КъэфакIуэ щэджащэ

Кавказым щыщу зи цIэр дунейпсо щэнхабзэм лъэ быдэкIэ хэувахэм язщ дызэрыт илъэсым зи илъэсищэ гъуэгуанэр къэтпщытэж Эсамбаев Мэхьмуд. Шэшэн къуажэ пхыдзам къыдэкIа щIалэ цIыкIум и псэр зытхьэкъуа IэщIагъэмкIэ щIы хъурейм и кIапэ зэпэIэщIэхэр зэпищIэри, цIыху Iэпкълъэпкъыр къафэбзэкIэ къигъэпсэлъащ. 

 «Адыгэхэм ятеухуауэ сыт жыпIэн?» - жиIэри, Адыгейм концерт щызыт Эсамбаевым зыхуигъэзат корреспондентым зызэман. «Сыт сэ а лъэпкъ дахащэм теухуауэ схужыIэнур? - къритащ жэуап артистым. - Ахэр пщы лъэпкъщ. Адыгейм щыпсэу цIыху псоми пщы яфIэсщынт. Щэ бжыгъэкIэ сыкъыщыфащ сэ а республикэм. Фи лъэпкъыр фIыуэ солъагъу. ЩIэслъагъури сэ сыкъызэралъагъуракъым, атIэ сэ езым си гур якIэрыпщIащ. Алыхьым адыгэ лъэпкъым щыщ си къуэшхэмрэ си шыпхъумхэмрэ игъэузыншэ, насыпыфIэ ищI». 
 Эсамбаев хъужыр хэтми дымыщIэу, и цIэ къыщраIуэм, и хъыбархэм зызымыхъуэжу зы гъэщIэгъуэн къыхэхуэрт ар щагъэфIа совет лъэхъэнэм: «И концерт псори шэшэн къафэмкIэ къыщIедзэ». СССР-м хуэдэ къэрал лъэрызехьэм лъэпкъ зэхэгъэжым теухуауэ щекIуэкIа политикэм ущыгъуазэмэ, апхуэдэ утыку итыкIэр Iуэху къызэрыгуэкIыу зэрыщымытар гурыIуэгъуэ мэхъу. Ар зыхузэфIэкIхэр куэду щытамэ, Эсамбаевыр адрейхэм къахэщынтэкъым. ГукъэкIыж мымащIэ къызэзынэкIа артистым и гъащIэ гъуэгур псалъитI-щым щытхуимыгъэхуэнукIэ, дзыхь зыхуэпщI хъуну и ныбжьэгъухэм, псэлъэгъухэм къаIуэтэжа хъыбархэм дрижэнщ. 
 «Уэрэ Эсамбаевымрэ фызэщыIеяуэ жаIэ. Сыт абы и щхьэусыгъуэр?» - Магомаев Муслим корреспондент гуэр еупщIат зэгуэрым. 
 «Кремлым концерт щекIуэкIыу, Эсамбаевыр цIыхухэр зэхэту къызэупщIащ: «Усыт лъэпкъ уэ?» - жиIэри. «Сыазербайджанщ», - зэрыжысIаращ игу иримыхьар. «Узэрышэшэным уримыгушхуэу ара?» - жиIэри, абдеж щегъэжьауэ зыкъомрэ къызэпсэлъакъым, иужькIэ теужащ. Си анэшхуэр тэтэрщ, си анэм лъэпкъиплIым ялъ щIэтщ (адыгэлъри хэту - Ч. М.), си адэр азербайджанщ, арат апхуэдэу щIыжысIар, ауэ цIыхур къызыхэкIа лъэпкъыр зэи згъэнэхъапэу щытакъым, сэ сыинтернационалистщ», - итащ жэуап Магомаевым. 
 Псалъэм и хьэтыркIэ, а Iуэху еплъыкIитIыр щытепщэу щытащ бзэ куэду зэхэт, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр щагъэнэхъапэ СССР-м. Эсамбаевым и шэшэн къафэм хуэдэ дыдэу нэIурытт абы зыщхьэримых и бгырыс пыIэри. Хэт зымыцIыхур уэрэджыIакIуэ Антонов Юрий? КъызэрыщIэкIымкIэ, ар илъэсищкIэ Шэшэн филармонием щылэжьащ, апщIондэху Эсамбаевым ныбжьэгъу хуэхъуам къыщымынэу, и цIыхугъэр здынэсыр и нэрэ и псэкIэ игъэунэхуащ: 
 «Эсамбаевыр зы пэш фIэкIа мыхъу фэтэр къызэрыкIуэ цIыкIут щыпсэур, къат нэхъ лъагэ дыдэм тесу. И лъакъуэр щIиупщIарэ зэи зыщхьэримых и бгырыс пыIэр щхьэрыгъэсауэ щыс хабзэт. Ар депутат-тIэ. ЗэрыцIыкIурэ мыдепутатауэ си фIэщ хъуртэкъым ар, апхуэдизкIэ а Iуэхум хуэщIати. Пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху цIыхухэр къекIуалIэурэ, зыгуэр щхьэкIэ къелъэIухэрт, фэтэр къытхуеIых, лэжьапIэ къытхуэгъуэт, дохутырым тхуепсалъэ жаIэу. «Хъунщ», - фIэкIаи яжриIэртэкъым, «хьэуэ» псалъэр къыжьэдэкIыххэртэкъым. И бжэм IункIыбзэ иритыртэкъым. Зы пщафIэ иIэт, етIысэхыпIэ имыIэуи, къакIуэу хъуар абы игъашхэрт. Егъэлеяуэ цIыхуфIт, и псэм и хьэлэлагъым гъунэ имыIэу». 
 Дызытепсэлъыхьыр артист, тхакIуэ, уэрэджыIакIуэ, къулыкъущIэ ирехъу, зэман дэкIа нэужь, дэ къытфIэIуэхур апхуэдэу цIэрыIуэ хъуа цIыхум хэлъа цIыхугъэр здынэсырщ. И ехъулIэныгъэм зэрытеIэба гъуэгурщ, къигъэщхьэпа Iэмалхэрщ. Эсамбаевыр къапщтэмэ, Кавказым щыщ дэтхэнэ сабийми хуэдэу, и адэр и къуэм «нэхъ цIыхухъу IэщIагъэкIэт» къызэрыщыгугъыр. ЗэрыжаIэжымкIэ, щIалэ цIыкIум Шэшэн-Ингуш ансамблым хэту япэ дыдэ кърата сом 300-мрэ кIэпейкIэ 40-мрэ и адэм щыIэщIилъхьам, «уи лъакъуэхэр будэу утыкум узэритым щхьэкIэ мыпхуэдиз къуатауэ ара?» къыжриIауэ щытащ. I939 - I943 гъэхэм Эсамбаевыр Псыхуабэ къыщыфащ, фронтым кIуэ бригадэхэм яхэту, зауэ губгъуэм, госпиталхэм зыкъыщигъэлъэгъуащ. 1944 гъэм шэшэнхэр щрашым, а къалэм къыдэнэну Iэмал иIат, ауэ «си лъэпкъым сригъусэнущ» жиIэри, идакъым. И адэ-анэм я гъусэу Къыргъызым ирашахэм яхэтащ. 
«Къафэу и гъащIэр ихьащ», - жиIэнкIи хъунущ мыхьэнэ зиIэ цIыху къыпхэкIын щхьэкIэ куэд бгъэвын зэрыхуейм щымыгъуазэм. Къыргъызым ираш шэшэнхэм я гъусэу гъуэгу тета Мэхьмуд и анэр мафIэгум шхын щхьэкIэ илIыхьауэ жаIэж. Илъэси 105-кIэ псэуа Эсамбаевым и адэм зыбжанэрэ щхьэгъусэ къишащ иужькIэ. Нэхъ гъэщIэгъуэну Мэхьмуд къыщыщIахэм язщ абы и «журт анэ Софье» и адэм бгъэдэкIыжа нэужь, щIалэ цIыкIур абы и гъусэу къызэрынар, езы цIыхубзым ифI куэд щIалэм къызэрекIар. 
 «Зауэр екIуэкIыху концерт 400-м нэс фронтым щитащ ди адэ къуэшым, - игу къегъэкIыж Эсамбаевым и благъэ хъыджэбзым. - Зэгуэр шэ къытехуэри, и лъакъуэр уIэгъэ хъуати, дохутырхэм памыупщIу мыхъуну къыжраIащ. «Сэ сыкъызэрыфэм фIэкIа, нэгъуэщI зыри схуэщIэркъым», - жиIэри, Мэхьмуд абыкIэ зэрымыарэзыр зэрыт тхылъымпIэм Iэ щIидзауэ щытащ. И анэшхуэм удз хущхъуэкIэ игъэхъужу, мазэм и кIуэцIкIэ зэфIэувэжа щIалэм къэфэн щыщIидзэжам, и лъакъуэр памыхыу мыхъуну къыжезыIа госпиталым и унафэщIым ар зэригъэщIэгъуэн ищIэртэкъым. Илъагъур и фIэщ мыхъуу, дохутырым къыжьэдэхуа псалъэхэри тхыдэм къыхэнащ: «Иджы си фIэщ мэхъу Тхьэ зэрыщыIэр». 
 «ДыкъэзыгъэщIар си фIэщ зэрыхъумрэ шэшэнхэр зищIысыр дуней псом езгъэлъагъун гукъыдэжымрэщ сыкъэзыхъумар», - жиIэрейуэ щытащ Эсамбаевым. СССР-м икIахэр къэрал щIыбым фIыуэ зэрыщамылъагъур Маяковский Владимир и «Совет паспортым теухуа усэмкIэ» дощIэ. Япэ дыдэ Эсамбаевыр гъунапкъэм щикIам, щIалэр къыщыфэн хуей утыкум абдж щэща иракIутауэ къыщIэкIащ. Къэфэн иуха нэужь, и лъакъуитIым лъы къыфIэжырт. КъэпщытакIуэхэм а концертым инджылыз къэфакIуэр щытрагъэкIуэн хуейуэ унафэ къыхуащIат. АрщхьэкIэ Эсамбаевым и къэфэкIэр ялъагъуу, зы дыщэ медалрэ дыжьын медалитIрэ кърата нэужь, инджылызыр къыбгъэдыхьэри, сэлам кърихащ, «уэ нэхърэ нэхъыфI къытхэтакъым» псалъэхэри къыжриIэфащ. 
Апхуэдэ гукъэкIыжхэр къызэринэкIащ дяпэкIи и лъэужьым укIэлъыплъыну зыхуэфащэ Эсамбаев Мэхьмуд. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: