НОБЭШыщхьэуIум и 5, блыщхьэ ♦Светофорым и дунейпсо махуэщ ♦2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) къыщызэIуахащ XXXI гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 21 пщIондэ екIуэкIащ. Мудрэн Беслъэн дыщэ (дзюдо), Джэду Iэниуар дыжьын (бэнэкIэ хуит) медалхэр къыщахьат абы. ♦1900 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Салимэ. ♦1934 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон. ♦1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Алэкъей Мухьэмэд. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 30 - 33-рэ, жэщым градус 24-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Уджым сыхэплъафэ щхьэкIэ, сыкъеплъэфэкIын?
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 15:59 →
Металлургым и махуэ
17.07.2026 - 12:26 →
НОБЭ
16.07.2026 - 17:00 →
ЗэлIэлIэжхэр къызэтенэнущ
16.07.2026 - 09:00 →
НОБЭ
15.07.2026 - 11:25 →
НОБЭ
| ||




