Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и уэрэдымрэ и хъыбарымрэПщIантIэм къыдыхьахэр щилъагъум, Хьэнифэ къыщIэкIри къапежьащ. Фызыкумрэ щIалэхэмрэ пщIантIэкум къыщыувыIэри, Хьэнифэ абыхэм къабгъэдыхьащ. ХьэщIэщыбжэмкIэ къыщIэплъурэ Мыхьэмэт псори илъагъурт. – Хьэнифэ, си щIалитIыр зауэм согъакIуэри, зы псалъэ яжозгъэIэнут!… – жиIащ фызым нэщхъейуэ, ауэ и щхьэр лъагэу Iэтауэ. – Си дэлъху цIыкIухэ, дыгъуасэщ фэ анэбгъэм фыкъыщыщIэкIар. Анэ быдзышэр иджыри къыфIурож. Ауэ пащтыхьым къыдидза лыгъей мафIэм Iэщэ къывигъэщтащ. Фэ фи адэм илъ фщIэжыну зауэм фызэрыкIуэр зыщывмыгъэгъупщэ! Шапсыгъ фызхэм я нэпс фымылъагъу щхьэкIэ, ягукIэ магъ. Фи анэм и напэр тевмых. Шапсыгъыу фи анэм фыкъызэрилъхуар зыщывмыгъэгъупщэ. ЛIыхъужьыр ажалыншэщ, биишэр зыхуэлъэр къэрабгъэрщ. Ди щхьэщыгу ит Алыхьым солъэIу фыкъихъумэну! Бийм ди насып текIуэнущ. ФыкIуэ, гъуэгу махуэ! – Алыхьым жиIэ, Алыхьым! – жиIащ анэм. ЩIалитIым я щхьэр мащIэу ягъэщхъа фIэкIа, зыри жаIакъым. ПщIантIэм зэрыдэкIыжу, щIалэхэм я анэм IэплIэ хуащIыжри, шым зрадзри щIэпхъуэжащ. Анэр и пIэм ижыхьауэ и къуэхэр имылъагъужыху якIэлъыплъри, куэбжэм IукIыжащ. АпщIондэху абыхэм якIэлъыплъу пщIантIэкум ита Хьэнифэ игъазэри и анэм деж щIыхьэжащ. А псор зылъэгъуа Мыхьэмэт, сыт хуэдизкIэ Хьэнифэм дихьэхауэ щымытми, зэуэ мычэмыф хъуащ. «Мыпхуэдизу зи щхьэр ягъэлъапIэ, зи Iущагъымрэ зи хабзэмрэ Шапсыгъ псом дэнэ къэна, адыгэ хэкум псоми щаIуатэ пщащэ цIэрыIуэр къасшэмэ, сэ си лIыгъэмрэ си щIыхьу шапсыгъхэм яIурылъыр мы цIыхубз удым и кIэ къуагъым къуэмыкIуэдэну пIэрэ? «Мыхьэмэт, уэ къэпшар фызкъым, лIыщ» къызжаIэу, абы и къапхъэным сиубыду и унафэм сыщIэмыхуэну пIэрэ? Апхуэдэу мыхъуу, зауэлIым и щхьэгъусэфI хъууэ щытми, шапсыгъхэм я деж мы цIыхубз Iущым щиIэ щIыхьыр а зэриIэм хуэдэу къэнауэ, гъэгушхуакIуэу яхэтым мынэхъыфIу пIэрэ, абы пхэщIэдз ижьыщIу тIысыж нэхърэ? Шапсыгъ пщащэхэм яхэтщ унэгуащэфI хъун пщащэ куэд, щIэблэ дэгъуэхэр къэзыгъэхъун. Ауэ Къазий Хьэнифэ хуэдэу Шапсыгъыр зи псалъэ шэрыуэхэмкIэ зыгъэдэIуэфын иджыкIэ шапсыгъ пщащэхэм яхэткъым» жиIэу а гупсысэ хьэлъэхэр и щхьэм щызэрызехьэу, Хьэнифэ къыщIыхьэжри, блыным кIэрыуващ, и щхьэр мащIэу ехьэхауэ, и напIэр къызэтримыхыу. Мыхьэмэт и пащхьэм къитыр нетIэ зи щхьэр лъагэу Iэтауэ щIалэхэм уаз езыта цIыхубз пагэ лIыхъужь Хьэнифэр аратэкъым. Иджы абы и пащхьэм къитыр зи нэгур зэлъыIуха, адыгэ цIыхубз щэныфIэ, лъагъугъуафIэ, нурыр къызыщхьэщих тхьэIухудт. «Уи напIэр гъалIи, лIыр зэгъэгъуэт, унэкур бгъуэтмэ, уи джатэр къих!» жыхуаIэм ухуэмыдэу пIэрэ?» жиIэри Мыхьэмэтым игу къэкIат, ауэ и пащхьэм къит «бланэшкIэр» аргуэру щызэпиплъыхьым и щхьэм щызэрызехьэ гупсысэ хъарпшэрхэр зэуэ илъэтыжри, нетIэ, япэу Хьэнифэ щыIуплъам, хуищIауэ щыта лъагъуныгъэ гуащIэр и гущIэм къыщызэрыIэтыжащ. «Хьэуэ, мыр щхьэгъусэ зыхуэхъум насып мылъытэр къеуэлIауэ аращ. Сэ насып сиIэмэ, «сыарэзыщ» къызжиIэнщ», – жиIащ игукIэ. – АтIэ, сэ си гум пыIэпIэ имыIэу уи жэуапым сыпоплъэ, дахэ! – жиIащ Мыхьэмэт макъ щабэкIэ. – Ди анэми нэхъ къещтэ уэ малъхъэ ухуэхъумэ, сэри си гум урохь. Пщащэхэр игъащIэкIэ дэсыну къалъхуакъым. Ахэр и зэманым лIы дэкIуэн хуейщ, лъэпкъыр псэун щхьэкIэ щIалэ узыншэ къагъэхъун хуейщ, ауэ… – Ахэр псори пэжщ, сыт щIэауэр? – Шапсыгъхэм япхъу дэтхэнэ зым хуэдэу, сэри сышапсыгъ пщащэщ. СыраикIэкъым, сыраипщэкъым. – Сэри шапсыгъхэм я къуэу зызолъытэж. – Сэ уасэншэу сыдэкIуэмэ, сыт шапсыгъ пщащэхэм къысхужаIэнур. Сэ си щхьэм и уасэ къысIэрыхьэн хуейщ. – Уэ зыхуэбгъэувыжыр уи щхьэм и уасэщ. Ар сэ си къалэнщ уи анэжьым и пащхьэм ислъхьэну, – жиIащ Мыхьэмэт. – Сэ си щхьэ уасэр сэрыншэу игъэувыну ди лъэпкъым цIыхухъу исыжкъым. Си адэмрэ си дэлъхумрэ зауэм IукIуэдащ. ЕмыкIу сыкъыумыщI, си щхьэ уасэр сэ зэрызыхуэзгъэувыжымкIэ. – УсщIыркъым емыкIу лъэпкъ. Уэ жыпIэр уи щхьэ уасэщ. – Си щхьэ уасэр зыхуэзгъэувыжыну хуит сыкъэпщIмэ, бжесIэнщ. Ар куэд хъуркъым. Пащтыхьым топ и куэдщ. Шапсыгъхэм зы топ закъуи яIэкъым. А пащтыхьым и топ къомым щыщ зы топ закъуэ бийм къатепхынщи, мы си пщIантIэм къыдэбгъэувэнщ. ИтIанэ нэчыхьытхыр къэбгъэкIуэнщ. ЕмыкIу сыкъыумыщI апхуэдэ уасэ зэрызыхуэзгъэувыжымкIэ, зэманым ещхьу щытын хуейщ уасэри, дэ тIури зауэм дыIуту дышапсыгъщ. Пщащэ Iущым зыхуигъэувыжа и щхьэ уасэр Мыхьэмэтым игу ирихьащ. Ар лъэныкъуитIым я дежкIи щIыхь зыпылъ Iуэхугъуэт. Япэрауэ, бийм топ къытрихауэ шапсыгъхэм зэхахмэ, Мыхьэмэт и щIыхьыр абы нэхъри къиIэтыным и мызакъуэу, абы шапсыгъхэр нэхъри игъэгушхуэнут. Бийр IэщэкIэ зэщIэузэда пэтми, лIыгъэр Iэщэм зэрытекIуэнур абы къигъэлъагъуэрт. ЕтIуанэрауэ, Хьэнифэ зыхуигъэувыжа уасэр Шапсыгъ псом псынщIэ дыдэу щыIунут, щхьэхуитыныгъэм зи къарури, зи Iущагъ псори езытауэ шапсыгъхэр къызэщIэзыIэтэ, зыгъэгушхуэ пщащэм и щхьэ уасэу, мылъкуу щыIэм бийм и топыр нэхъ къазэрыхихам, шапсыгъхэр нэхъри къызэщIиIэтэнут. – Узахуэщ, дахэ! Куэд дэмыкIыу топыр уи пщIантIэм дэтынщ. Абы и ужькIэ нэчыхьытхыр къэкIуэнщи, абы щыгъуэ хьэгъуэлIыгъуэмкIи пIалъэр зэIахынщ. Узыншэу ущыт! – жиIэри Мыхьэмэт къыщIэкIыжащ. Хьэнифи къыкIэлъыщIэкIри: – Гъуэгу махуэ! – кIэлъыжиIащ, Мыхьэмэт шэсыжауэ къыщыдэкIыжым. ЕтIуанэрей махуэм и пщыхьэщхьэм Мыхьэмэт и унэм къэсыжащ. – Сыт жэуапу зэпыфхар? – жаIэри шыпхъухэм Мыхьэмэтыр хагъэзыхьащ. – ФымыпIэщIэж, уасэр хуезгъашэмэ, фыкIуэу фи нысэр къэфшэну дызэгурыIуащ, – къажриIэри, Мыхьэмэт етIуанэ махуэм зызэфIилъхьэри дэшэсыкIащ. Мыхьэмэт и гупышхуэм зы гуп цIыкIу къахишри яжриIащ: – Хьэнифэ уасэу зыхуигъэувыжар бийм топ къатесхыу хуезгъэшэну аращи, гъусэ къысхуэхъунур хуитщ! «Дэ абыкIэ гъусэ дыпхуэхъуфынукъым», – жиIэу зыгуэри гуп цIыкIум къахэкIакъым, – «Уи кIуэдыр – ди кIуэдщ, уи псэур – ди псэущ!» – жаIа мыхъумэ. Бийм и щIыбагъым дыхьэу топгъауэхэр щхьэщахуу, къытраха зэрыхъунумрэ, а топыр къызэрашэну щIыкIэмрэ убзыхуауэ Iуэхум иужь ихьэн хуейт. Псом япэу, бийм и щIыбагъым зэрыдыхьэну гъуэгумрэ топыр къытрахауэ къыщашэкIэ къызэрыкIуэжыну гъуэгуитIымрэ яубзыхуащ. Армырауэ хъунутэкъым, щыкIуэкIэ выхэр яхуу шууэ зэрыкIуэну гъуэгумрэ топыр къытрахауэ къыщашэкIэ къызэрыкIуэжыну гъуэгумрэ зэхуэдэ хъунутэкъым. Армырами, пхъэр къакIэлъежьэ хъумэ, пхъэрыр гъуэгу пхэнжкIэ гъэжэкъуауэ, топыр гъуэгу нэпцIкIэ къэлъэфын хуейт. Ар къызэрыпхуэлъэфынур вы плIэпкъкIэт. Топ къудейм и мызакъуэу, зы выгу из топыши къытрахыу къашэну зэгурыIуащ. Выгум ису кIуэнухэр, абы и ужь иту виплIыр, бжьы ятелъу, кIапсэшхуэ бгъуфIэ зытхух шыхьарэ якIэрыщIэжауэ, зыхунухэр, абы я пэ иту шууэ кIуэуэ, адэкIэ псори къэзыгъэхьэзырынухэр, выгухэм я гъусэу кIуэну шухэр – псори яубзыхури псомкIи зэгурыIуащ, загъэхьэзыращ.
Поделиться:
Читать также:
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
26.09.2024 - 16:54 →
Къуэдзокъуэр мазэм зэрыкIуар
23.09.2024 - 13:03 →
Гъуэгуанэ тхыгъэ
11.09.2024 - 16:42 →
Даус и тешапIэ
|