И лъэпкъым и Iей зэрихуэн мурад иIакъым

Урыс-Кавказ зауэм теухуа хъыбар куэд тхыдэм къыхэнащ, абы теухуа 1уэхугъуэ куэд тхыгъэ щхьэхуэуи ятхыжащ. Апхуэдэ зы хъыбарщ Къэрмокъуэ Хьэмид къигъэлъэгъуэжари.

«Урыс офицер Новицкий Георгий Василий и къуэм шапсыгъ лIакъуэлIэш Мэгъурокъуэ Пщыкъуий хэгъэрей зыхуищIри, Кавказ зауэм и мафIэ лыгъэм хэт адыгэхэм я хэкум къихьэн хузэфIэкIауэ щытащ 1829 гъэм - абы ипэкIэ ар зыми къехъулIатэкъым.

Зауэ зращIылIа лъэпкъым и къаруи, и псэукIи, и бжыгъи, и хабзи зэрыщыгъуазэ щыIэтэкъым урыс дзэпщхэри, ар «кърагъэщIэн» мурадт Новицкэр адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къыщIагъэкIуар. А гъэм «зригъэщIэн» хузэфIэкIар итхыжри, урыс дзэпщхэм я пащхьэ ирилъхьащ Новицкэм. ТIасхъэщIэхым абы щыгъуэ зэрыхуигъэфэщамкIэ, адыгэхэр мин 262-рэт зэрыхъур.

1830 гъэми «зыплъыхьакIуэ» кърагъэжьащ офицер набдзэгубдзаплъэр - а гъэм абы «Iуэхутхьэбзэ» хуилэжьащ адыгэ тхыдэм щыцIэрыIуэ шапсыгъ лIакъуэлIэш Абат Беслъэней. Бзиикъуэ зауэм (1795 гъэ) иужькIэ Абатхэ хьэIупс ящIауэ щытащ шапсыгъхэм, унафэр IэщIахри, пщIэ щIагъуэ ямыIэж хъуат. Ар зигу темыхуа лIакъуэлIэшыр, Беслъэней, урыс тIасхъэщIэхым дэIэпыкъуащ, и хэкум зыщригъэхущыхьащ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, и хэкумрэ и лъэпкъымрэ я тIасхъэр бийм Iэригъэхьащ. Абат Беслъэней абыкIэ зэщэр гурыIуэгъуэт: урыс дзэпщхэр IупэфIэгъу къищIмэ, ахэр зыдигъэIэпыкъуурэ, шапсыгъхэм IэщIаха унафэр зыIэщIиубыдэжыфынкIэ гугъэрт.

Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэхым зэрыдэIэпыкъуам къыхэкIкIэ, Мэгъурокъуэ Пщыкъуии Абат Беслъэнеи адыгэ тхыдэм къащылъыс «пщIэр» зыхуэдэр гурыIуэгъуэщ. ГурыIуэгъуэщ Новицкэм яIэригъэхьа хъыбарыр урыс дзэпщхэм къазэрыхуэщхьэпари - аращ абыхэм зауэм хадза адыгэхэм я деж Новицкэр «плъакIуэ-дэIуакIуэ» къыщIагъэкIуар. ТIасхъэщIэх къызэрежьам щхьэкIэ Новицкэр щIэбгъэкъуэншэн щыIэкъым - и пщэ къралъхьа къалэныр игъэзэщIащ, нобэ дэркIэ нэхъыщхьэри нэхъ лъапIэри абы къызэринэкIа тхыгъэхэрщ. Новицкэм зэхуихьэсащ адыгэхэм ятеухуа хъыбар хьэлэмэт куэд - я тхыдэм, я хабзэхэм, я псэукIэм, я къарум, я цIыху бжыгъэм, я жылэхэм, н.къ. щытепсэлъыхьауэ. 1830 гъэм къыщежьам щыгъуэ Новицкэм нэхъыбэ зригъэлъагъун хузэфIэкIащ, ар, дауи, зи фIыщIэр Абат Беслъэнейщ - ар куэдым щыгъуазэ, хыхьэхэкI, щIэныгъэ зиIэ цIыху лъэрызехьэу щытащ. Аращ, шэч хэмылъу, кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр щIэрыщIэу къыщилъытэм, Новицкэм гъуазэ хуэхъуар. Урыс тIасхъэщIэхым къызэрилъытэмкIэ, а гъэм кIахэ адыгэхэр (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) мелуаным щIигъуу щытащ.

Шапсыгъ лIакъуэлIэш Абатхэ я лъэпкъыр, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, Къэбэрдейм щыщщ. Абатхэ Къэбэрдейм щикIар белджылыкъым. Тхыдэр щыхьэт зытехъуэр ХVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм къыщыщIэдзауэ Абатхэ Шапсыгъым зэрисарщ: хы Iуфэм Iусащ Абатхэ я жылитI. А жылитIым я зым къыщалъхуащ Абат зэшхэр - Беслъэнейрэ Убыхрэ. ЗэшитIми пщIэшхуэ щаIащ Шапсыгъым, лIыгъэ зыхэлъ, зи псалъэр пхыкI лIакъуэлIэш лъэрызехьэхэти. Абы тетащ Беслъэнейрэ Убыхрэ, урыс дзэпщхэм IупэфIэгъу яхуэхъуху. Беслъэней и унафэкIэ, Убых урыс тIасхъэщIэх Новицкэм Шэрджэсым «зыщригъэплъыхьащ». Ар къыщащIэм, шапсыгъхэм Абатхэ къызыхахуащ, я унэIутхэмрэ я мылъкумрэ трахащ. Абатхэ урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зралъхьащ. Абат Беслъэнейрэ Убыхрэ ягъэтыншакъым шапсыгъхэр: Псыжь адрыщI къикIыурэ, зауэ къращIылIэ зэпытащ, ялъ ящIэжын, я мылъкумрэ я пщылIхэмрэ зыIэрагъэхьэжын щхьэкIэ. Ар къехъулIакъым Абатхэ: Беслъэней 1837 гъэм лIащ, Убых и щхьэм кърикIуар тхыдэм къыхэщыркъым - лъэужьыншэщ.

Беслъэней урыс дзэпщхэм я IэмыщIэ зыщIрилъхьам щхьэусыгъуэ иIэщ. Шэч зыхэмылъыр зыщ: и лъэпкъым и Iей зэрихуэн мурад иIакъым Абат Беслъэней, ар дэнэ къэна, къехъулIамэ, Шэрджэсыр лъыгъажэ зауэм къыхишыну и гугъат. 1828 - 1829 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм иужькIэ Абат Беслъэней Истамбыл кIуауэ щытащ, урысхэмрэ тыркухэмрэ зэгурыIуэжа нэужь, Шэрджэсым и Iуэхур зэрыхъунур зэхигъэкIын щхьэкIэ. «Сыт хувимурадыр Шэрджэсым, Тыркум и щIыб къытхуигъэзэжар пэж, Урысейм и IэмыщIэ дифлъхьауэ ара?» - абы щIэупщIащ Истамбыл кIуа шэрджэс лIыкIуэхэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, Шэрджэсыр, Беслъэней и хэкур, Тыркум «и IэмыщIэ иралъхьат», ар тIуми зэи яIэщIэмылъами. Езы шэрджэсхэм зыри къеупщIакъым абыкIэ арэзы хъунрэ мыхъунрэ. Зэрымыхъунур къэралитIми ящIэрт, ябзыщI щхьэкIэ.

Тыркум ущыгугъ зэрымыхъунур къыгурыIуащ Беслъэней. НэгъуэщIи къыгурыIуащ: лъыгъажэ зауэм къыхэшын хуейщ шэрджэсхэр - зауэм фIы къахуихьынукъым, я щхьэри я хэкури халъхьэн фIэкIа. Хъан-Джэрий зэритхыгъащи, акъыл жани щIэныгъэ кууи зиIэ лIым, Истамбыл къикIыжа нэужь, мурад ищIащ Шэрджэсыр, зауэм химысхьэпэ щIыкIэ, гъуэгу захуэ тригъэувэну. Аращ, Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, урыс дзэпщхэм защIыпищIар: ягурыIуэфын, зауэр игъэувыIэфын и гугъащ. Беслъэней Бытырбыху кIуащ, урыс пащтыхьым хуэзащ: псалъэ дыгъэл къыжраIа фIэкIа, къыхуащIа щыIэкъым. «Урысхэм уагухьащ, ди тIасхъэр ябот», - жари Беслъэней хьэIупс ящIащ, жэгъуэгъу куэд иIэ хъуащ».

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться: