КъыщIагъэкIыр зэрыкъабзэм щыхьэт тохъуэ

2024 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къриубыдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэхэр, синтетикэм къыхэщIыкIа пестицидхэмрэ щIыгъэпшэрхэмрэ, абыхэм хуэдэ н.къ. къамыгъэсэбэпу мэкъумэш продукцэхэр къызэрыщIагъэкIым щыхьэт техъуэ сертификатыр зиIэ IуэхущIапIэхэм я рейтингыу зэхагъэувам къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым 10-нэ увыпIэр абы щиубыдащ.
Ди щIыналъэм апхуэдэ пщIэ игъуэтащ ищхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIа IуэхущIапIэхэм хуэдэу щы зэриIэм и фIыгъэкIэ. Ахэр мыIэрысэ жыг хадэ гъэкIыным елэжьу Шэрэдж щIыналъэм щыщ Аушыджэр къуажэм щыIэ «Гъавэ бэв», фадэхэкIхэр къыщIэзыгъэкI «Премиум», «Эльбрус Спиритс» IуэхущIапIэхэрщ.
Росаккредитацэм къарита сертификатым и фIыгъэкIэ абыхэм хуитыныгъэ яIэщ къыщIагъэкIыр зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэу «Органик» дамыгъэр я продукцэхэм трагъэувэну.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: