Франджы тхакIуэшхуэ Дюма Александр-нэхъыжьым и «Мушкетёрищ» романым кардинал де Ришелье къыщыгъэлъэгъуащ пащтыхьымрэ абы и щхьэгъусэмрэ зэпымыууэ якIэщIэтIыхь цIыху бзаджэу. Абы щыгъуэми, ар ипэжыпIэкIэ езым и къэралым хьэрэмыгъэншэу псэухукIэ хуэлэжьащ икIи щIэбэнащ и фIыгъуэм. Езыр бгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ апхуэдизкIэ цIэрыIуэ хъуати, уеблэмэ япэ урыс император Пётр Езанэр ехъуапсэу щытащ: «Сэ си пащтыхь лъахэм и зы Iыхьэр щIэстынт, абы хуэдэу Iэзэу адрей Iыхьэр зесхьэфыным».
ЛIакъуэлIэш унагъуэм къыхэкIа Арман Жан дю Плесси, герцог де Ришелье, 1525 гъэм къалъхуащ. Ар псоми зэрацIыхур кардинал Ришельеуэщ. Пащтыхь Генрих ЕплIанэм и зэманым япэщIыкIэ епископ, иужькIэ кардинал хъуащ. 1624 гъэм къыщыщIэдзауэ лIэхукIэ (1642 гъэ) къэралым и унафэщIу щытащ.
Министр нэхъыщхьэм (арат абы и къулыкъум зэреджэр) и Iуэхур япэщIыкIэ щIагъуакъым. Пащтыхь Людовик ЕпщыкIущанэм ар игу ирихьыртэкъым. Правительствэм и унафэщI щIищIари, щытыкIэ гугъум къихута Франджыр езым хузехьэжыртэкъыми арат. Артист Табаков Олег фильмым дэ ар щыдегъэлъагъу хэлъэтышхуэ зимыIэ икIи тыншу узыхуеймкIэ пшэф цIыхуу. Акъылышхуэ зэримыIэр пэжт, ауэ абы къыдэкIуэуи егъэлеяуэ ерыщт, иукъуэдиям темыкIыну. Абы къыдэкIуэуи хуабжьу дзыхьмыщIт: зыгуэр щагъэпщкIуу, и нэ щIыбагъкIэ ялэжьаIауэ игу техуэнутэкъым. Ауэ Ришелье ар химыгъэгъуазэу зы лъэбакъуи ичыртэкъым, зы Iуэхуи ирихьэжьэртэкъым. ИтIанэ жэрдэмыр езы пащтыхьым къыбгъэдэкIа хуэдэу къыщIидзырт. Ауэ итIани хъуртэкъым.
Пэмыплъэхауэ, кардиналым сэбэп къыхуэхъуащ… и бийхэр. 1626 гъэм сэтей къэхъуащ Людовик тезыдзыну зи мурада «Шале и гупыр». Абы хэтт пащтыхьым и Iыхьлы дыдэхэр. Ришелье и цIыхухэм а мурадыр къызэпаудащ. БзаджащIэхэр хьэIупс ящIа къудейщ, пащтыхьылъ зыщIэмыт Шале и закъуэщ яук1ар.
Къэхъуам иужькIэ министр нэхъыщхьэм и пщIэр лъагэу дэкIуеящ, абы унафэр Iэрыхьащ. Иджы Iэмал игъуэтат и зэфIэкI псори къигъэлъэгъуэну.
Ришелье япэ удыныр зыхуигъэзар Ла-Рошель къалэрщ - франджы протестантхэм (гугенотхэм) я щыхьэрырщ. Абырэ къегъэщIылIа щIыпIэхэм щыпсэухэмрэ ефIэкIыныгъэ инхэр яIэт: езыхэм Iуэхухэр зезыхьэнухэр хахынырт, налогхэр зыхуагуэшыжырт. КIэщIу жыпIэмэ, «къэралым щыIэ къэралт», франджы хабзэхэр кърадзэртэкъым. ИкIи шынэхэртэкъым: къалэр быдапIэ лъэщхэмкIэ къэхухьат, хы Iуфэм Iутти, Инджылызым кхъухьхэмкIэ къыхуригъэшэфынут Iэщэуи ерыскъыуи зыхуейм хуэдиз. Гугенотхэр къагъэIурыщIэн щхьэкIэ псом япэу а псы гъуэгур зэхуащIын хуейт. АрщхьэкIэ а зэманым Франджым зы кхъухьи иIэтэкъым.
ИужькIэ, Пётр Езанэм зэрищIым хуэдэу кардиналым епIэщIэкIыу флот зэтриухуэу щIидзащ. Кхъухьхэр нэгъуэщI къэралхэм къыщищэхуащ. ПIалъэ кIэщIым абыхэм я бжыгъэр 13-м нэсат.
АбыхэмкIэ псы гъуэгур зэхуащIа иужь, франджыхэм я дзэр 1628 гъэм Ла-Рошель ебгъэрыкIуащ. Зэхэуэхэр гуащIэу щытащ, протестантхэм затын хуей хъуащ.
Ришелье етIуанэ удыныр яридзащ щIышхуэ зыбгъэдэлъ лIакъуэлIэш хэIэтыкIахэм. Ахэр щыкIыIуат. КIэнауэ куухэмкIэ къэухъуреихьа быдапIэ лъагэхэм исти, пащтыхьым и губжьым щышынэжыртэкъым, дэтхэнэми зибжыжырт езым и щIыналъэм щыпащтыхьу. Кардиналым унафэ ищIащ а псори ирахыну. Дауи, псэупIэхэри псэуалъэхэри къахуигъэнащ, ауэ быдыпIэхэр зимыIэж лIакъуэлIэшхэр, зэрыжаIэщи, тафэм къытенат.
ЛIакъуэлIэшхэр «зэтегъэсабырэныр» абдежи щиухакъым. Пащтыхьым и цIэкIэ къыдигъэкIащ щIакIуэ кIапэхэм зэдытеувэну хуит зымыщI унафэ цIэрыIуэр. Арыншауи хъунутэкъым: Франджым и дзэм и купщIэр лIакъуэлIэшхэрт (адыгэхэм ягъэзауэр уэркъхэу зэрыщытам ещхьыркъабзэу), ауэ ахэр зэфIэнэурэ (я нэхъыбэм зы мыхьэнэншэ дыдэ щхьэкIэ) Париж и уэрамхэм щызэрыукIыжырт. Ари IупщI дыдэу щыдолъагъу «Мушкетерищ» фильмым. Унафэм ебакъуэхэм я судыр укIкIэ ящIэнут. Куэдым я гугъащ ар тхылъымпIэм къинэжыну, ауэ къэпцIауэ къыщIэкIащ. Ар белджы къэхъуащ ягъэува хабзэр къызэпаудауэ тIу къыщIэхуа иужь. Зыр гуп дыгъэлым щыщ Монморанси Бутвиль Француат.
Псоми къалъытэрт Ришелье абы емыIусэфыну. Уеблэмэ, езы Людовики хуейт абы хуигъэгъуну. АрщхьэкIэ кардиналым гуригъэIуащ унафэ птхыкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIыр, ар фIэкIыпIэ имыIэу гъэзэщIэн зэрыхуейр. Монморанси-Бутвиль и щхьэр паупщIащ.
ИужькIэ чэзур нэсащ губернаторхэм я деж. Абыхэм къалъытэ хъуат я IэмыщIэ иралъхьа щIыналъэхэр иришхэн щхьэкIэ ирата тыгъэу. Мыбдежми хэкIыпIэ къыхуигъуэтащ. Ришелье щIыпIэхэм игъакIуэу хуежьащ пащтыхь властым и лIыкIуэхэр. Абыхэм интенданткIэ еджэрт икIи я къалэнт щIыналъэхэм ахъшэр зэрыщызрагъакIуэм кIэлъыплъыну. ЩытыкIэм мыгувэу зихъуэжащ.
Мис а Iуэхугъуищым - гугенотхэр къызэригъэIурыщIам, лIакъуэлIэшхэр къызэрыIэсам, щIыналъэ унафэщIхэр къызэрыжьэдикъуам я фIыгъэкIэ, Франджыр къэрал лъэщ хъуащ, сыт хуэдэ IэнатIэми пащтыхь властыр щытепщэу. ИлъэсипщI бжыгъэ дэкIри, Людовик ЕпщыкIущанэм и къуэ «Людовик ЕпщыкIуплIанэм, уеблэмэ жиIэну Iэмал игъуэтащ: «Къэрал хъужыр сэ езыращ!»
Кардинал Ришелье и IуэхущIафэхэр мыхъуамэ, ар апхуэдэу зыщытхъужыфынтэкъым…