ЦIыхугъэ лъагэ хэлът

«ЦIыхум гъуэгу удытехьа нэужь, IуэхукIэ бгъэунэхун хуей хъуамэ, нэхъ къыбоцIыху, жаIэ игъащIэми. Абы шэч къыщIытепхьэни щыIэкъым, сыту жыпIэмэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми гъуэгу техьа дэтхэнэми игъэунэхуауэ щытщ. IутIыж Борис дэри гъуэгу дызэдытеуват - Мэзкуу дыздэкIуэрт. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари Iуэхугъуэ дахэт: адыгэ нарт лIыхъужьхэм я хъыбархэм къытетщIыкIа япэ мультфильмыр хьэзыр хъуауэ абы деплъыну «Союзмультфильм» киностудием дыкIуэрт, - дыкъыщоджэ IутIыжым теухуауэ тхакIуэ Жылэтэж Сэлэдин итхыжауэ щыта гукъэкIыжхэм. - Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым и псэукIам, и тхыдэм фIыуэ щыгъуазэ, IуэрыIуатэр зыщIэ щIэныгъэлI дыхуейщ научнэ консультант тхуэхъуну жаIэри киностудием и лэжьакIуэхэм къытхуагъэувати, IутIыжыр къащыхуэзгъэлъагъуэм занщIэу арэзы техъуахэт…

Киностудием дызэрыщIыхьэу Давыдов Роман - ди фильмым и режиссёрыр - нэжэгужэу къытпежьэри дригъэблэгъащ. Пэш цIыкIу гуэрым дыщIишэри, уэздыгъэр ягъэункIыфIащ. Экраныр занщIэу къэнэхури, «Нарт хъыбархэм» хэт лIыхъужьхэр абы къытридзэу щIидзащ: Сэтэней-гуащэ, Емынэжь, Лъэпщ, Сосрыкъуэ… ГъэщIэгъуэнт ахэр япэ дыдэ экраным щыплъагъуну - псалъэхэрт, гуфIэхэрт, къэгубжьхэрт. ИгъащIэм си хъуэпсапIэу щытар - нарт лIыхъужьхэм псэ яхэту слъагъуныр - си нэгу щIэкIырт. Борис дежкIэ зэзэмызэ сеплъэкIырти, ари дихьэхауэ еплъырт. СыщыгуфIыкIырт къыдэхъулIа насыпым…
Фильмыр иухыу пэш цIыкIум уэздыгъэр къыщыщIэнэжа щхьэкIэ, псори дыщымт, зыми зыри жиIэртэкъым. Адыгэ лъэпкъым нэхъыфI дыдэу илъагъу IуэрыIуатэм - «Нарт хъыбархэм» къытращIыкIа фильм щыIэщ, ар ди нэгу щIэкIащ, ар сыт и уасэ?! ЗэрызгъэщIэгъуэныр сщIэртэкъым - нахуапIэ хьэмэрэ пщIыхьэпIэ?
- Дауэ къыфщыхъуа-тIэ фильмыр? - къэпсэлъащ икIэм-икIэжым Давыдовыр.
- Сыпсэлъэжыфыркъым, апхуэдизкIэ гуапэ къысщыхъуащи, - пидзыжащ IутIыжым, - сыту телъыджащэ! Сыту лэжьыгъэшхуэ тхуэвлэжьа, Тхьэр арэзы къыфхухъу! Ди лъэпкъым хуэмыпшыныжын Iуэхутхьэбзэщ. Ди сабийхэр зыщIэтпIыкIын щапхъэ гъуэзэджэщ! Сигу иримыхьыну за кадр хэслъэгъуакъым! Апхуэдэ фильм куэдкIэ дяпэкIи дывгъэгушхуэну, узыншэу куэдрэ фылэжьэну сынывохъуэхъу, - фIыщIэшхуэ яхуищIащ Борис «Союзмультфильм»-м и лэжьакIуэхэм.
- Уэ-щэ? - зыкъысхуигъэзащ сэри Давыдов Роман.
- Сэ нэхъ пасэу Iыхьэ-Iыхьэурэ слъэгъуат, ауэ иджы псори зэгъусэу фильмыр си нэгу щIэкIащи, ситхьэкъуащ, - жысIащ сэри. - Абы уасэ иIэкъым! Сабийхэри балигъхэри щыгуфIыкIынущ. Лъэпкъым и цIыху дэтхэнэ зыми и псэм хуэдэу илъагъу «Нарт хъыбархэм» хэт лIыхъужьхэр псэууэ ди пащхьэ къиуващ…
- Апхуэдэу щытмэ, фынакIуэ-тIэ, - жиIэурэ режиссёрыр къэтэджащ. - Дэ хабзэ тхуэхъуащ - фильмыр хьэзыр хъуакъэ, рестораным дыщыхъуэхъуэн хуейщ.
Асыхьэту гупышхуэ дызэрыгъэхъуащ, дэ къытхыхьащ редактор нэхъыщхьэр, звукорежиссёрыр, композиторыр, нэгъуэщI режиссёри. «Кином я унэ» ресторанышхуэрат дызыщIэсыр. Борис дэрэ зэгъунэгъуу дыщысти, «Союзмультфильм»-м и лэжьакIуэхэм я нэIэ къыттетт…
Мэзкуудэсхэр зэресауэ - я деж укIуэми Налшык къеблагъэми бгъэхьэщIэу екIуэкIыну ди гугъа щхьэкIэ, апхуэдэутэкъым. Борис сэрэ дагъэхьэщIэрт, дыдрахьеймэ, дыгъущIэу, дыкърахьэхмэ, дыщIытэу, зэрыжаIэу…
Хэгъэрейхэм сызэрагъэхьэщIэм и щIыIужкIэ IутIыжым зэ зы шхыныгъуэ къысхуегъэкIуатэ, зэм нэгъуэщI IэфI гуэркIэ къысхуоупсэ. Сабийм хуэсакъ хуэдэу, и нэIэ къыстетащ. Зы IэфI гуэр къилъэгъуамэ, и жьэм хуихьынутэкъым, сэ къызимыту.
- Сэлэдин, мыбыхэм Iэнэ яхуэдмыгъэувыжмэ емыкIущ, адыгэ напэм къезэгъынкъым, - жиIащ абы щэху дыдэу.
- Сыарэзыщ, - жэуап естыжащ сэ.
- Мы Iэнэр Iухыжи, нэгъуэщI къэухуэ, - зыхуигъэзащ Iэнэзехьэм Борис.
IутIыжым и лъэIур Iэнэзехьэм игъэзэщIа щхьэкIэ, зы кIэпIейкIэ ирыдагъэтакъым. Псори режиссёрым зэфIигъэкIащ.
- Фэ фхуэдэу дэ хьэщIэ тхугъэхьэщIэнкъым, ауэ, итIани, дэ тхузэфIэкI тIэкIур дывгъащIэ, - къытригъэзэжурэ жиIэрт Давыдов Роман.
IутIыж Борис и тхыгъэхэр хэку лъагъуныгъэрэ лIыгъэ мыкIуэщIкIэ гъэнщIащ. Езым и псалъитIым язт хэкур, цIыхугъэр, напэр, лIыгъэр. Псалъэ къудейуэ жиIэ мыхъууи, и дуней тетыкIэм къигъэлъагъуэрт гъащIэм щигъэнэхъыщхьэ лъапIэныгъэу ахэр зэрыщытыр.
Мэзкуу дыкъикIыжа нэужь мультфильм зэмылIэужьыгъуэхэм я сценарийр сIихыурэ еджащ Борис. Абы сэ зыри къызжиIакъым, ауэ сэ гурыщхъуэ зэрыхуэсщIамкIэ, мультфильм зэрытрахын сценарий итхыну и мурадащ. «Уэ мыбы уеджащ, абы и щэхухэм нэхъ ущыгъуазэщ, мыр дауэ? Мор дауэ?» – жиIэурэ зэи, тIэуи зыкъысхуигъэзащ. Апхуэдэ гуэри тхакIуэ щыпкъэм и архивым къыхэбгъуэтэжынкIэ хъунущ». 
 

Зыгъэхьэзырар ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэщ.
Поделиться:

Читать также:

10.08.2026 - 13:00 «УЭРЩ СИ ДАМЭР»
10.08.2026 - 12:26 НОБЭ