Нэпсеймрэ хьэлэлымрэ

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и зэманым Iэбу Джунат жаIэри лIы гуэр псэуащ. Пщэдджыжь нэмэзыр иуха нэужь, ар зыщIыпIэ зэрыпIащIэр нэрылъагъуу, уеблэмэ ЛIыкIуэ лъапIэм и духьэр имыух щIыкIэ, мэжджытым щIэжыжырти, унэм кIуэжырт.
Зэгуэрым, щэлатымрэ сэламымрэ зэхар Iэбу Джунат еупщIащ: «Уэ Алыхьым узэрелъэIун зыри уиIэкъэ?» «СиIэщ!» - къритащ жэуап. «Сыт-тIэ духьэр и кIэм нэсыху ущIыщIэмысыр?» «Сэ щхьэусыгъуэ сиIэщ, Алыхьым и ЛIыкIуэ лъапIэ!» - жиIащ Iэбу Джунат. «Сыт уи щхьэусыгъуэр?» «Си унэм къыбгъэдэт пщIантIэм хъурмей жыг дэтщи, абы и къудамэхэр си пщIантIэм къыщхьэдох. Жьапщэ хъумэ, хъурмэхэр къыполъэлъри, си пщIантIэм къыдолъалъэ, си сабийхэм ахэр къащыпурэ яшх. Аращи, сопIащIэ ахэр сабийхэм яIэрымыхьэ щIыкIэ къэсщыпыжу, зейм естыжын папщIэ. Зэгуэрым си къуэм хъурмэ жьэдилъхьауэ слъэгъуати, къыжьэдэсхыжыну сыхунэсащ: «Уа си щIалэ, уи адэм и напэр Къемэт Махуэм тумых!» жысIэри. Езыр мэжалIэрти, гъащ. «Си псэр хэкIа папщIэ, уи джийм хьэрэм ебгъэхыу здэнукъым», - жесIэри, ари адрей хъурмэхэм я гъусэу гъунэгъум естыжащ». 
Ар зэрызэхихыу, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и нэхэм нэпс къытелъэдащ. Гъунэгъум и цIэм щыщIэупщIэм, ар фэрыщIу къалъытэхэм язу къыщIэкIащ. ЛIыкIуэ лъапIэм къриджащ Iэбу Джунат и гъунэгъур. «Уи пщIантIэм дэт хъурмейр къызэщэ. Абы и пIэкIэ жэнэтым ит жыгипщI, дэтхэнэ зыми и лъабжьэр гуплъу, я лъэдийхэр дыщэу, къудамэхэр налкъут хужьу, хъурмэуэ пытым хуэдиз хур хъыджэбз къепщIэкIауэ уэстынщ». ФэрыщIым идакъым: «Сэ сысатуущIэкъым, пIалъэ дэкIмэ, къызатыжыну мылъкукIэ си хьэпшыпыр сщэуэ. Ахъшэ IэрылъхьэкIэ фIэкIа, сыкъызэрагугъакIэ сщэнукъым». Абдежым Iэбу Бэкр къыщылъэтащ: «Мопхуэдэ щIыпIэм деж щыт хъурмей жыгипщIкIэ сэ къызэщэ, абыхэм яхуэбгъэдэн Мадинэ къалэ псом дэткъым». ФэрыщIыр къэгуфIэри: «УэсщакIэщ», - жиIащ. Iэбу Бэкри: «КъэсщэхуакIэщ», - жиIащ. 
А псор зи нэгу щIэкIа Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жиIащ: «ХъуэжыкIафIэ узэрыхъунумкIэ укъызогъэгугъэ, Iэбу Бакр». Абдежым Тхьэр арэзы зыхуэхъунхэу Iэбу Бакри, Iэбу Джунэти гуфIащ, фэрыщIми, и унэм кIуэжауэ, и щхьэгъусэм зыхуигъэщIагъуэрт: «А жыгипщIри къысIэрыхьащ, мо жыгри ди пщIантIэм къыдэнащи, зыри едмытыну аращ абы щыщу гъунэгъум».
Пщэдджыжьым нэху къекIхэри, Алыхьым и къарукIэ фэрыщIым и жыгыр Iэбу Джунэт и пщIантIэм къыдэхутауэ къыщIэкIащ, игъащIэ лъандэм абдежым итам хуэдэу. Ари Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам далъэгъуа телъыджэхэм язщ. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: