Мардэм и гъунапкъэхэрЩIакхъуэ гъэжьэкIэм езым и щэху иIэжу игъащIэм къокIуэкI. Къуажэдэс унагъуэхэр къащти, хэти пщагъэр, хэти гъэшыр къагъэсэбэпырт. Псом ящхьэращи, щIакхъуэм хуэдэу гулъытэ ин зыхуащI ерыскъыхэкIхэм яхэтакъым. Я щIакхъуэ гъэжьапIэхэр яIэжу къалэхэм дэт сату щIапIэ инхэми езыхэм я щIакхъуэ пщыкIэрэ гъэжьэкIэрэ яIэжщ, ауэ нэгъуэщI къэралыгъуэхэм я Iэмалхэрщ нэхъыбэм къагъэсэбэпыр. Абыхэм я Iэмэпсымэхэр щыбгъэувакIэ, я Iэмалхэми къапэпкIухь хъужыркъым. Аращи, цIыхур хуей-хуэмейми, ахэр къащэхуным йоувалIэ. Мыбдежым къэхъур гурыIуэгъуэщ. Тыкуэн инхэм гъавэхэкI дагъэ, хьэжыгъэ жыпIэми, ерыскъыхэкI куэд щIэлъщ. Абыхэм я пIалъэ икIыгъуэр къыщысым деж ахэр щIахыу хыфIадзэкIэ ар зейхэм фейдэ лъэпкъ яIэкъым. Аращи, езыхэм ягъэлажьэ шхапIэ мыинхэр, щIакхъуэ гъэжьапIэхэр сэбэпышхуэ къахуохъу. Хьэжыгъэм щIакъуэ лIэужьыгъуэ бжыгъэншэхэр къыхащIыкI. ЩIакхъуэм сыт хэплъхьэми къызэрезэгъым цIыхур есэжащи, хэт а тыкуэн дыдэм щIэлъ сэхураныр, хэти къэб жылэ, ар булкэхэкIыу щытмэ, пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуахэр храгъэубыдэ. СатуущIым дежкIэ Iэмал гъуэзэджэщ: щIакхъуэм макIуэ куэд мыщIэу зи пIалъэр икIынкIэ хъуну зытешыныхь псори. Урыс псалъэ шэрыуэм къызэрыхэщым хуэдэу, дыгъужьми и ныбэр ныкъуэкъым, мэлхэри псэууэ къонэ. ЩIакхъуэхэр пIэрэпIэщэжу къытралъхьэ – узыхуейр къыхэх. Ахэр псори ерыскъы узыншэщ. ЦIыхум егуэуэн халъхьэркъым. Жызум е хуэрэджэ гъэгъуар пIалъэ гуэрым нэскIи шынагъуэ иIэкъым, ахэр илъэс бжыгъэкIэ щылъ мэхъу, сакъыныгъэ мардэ зэрыщыIэр тщымыгъупщапэмэ. ЖыпIэнурамэ, сыт хуэдэри къэщэхуи, дауи, унагъуэ щIакхъуэр къэгъэнауэ, зэман ипэкIэ щIакхъуэ щагъажьэу щыIа заводхэм къыщIагъэкIыу щытам и IэфIымрэ берычэтымрэ жыжьэу щIэбгъуэтэжынукъым. Апхуэдэу щIэхъуам и зы щапхъэ къэтхьынщ. Куэдым ящIэжынущ цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэну къежьауэ щыта щIакхъуэ зэрагъажьэ хьэку цIыкIухэр. Унагъуэ куэдым яIащ ар. Ахэр япэу ди щIыпIэхэм къихьа хамэ къэрал Iэмэпсымэхэм ящыщт. Абыхэм щхьэхуэу ящIыгъут бгъэжьэну щIакхъуэр зэрызэхэплъхьэнур къыщыгъэлъэгъуа тхылъ цIыкIу. Зы мэскъалкIэ а «рецептым» утекIакъэ - Iэмэпсымэр зэщIэувыIыкIырт, ухуеймэ щIакхъуэр ныкъуэжьэу къихыж. Ауэ щыхъукIэ, ар зэрызэхэлъхьэн хуейр, цIыхум зэрезэгъынур гурыIуэгъуейуэ, а ямыдэ фошыгъумрэ шыгъумрэ уэру хэлъут, зыщIыпIэ и деж а тIуми я пщалъэр щызэтехуэу, машинэм ар къызэрищтэну программэм хуэщIауэ. Хьэзыр хъууэ къипхыжа щIакхъуэр, пцIыр сыткIэ щхьэпэ, шхыгъуейт. А зэманым къытхуихьа Iэмалырщ иджыпсту щIакхъуэ гъэжьэныр хьэрычэт зыхуэхъуахэм я нэхъыбэм къагъэсэбэпыр. ЩIакхъуэхэкIхэри (булкэхэр, пирожнэхэр, хьэлыгъуанэхэр) аращ. Куэдрэ урихьэлIэнукъым абыхэм языхэзым нэхъ мыхъуми тещIыхьауэ тхьэвыр щхьэхуэу щапщ щIыпIэ. Зы Iэмалым тету а зэ зэхэпщэгъуэм ягъэхьэзырам IэфIри, шыугъэри гуащIагъ зыщIэлъри далъхьэнурэ, ар щхьэхуэу ящэнущ. Ар апхуэдэу хуэбгъэкIуэн щхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, тхьэвыр мышыурэ, а зи гугъу тщIа IэфI мащIэр щIэлъу япщын хуейщ, IэфIыншагъэри къыздикIыр аращ. Зэгуэр чыщмыщ хэлъу ящIу щыта булкэхэр сытыт апхуэдизу щIэIэфIыр? - шатэпскIэ япщырт. Абы бгъэдэлъа псом щыщу нобэ къыхэбгъуэтэжынур ванилиным и закъуэщ, ари зэрыщытауэ щытыжкъым. Мардэ псыхьа гъэтэмэмам тету лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэрэ цIыхухэм къадекIуэкI фIыр пхъуэжкIэ, абы и пIэм аргуэру къытригъазэу фIы къызэримыувэнур гъащIэ хабзэу къокIуэкI. Аращ щIакхъуэхэри -лIэужьыгъуэ куэдыр фIагъым и шэсыпIэкъым. Къэралыгъуэ лъэлъэжам и ерыскъыхэкIхэр лIэужьыгъуэ куэду къыщIигъэкIыу щытакъым, а цIыхур зэсам и IэфIагъыр нэхъри зэрыригъэфIэкIуэным телажьэрт армыхъумэ. Иджы долъагъу щхъуэкIэплъыкIэу зэхэлыхьа зэмылIэужьыгъуэ ямылейм уи гум пIэпихын куэд зэрахэмытыр. ЩIакхъуэ щагъажьэ заводхэр ди республикэм и щIыналъэ къэс итащ, къыщIагъэкI продукцэхэр, яхэбдзын яхэмыту, фIы защIэу. Ауэ а фIыхэм я фIыжт Лэскэн дэт заводыр. Абы и щIакхъуэм пэхъун къэгъуэтыгъуейт -хъамыркIэ (хмель) япщырт, тхъуцIынэ хэлъу. Печеньехэри щIакхъуэхэкIхэм ящыщщ, я Iуэхум щхьэхуэу утепсэлъыхь хъуну. Уней гъэжьэкIэм псори щытеткIэ, къэралым абыхэм ябгъэдэлъ фIагъымкIэ жэуап щимыхькIэ, абы кърикIуэр псалъэ лей хуэмейуэ щытщ. Пальмэ дагъэр тепщэ щыхъуа зэманым фIыр лъэныкъуэ йоз. Ауэ щыхъукIэ сыт хуэдэ дагъэ? ЩIэныгъэлIхэр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр зэпеуэу топсэлъыхь урысей хьэрычэтыщIэхэм иужьрей зэманым къагъэлъагъуэ Iуэху зехьэкIэм. Пальмэр щагъэкI къэралхэм сыт я лажьэ – ягъэкIын хуейщи, ягъэкI, я фейдэ хэхыпIэщ. Езы дагъэр щыкъабзэм деж сэбэпынагъи хэлъщ, дэтхэнэ адрей къэкIыгъэхэми хуэдэу. АрщхьэкIэ псом нэхърэ нэхъыбэ къэзыщэху хьэрычэтыщIэхэм абыхэм я деж пуду къыщащэхур пальмэ дагъэм я нэхъ фIей, я нэхъ кIэкъинэрщ, уеблэмэ, ар къезыщэ къудейхэм зэрагъэщIэгъуэнур къахуэмыщIэу. Ар уней IуэхущIапIэ зиIэхэм зэбграхри, мэскъалкIэ цIыхум емыгупсысу иращэ, а къэзыщэхуахэм зи гугъу тщIа хьэжыгъэхэкI ерыскъыхэм халъхьэ – гъэува хъуа хабзэщ. Ухуэмеймэ къыумыщэху. Iэужьыр – Налшык и уэрамхэм щызекIуэ сабийхэм ягъуэту хуежьа теплъэм фIэкIа ухуейкъым. Ари къэралщIыб бийхэм тынш дыдэу ди гъащIэм къыхапща Iуэхущ, зыгуэр бгъэкъуаншэкIи мыхьэнэ имыIэу, цIыхум я IэкIэ къыхахыжу. Къэнэжыр апхуэдэ лыфIагъэр мардэ хъууэ, цIыхухэм я нэр есэжынырщи, абыи къэнэжа щIагъуэ щыIэ къыщIэкIынкъым.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
17.07.2026 - 15:01 →
Быным епцIыжахэр
17.07.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




