Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Хьэнифэ дахэр еплIанэрей махуэм къэсащ. Шыпхъухэм Хьэнифэр Мыхьэмэт щхьэщашащ.
 - Ди дэлъху закъуэ, уи нэр къызэтехи къеплъыт, мис ди нысэ дахэр къэсащ! – щыжраIэм, Мыхьэмэт и нэр къызэтрихри, Хьэнифэм къеплъащ, мащIэу къыпыгуфIыкIащ.
 - Арат сэ шапсыгъ пщащэхэр дэкIуэн хуейщ, щIыжысIар, – жиIащ.
 - Пащтыхьыр лIэнщ, ауэ Шапсыгъыр псэунщ! – жиIащ Хьэнифэ.
Шыпхъухэм Хьэнифэри къахыхьэжауэ Мыхьэмэтыр зэрахьэрт. Жэщ къэс джэгуакIуэхэм щIэпщакIуэ ящIырт, джэгурт, къафэрт, уIэгъэ хьэлъэр ягъэжейртэкъым, зрагъэгъэпсэхуртэкъым. Мыхьэмэт нэхъ Iей хъу зэпытт.
ИтIанэ Хьэнифэ жиIащ, шыпхъухэр зэхуишэсри:
 - ЕмыкIу сыкъэвмыщIу мы сэ жысIэнум фыкъысхуедаIуи, си лъэIу закъуэр къысхуэфщIэ. Шапсыгъым пщащэу исым сэ мы фи дэлъхум сакъыхихащ. Сэри Шапсыгъым щIалэу исым фи дэлъхур къахэсхащ. Дэ тIур Алыхьым дызэритауэ, ди гъащIэр кIыхьми кIэщIми дыздэпсэун хуейуэ, дызэщхьэгъусэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, зы жэщ закъуэ нэхъ мыхъуми, си щхьэгъусэр си закъуэ хуит къысхуэфщI. Мы щIэпщакIуэ гугъуехьыр зэпывгъэуи, мы си щхьэгъусэм и псэр сывгъэгъэтынш!
Хьэнифэ жиIамкIэ зэшыпхъухэр акъылэгъу хъури, джэгуакIуэхэр яутIыпщыжащ, сымаджэм Хьэнифэ и закъуэ къыбгъэданэри, шыпхъухэр щIэкIыжащ.
Хьэнифэ и анэм къызэрилъхуам хуэдэу пцIанабзэу зиупцIэнри Мыхьэмэтым бгъурыгъуалъхьэри, нэху щыху бгъурылъащ. Лъы куэд зыфIэкIуэда, щIыIэм ис сымаджэр и хъыджэбз щIыфэ пщтырымкIэ нэху щыху игъэхуэбащ. А зы жэщ закъуэрщ Мыхьэмэт щыжеяр.
Сымаджэм и къарур щIэкI зэпытт, куууэ хэтIысхьауэ хэс шэм Мыхьэмэтыр ажалым хуриджэрт. Шэр къыхахмэ, ажалым къелын-къемылыну арат, ауэ шэр къыхамыхмэ, ажалыр къызэрыхуэблагъэр нэрылъагъут.
ЕтIуанэ махуэм Хьэнифэм япиубыдащ шэр къыхахын хуейуэ. Шэхэх Iэзэхэр аргуэру къызэхуашэсри, уIэгъэр быдэу зэпаплъыхьащ, зэчэнджэщри, шэр къыхахмэ, псэункIэ хъуну, къыхамыхмэ, абы зэрихьынур хьэкъыу я фIэщ хъури, жэщыбгым шэр къыхахащ.
А дакъикъэм джэгуакIуэхэм гуфIэгъуэ къафэ зэхалъхьащ. Абы еуэурэ зэшыпхъухэр къэфащ, Хьэнифи къытрашэри къагъэфащ.
АрщхьэкIэ, «гуфIэгъуэри гуIэгъуэри зэпыщIащ» жыхуаIэрати, гуфIэгъуэ дакъикъэхэр кIэщIу къыщIэкIащ, шэр пасэу къыхахын хуеят, къарууншэ хъуа, лъы куэд зыщIэкIа Iэпкълъэпкъыр зэраупщIэтар хуэшэчыжакъым. Нэхущым Мыхьэмэт дунейм ехыжащ. ГуфIэгъуэм гуIэгъуэкIэ зызэридзэкIыжащ.
ДжэгуакIуэхэм жэщыбгым зэхалъхьа гуфIэгъуэ къафэ-макъамэр нэхущым гъыбзэкIэ зэрадзэкIыжащ. 
Дунейм ехыжа лIыфIыр зэрыщIалъхьэ хабзэу, ягъэлъапIэу хэкум ефэндышхуэрэ хьэжышхуэу исхэр къызэхуэсауэ, и ныбжьэгъу зауэлIхэм я щхьэр лъахъшэу ягъэщхъауэ, бэракъхэр ягъэсысу Мыхьэмэтыр щIалъхьащ.
Махуибл-жэщибл хьэдагъэр зэрыдэкIыу, Хьэнифэ унагъуэм яжриIащ:
 - Си тхьэмадэфI, си гуащэ дыгъэ, си шыпхъу дахэхэ! ЕмыкIу сыкъэвмыщI, фызинэщ, фызипсэщ, ауэ си анэжьым и закъуэ унэ нэщIым къыщIэнауэ щIэсщ. Си гъащIэр IэфIрэ гуфIэгъуэкIэ вдэсхьыну сыхуеят, ауэ Алыхьым къытхуиухар арат. Сэ сыхуэарэзыщ си щхьэгъусэ дунейм ехыжам. Алыхьым сызэрелъэIури аращ, и псэм тыншыпIэ къритыну. Си хьэтыр къэфлъагъурэ хуит сыфщIмэ, си анэм деж згъэзэжынущ.
Гуащэ-тхьэмадэм хуит ящIри, зэшыпхъухэм я нэпсыр къелъэлъэхыу Хьэнифэ ирагъэжьэжащ.
Хьэнифэ къыздэсыжам, цIыхухэр къызэхуэсауэ и пщIантIэм дэту, и анэр и псэм еджэу хэлъу ирихьэлIэжащ.
 - Си хъыджэбз закъуэ, сэ сыпхуэарэзыщ, а узытетым утемыкI! Си ужьыр махуэ пхухъу! – къыжиIэжри и псэр хэкIащ.
Хьэнифэ и анэжьыр щыщIалъхьэм, къуажэм цIыхуу дэсыр кхъэм нэс кIэлъыкIуэтащ. Зэхэзыхахэр хамэ къуажэм нэс къикIыурэ къыхуэщыгъуащ.
А псом и ужькIэ, зы тхьэмахуэ дэкIри, жэщым Хьэнифэ и унэри, и хьэщIэщыбжэри, и куэбжэри гъэбыдауэ, езыри дэмысыжу нэху къекIащ. 
Хэти, «Хьэнифэ игъэзэжри, Мыхьэмэт и адэ-анэм я деж кIуэжащ», адрейхэм «хьэуэ, Тыркум икIащ», ещанэм «шэч хэмылъу, ядыгъуащ», еплIанэм «псым зригъэтхьэлэжащ» жаIэрт.
Ауэ сыт жамыIами, Хьэнифэ зэрыкIуэдар, зэрахэмытыжыр гущIыхьэ ин ящыхъуат.
Зы махуэ гуэрым и пщэдджыжьым, жьыуэ, зэуакIуэ кIуэ Мыхьэмэт и гупым зауэ фащэкIэ зэщIэблауэ, афэ джанэ щыгъыу, гъущI пыIэ щхьэрыгъыу, пщIэгъуалэ тесу и пащIэ-жьакIэр къэмыкIауэ, зы щIалэщIэ къахыхьащ. ЩIалэщIэ мыцIыхум сэлам къарихыу къащыхыхьэм псори зэплъыжащ.
 - Уэ дэнэ уздэкIуэр, щIалэ? - жиIэу Мыхьэмэт и пIэкIэ дзэпщу хахар къыщеупщIым:
 - Уи дзэм сыхэбгъэхьэну сынолъэIуну сыкъэкIуащ! ФызмыгъэукIытэну укъызогъэгугъэ!
 - Мы узыхыхьэ гупыр пщIэрэ, щIалэ? - къеупщIащ ар аргуэру. 
 - СощIэ, мыр лIыхъужьу зэуа Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и гупырщ!
 - Мы гупыр Шапсыгъ псом зэрыщыцIэрыIуэр пщIэрэ?
 - Аращ сэ фи гупым сыкъыщIэкIуар, Мыхьэмэт илъ сщIэжыну, - жиIащ щIалэм.
ЩIалэщIэр гупым зыхагъэхьащ. Псоми зэуэ гунэс ящыхъуащ и зыIыгъыкIэри, и зэуэкIэри. ЩIалэщIэм шынэ жыхуаIэр и гум къэкIыртэкъым. ДэнэкIи нэсырт, псоми гу лъитэрт. УIэгъэ хъуахэм я уIэгъэхэр псынщIэу яхуипхэрт. Зэуэн хуей хъуамэ, и джатэр ихауэ япэ итхэм я гъусэу бийм яхэлъадэрт. Ауэ гупым зыщагъэпсэхум деж, сабырт, псэлъэгъуейт. Зыми зы псалъэ лей жриIэртэкъым. Абы щхьэкIэ и цIэмкIэ зыри къеджэртэкъым. Иныкъуэм «Псэлъэгъуей», адрейхэм «СабырщIэгъей» къыфIащауэ арат къызэреджэр. ЩIалэщIэр пщэдджыжьым къахыхьэрт, пщыхьэщхьэм яхэкIыжырт.
Инджылызри, Польшэри, Тыркури Шапсыгъым шэрэ гынкIэ, IэщэкIэ къыдэIэпыкъурт. Тыркум и агентхэм шапсыгъхэр ягъэдаIуэрт, урысхэм зрамыту я муслъымэныщIым Iэпхъуэнхэу. Арыншами, пащтыхь къэралыгъуэшхуэм и дзэ гъэсам пэщIэт Шапсыгъ цIыкIум и зауэлI тIэкIур, лIыгъэ мылъытэр яIэу зауэ пэтми, мащIэ хъу зэпытт. Инджылызми, Польшэми, Тыркуми дзэ къагъэкIуэну жаIэ щхьэкIэ, псалъэм къыфIэкIыртэкъым. Шапсыгъхэр гъэпцIагъэкIэ ягъэзауэурэ лъапсэрыхыр къыхуагъакIуэрт, къэрал зэныкъуэкъухэм я кум икIуадэрт.
Пащтыхьыжьми, гущIэгъуншэу тенджызымкIи щIымкIи щебгъэрыкIуэурэ, джатэрэ мафIэкIэ Шапсыгъ цIыкIур къизэурт.
Мыхьэмэт зыхэта гупыр Дыгъэмыпс деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм хэту, щIалэщIэр уIэгъэ хьэлъэу къыIуахри, мэз лъапэм зэрыщIахьэу лIащ. И гъущI пыIэр щыщхьэрахым, и щхьэцышхуэр къыщIэщащ. Псоми ягъэщIагъуэу я пащхьэм нурыр къыщхьэщихыу илъ пщащэ хьэдэм еплъащ. Я нэпсыр къежэхащ. И пщэм илъ уагъэр зэпачри дыуэр кърахащ. ЗэгуатIэпIыкIыу къыщеджэм, хьэрыпыбзэкIэ тхат: «Шапсыгъым и хуитыныгъэм Къазий Хьэнифэ и псэр щIитащ».
Аращ Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэтрэ Къазий Хьэнифэрэ я хъыбарыр.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: