ещхьу, моторыр игъэлэжьэфынущ. КислородымкIэ цIыхур мэбауэри, ар хьэуам хокIуэдэж. Дунейри тхьэмбылым емызэгъын Iугъуэмэм имыкудэу, къабзэу къызэтонэ. Иджы фIэщщIыгъуей хъыбар хъужащ Огайэ штатым щыщ щIалэм къигъэхъу пэта революцэр.

Мейер электролизыр машинэ кIуэцIым щезыгъэкIуэкI Iэмэпсымэ зэпкърилъхьэри, и шэрхъиплIыр псы къудейкIэ игъэкIэрэхъуэну хунэсат. Ар езым къызэригупсысар щIэзыгъэбыдэ дэфтэрыр къыIэрыхьэнми куэд къэнэжатэкъым. Абы иужь илъэс зыбгъупщI дэкIауэ, 1970 гъэхэм щIыдагъэм и уасэр дэуеящ. США-мрэ щIыдагъэр къыщIэзыш Сауд Хьэрыпымрэ зэщыIеяти, американхэр бензин уасэм иукIырт. Абы щыгъуэщ Мейер и къэхутэныгъэр наIуэ къыщищIар. Стенли игу къэкIащ бензин хуэмыныкъуэ машинэ ищIмэ, къэралыр щIыдагъэм хуэныкъуэн бэлыхьым къызэрыпыкIынур. АбыкIэ къулыкъущIэхэр акъылэгъу къыхуэхъуамэ, мылъкушхуэ къахудэхуэу, цIыху цIыкIур ягъэтыншыжынут.

ЗэрымыщIэкIэ а хъыбар гъэщIэгъуэныр Стэнли къытехуэу зэрылIамкIэ иухащ. ЗэрылIыкIа щхьэусыгъуэр зыми и фIэщ хъуакъым жумыIэмэ.

1998 гъэм гъатхэпэм и 20-м Стэнлирэ абы и къуэш Стивенрэ Бельгием къикIа инвестор щIалитIым яхуэзащ. Псоми зэгъусэу шэджагъуашхэ ящIа нэужь, Стэнли къипсэужар дакъикъэ бжыгъэщ. Иджы дыдэ зэIэпах хъыбархэм къыхощ щхъухьзехьэхэр НАТО-м къиутIыпщауэ.

Стэнли и лIэкIэ хъуар игу къигъэкIыжрэ пэт, абы и къуэш Стивен къеIуэтэж: «Стэнли пхъэщхьэмыщхьэпсым еIуба нэужь, и пщэр иубыдри щIэжащ, итIанэ лъэгуажьэмыщхьэу уври къэжьащ. Сэ и ужьым ситт, «сыт къыпщыщIар?» жысIэу. «Мобыхэм щхъухь срагъэфащ», - къызжиIэну хунэсащ, и псэр хэмыкI щIыкIэ».

 ЦIыхухэр зэхэзехуэн ямыщIын папщIэ хуэдэу, Iуэхур щекIуэкIа щIыналъэм и хейщIапIэм «нэгъэсыпауэ псори зэхигъэкIащ». Ауэ зыми нобэми и фIэщ хъуркъым Стэнли езыр-езыру лIауэ. ЩIыдагъэм къыпэкIуэ ахъшэм зыми зыхигъэкIыжыфынутэкъым. Гъуэгу ирамытын папщIэ, Мейерым и IэмэпсымэщIэр къидыгъуа хуэдэу трагъэIукIащ, дэфтэрым иритхахэри фIэгъэнапIэ ящIащ. Ауэ щыхъукIэ, псыкIэ лажьэ машинэр Стэнли и щыпэ Iэмэпсымэтэкъым. ФIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ щIалэм пцIы зэрытралъхьар и хьэлми къигъэлъагъуэрт. «ЩIалэфIт ар», - жаIэжащ Мейер зыцIыхуахэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ абы и къэхутэныгъэхэр ящыгъупщэжыпэным нэсащ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: