Спортсмен лъэщхэр къытхуеблэгъэнущ![]() Дуней псом щыцIэрыIуэ, Олимп джэгухэм я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыгушхуэ спортсменкэ Ласицкене (Кучинэ) Марие и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «ЛъагапIэщIэ» 1-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Мэзкуу къалэм щызэхэтащ. Атлетикэ псынщIэм хыхьэ, лъагапIэм елъэнымкIэ зэпеуэр щекIуэкIащ «Салют Гераклион» стадионым икIи абы кърихьэлIащ а спорт лIэужьыгъуэмкIэ къэралым щынэхъ лъэщ спортсменхэу цIыхухъуихрэ цIыхубзихрэ. Ласицкене Марие къызэригъэпэща зэхьэзэхуэм и пщIэр яIэту абы щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ папщIэ ахъшэ саугъэтыфIхэр – сом мин 300-м къыщыщIэдзауэ, ягъэуващ. Зэпеуэм хэта ди лъахэгъу цIэрыIуэм ещанэ увыпIэр къыхуэхьауэ аращ, ауэ абыи щхьэусыгъуэ иIэщ: Марие зыкъыщигъэлъэгъуа иужьрей зэхьэзэхуэхэм фэбжь хихри, тэлай гуэркIэ зигъэсакъым, абы къыхэкIыу нобэкIэ къыхуэщтар метр 1,88-рщ. Япэ увыпIэр къихьащ Кочановэ Марие, етIуанэр - Слеповэ Дарье. ХъыдзэбзитIми зэхуэдэу къащтащ метр 1,91-рэ лъагапIэр, ауэ бгъэдыхьэгъуэу къагъэсэбэпамкIэ зэщхьэщыкIащ. Иджы «ЛъагапIэщIэ» зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр мы гъэм шыщхьэуIум и 31-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ къалэм щызэхэтынущ. Апхуэдэуи абы кърихьэлIэнущ лъагапIэм елъэнымкIэ къэралым и спортсмен нэхъыфI дыдэхэр. Атлетикэ псынщIэмкIэ апхуэдэ спорт зэIущIэ ин ди республикэм япэу щекIуэкIыну аращ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





