Агуий (Агой)

Агуий - аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ километритху хуэдизкIэ пыIудзауэ щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и гъунэгъуу блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ зи лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми Агуийрэ Псышышрэ я къуэладжэхэр зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэщIэзыгъэхьэу къэгъуэгурыкIуа лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.

«АГУИЙ» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Адыгэ Республикэм щыпсэуа щIэныгъэлI, щIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ иужь ита Мерэтыкъуэ Къасым зэригъэувамкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм а жыIэгъуэхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэращ кърагъэкIыр.

 Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытепщIыкIащ. НэгъуэщIу жытIэмэ, щIыпIэцIэм «гу», «а гуий» къэпсэлъыкIэхэр щызэкIэлъыкIуагъэнущ.

Мыдрейхэм зэрагъэувымкIэ, щIыпIэцIэр «аIуей» (хьэIуей, розалия) къэкIыгъэм зэреджэм къытехъукIащ.

Лъахэхутэхэм яхэтщ «Агуий» фIэщыгъэр абхъазхэм я бзэм къыхэна «агауаа» псалъэу «хыIуфэрыс» мыхьэнэр къызэрыкIым хуэзышэхэри.

XIX лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геологием фIыуэ хэзыщIыкI тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере 1833-43 гъэхэм Кавказым зыщиплъыхьауэ щытащ. А зекIуэм триухуа и тхылъым узыщыхуэзэ «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу хым хэлъэдэж псым ирипхырт икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжауэ щыта гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт.

Адыгэ лъэпкъым и IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным ерыщу иужь ита, XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм псэуа узэщIакIуэ Хъан-Джэрий «Агуий» псым щхьэкIэ къигъэсэбэпу щытар «Акуе» фIэщыгъэрщ. А къэпсэлъыкIэр мыгурыIуэгъуэ дыдэми, зэдгъэпщэн диIэщ. Ар сыт жытIэмэ, Инджылызым къикIыу Адыгэ Хэкум а лъэхъэнэм щыIахэм ящыщ Бэлл Джеймс «Дневник пребывания в Черкессии» и тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, мы щIыпIэм XIX лIэщIыгъуэм икухэм щыпсэуащ шапсыгъхэм я къудамэу зыкъэзылъытэж «агуйа» («агъуей») лIакъуэр.

А зэман дыдэм ПсыфIыпэрэ Шахэрэ я зэхуаку дэсащ шапсыгъхэм я нэгъуэщI лIакъуэу «гъуае»-кIэ зэджэу щытыгъар. Уеблэмэ ПсыфIыпэ и Iуфэм Iусащ «Гъуае» жыхуаIэу щыта къуажэри (иджырей урыс къутыр Алексеевкэ здэщытым деж).

«Сусанэ лъэгу» фIэщыгъэр зэрехьэ иджырей Агуий (Агой) къуажэм и хьэблэхэм ящыщ зым. Зэман блэкIахэм абдежым мэкъу щеуэ хуеишхуэ итыгъащ. Абы «Сусанэ и лъэгу» хужыпIи хъунущ.

 Мыдрейуэ. Ди лъэхъэнэр къихьэным лIэщIыгъуитI иIэу псэуа, Пасэрей Алыджым щыщ тхыдэдж, географ Арриан Флавий Кавказым хузэхигъэувауэ щыта картэм ТIуапсы псыр хым щыхэхуэжым деж къыщыщIэдзауэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ щыIэ щIыпIэр къызэрыщигъэлъагъуэр «Ахеижь лъапсэ» фIэщыгъэмкIэщ. А псалъэр и IукIэ-тхыкIэкIэ ещхьщ пасэрей алыджыбзэм (грекыбзэм) хэта «ахей» этнонимым (лъэпкъ гуэрым и цIэм). Иджырей лъахэхутэхэм ар хуагъадэ тхыдэм къыхэна «агуйя» псалъэми мы зэманым щыIэ Агуий къуажэм зэреджэми.

ГъэщIэгъуэныр аращи, Арриан и адрей тхыгъэхэм ящыщ зым хэт «Ахеунт» фIэщыгъэри зыхуахьыр (а щIыпIэр, тхыгъэжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Шахэ хым щыхэхуэжым деж щыIэт) алыджхэм «ахеи» жыхуаIэ лIакъуэм зэреджэу щытарщ… 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: